МэшбащIэ Исхьэкъ ягъэлъапIэ
2018-05-29
- Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат дыгъуасэ АР-м и Правительствэм и Унэм щригъэблэгъащ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт МэшбащIэ Исхьэкъ, тхакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, депутатхэр, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр.
- ЗэIущIэр теухуауэ щытащ МэшбащIэ Исхьэкъ къыщалъхуа махуэм — ар илъэс 88-рэ ирокъу. ЦIыху 50 щызэхуэса зэхыхьэ гуапэм КъумпIыл Мурат щехъуэхъуащ лъэпкъ псор зэрыгушхуэ тхакIуэшхуэм икIи и IэщIагъэмрэ зэчиймкIэ иджыри куэдрэ Адыгейм, къэрал псом зэрыхуэлэ-жьэн къарурэ гукъыдэжрэ иIэну зэригуапэр жиIащ.
- Тхьэмадэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ АР-м и Къэрал Советым — Хасэм и унафэщI Нарожный Владимир, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м Гуманитар къэ-хутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым и лэжьакIуэ БакIуу Хъанджэрий, лэжьыгъэм и ветеранхэу Дзы-бэ Ким,Дорофеев Александр, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и унафэщI Уэхъутэ Александр, Иорданием щыщ хьэрычэтыщIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Хъурмэ Хьэсэн, АР-м и Къэрал Советым — Хасэм и тхьэмадэу щыта Салов Евгений сымэ.
- МэшбащIэм фIыщIэ яхуищIащ куэд щIауэ къыдэгъуэгурыкIуэу, къыдэлажьэу и махуэшхуэр дэзыIэтыну къызэхуэсахэм.
- Республикэм ис хьэрычэтыщIэ-хэм къабгъэдэкI тыгъэм — Toyota Camry машинэм — и IункIыбзэIухыр МэшбащIэм иритыжащ КъумпIыл Мурат, апхуэдэуи хьэщIэхэри абы саугъэт лъапIэхэмкIэ хуэупсащ.
- НэщIэпыджэ Замирэ.