Театреплъхэр къыдехьэхыф
2018-05-29
- Мы тхыгъэр зытеухуа, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ- рал драмэ театрым и джэгуакIуэ ныбжьыщIэ Бейтыгъуэн Жамболэт и утыку итыкIэм удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. Псалъэ дахэ куэд хужыпIэфынущ и Iуэху зехьэкIэмкIэ цIыхубэм гунэс ящыхъуа щIалэщIэм.
- АрЛашынкъей дэт курыт школым иджыри щеджэу артист IэщIагъэм дихьэхат. Класс нэхъыжьхэм щIэсу ар школым щагъэув гъэлъэгъуэныгъэхэм хэту-рэ, щIыналъэ, хэгъэгупсо зэпеуэхэм увыпIэ зэхуэмыдэхэр къыщахьурэ утыку итыным гу хуищIат. ИужькIи ар IэщIагъэ ищIыну щыжиIэм, адэ-анэми къыпаубы-дакъым. А зэманым ар кIуэрт Налшык къалэ дэт, ГъуазджэхэмкIэ сабий шко-лым. Абы къыщыдэлэжьахэу, гукъинэж щыхъуа егъэджакIуэхэу щIалэщIэм къыхегъэщ Быдэ Ларисэ, КIэмыргуей Валентин, Бозий Аслъэн, Хьэмырзэ Ахьмэд сымэ. Абыхэм къыбгъэдалъхьа щIэныгъэр Кавказ Ищхъэрэм Гъуазджэхэм-кIэ и къэрал институтым щIэтIысхьа нэужьи дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуащ Жамболэт. Зэджэ предметхэм псом хуэмыдэу зэлIалIэр къыхиха IэщIагъэм ехьэлIахэрат. Псори зэрызыхилъхьэным, зэрыщIиджыкIыным яужь итт щIалэ- щIэр. ЕджапIэр къиухри мазэ зыбжанэ фIэкIа дэмыкIауэ, а зэманым театрым и унафэщIу щыта Шыбзыхъуэ Басир иригъэблагъэри, лэжьыгъэ къритауэ щы- тащ.
- Дэтхэнэ щIэдзапIэри гугъущ. ЩIалэщIэми ибзыщIыркъым зыпэрыува IэнатIэр нэхъапэIуэхэм къызэрегугъуэкIар, сыту жыпIэмэ институтым щагъэув спектаклхэмрэ цIыхубэ театрым къекIуэлIэнухэм я пащхьэ узэрихьэн хуеймрэ зэрызэхуэмыдэр езыми къыгурыIуэрт. Ауэ зыхыхьа гупми захигъэзагъэри, театреплъхэми ягу дыхьэн хузэфIэкIащ абы.
- Театрым зэрыщылэжьа илъэсийм къриубыдэу ар, дауи, куэдрэ утыку ихьащ, спектакль зыбжанэми роль зэхуэмыдэхэр щигъэзащIэуи хэтащ. Апхуэдэу ар щоджэгу Фырэ Руслан игъэува «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» спектаклым (Блаженный Василий и ролыр щегъэзащIэ), Теувэжыкъуэ Владимир игъэува «Трактир гуащэ» (Кавалер и унэIутым и ролыр щегъэзащIэ), Зыхьэ Заур игъэува «Псэлъыхъухэр» спектак-лым (Щыхьым), Дэбагъуэ Роман игъэува «Ахэр псори ди бынщ» жыхуиIэм (Крис Келлер), «Уахътыншэхэр» спектаклым (Владимир), Хьэмыкъуэ Олег игъэува «ШыкъумцIий» таурыхъым (ШыкъумцIий). Абыхэм къыщымынэу, нэгъуэщI зыбжанэми щоджэгу.
- ДжэгуакIуэ ныбжьыщIэр режиссёрхэ-ми тыншу ядолажьэ. Псоми я цIэ къримыIуэми, дэтхэнэми ущIытепсэлъыхьын-рэ хужыпIэнрэ зэрыкуэдыр, псом я дежи Iущыгъэ гуэр къызэрыщищIэр, гъуэгу пэж теувэн, илэжь Iуэхур нэхъ тынш щыхъун папщIэ кърат чэнджэщхэр куэду сэбэп къызэрыхуэхъур жеIэ.
- Бейтыгъуэным уэрэди жеIэ. Нэхъыбэу ар дэзыхьэхыр, игъэзащIэр адыгэ уэрэдыжьхэращ. «Абыхэм къапкърыкI хуабагъэр уасэ зимыIэщ! Ахэр ди нобэм къыхэпщэн, къыдэкIуэтей щIэблэр Iэмал зэриIэкIэ абы щIэпIыкIын хуейщ», — жеIэ абы.
- Жамболэт и хъуэпсапIэ нэхъ инхэм ящыщщ лъэпкъ щэнхабзэм нэхъри зэрызиужьын Iэмал игъуэтыну. Дэри ди гуапэщ а хъуэпсапIэр нэрылъагъу хъуну.
- КУРПЫГЪУ Синэ.