Мэжэр
2018-05-31
Будапешт Европэм и къалэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ. Мэжэр и щыхьэрыр нэхъри узыIэпызышэ ещI лъэмыж хъарым. 1849 гъэм Дунай псым тралъхьа лъэмыжым Будэрэ Пештрэ зэпищIащ. ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и зэманым лъэмыжыр якъутауэ щытащ, ауэ иужькIэ нэхъ екIужу зэфIагъэувэжащ.