Хьэтхэр
2018-05-31
- Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ
- Роман
- Япэ Iыхьэ
- БжьыпэтещIэ.
- МывэтIалэ
- Хы Курытымрэ тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуаку дэлъ къэралыгъуэшхуэр хэзыгъэщIэн къару зэи зыми къигъэувыфатэкъым. Арат зауэр зэи щIэмыувыIэр, Хьэт щIыналъэм и пащтыхь уардэхэм зэпымычу я хэкур щIахъумэфыр. ЛъэныкъуиплIымкIи къаухъуреихьами, унэмыплъысу биидзэр бжыгъэншэми, Тхьэхэм къахъумэ хуэдэт лъэпкъыжьым и псэр — сыт хуэдэ зауэми текIуэныгъэр я Iэрылъхьэу, я пщIэм хэхъуарэ я щхьэр Iэтауэ къекIуэлIэжырт. Уеблэмэ, зэгуэр я бийуэ щытыгъахэр IупэфIэгъу къащIыжарэ, зэдамэгъу хъуауэ къызэдэгъуэгурыкIуэрт. Мыужьыхыжыххэр мысыр Фирхьэунхэрт. Хабзэ яхуэхъуа хуэдэт Фирхьэуным и тетыгъуэ чэзур къэса нэужь, Хьэт къэралыгъуэм къебгъэрыкIуэныр.
- Дыгъэпс щабэм пэлыд сэреижьхэмрэ къалэ дыхьэпIэ-хэр яхъумэ хуэдэ къагъэува мывэ аслъэн абрагъуэхэмрэ апхуэдэ куэд ялъэгъуат. ХьэкIэкхъуэкIэхэм я пащтыхь джэдуушхуэр цIыхум и IэрыщIу фIэщ щIыгъуейт: апхуэдизкIэ лъагэт, уафэ лъащIэм лъэIэсу къыпщыхъурти. НтIэ, зэман жыжьэм псэуа пащтыхь гуэрхэм тхьэхэм тыгъэу къратауэ пIэрэт ахэр?! Зыми ищIэжыркъым мывэ аслъэныжьхэр къалэм и плъыру щагъэува зэманыр.
- Хьэтуссэр — Хьэт къэралыгъуэм и къалащхьэр — апхуэдизкIэ зэщIэузэдат, мывэ блын лъагэкIэ къещIэкIати, уэгум къеплъых бзур мыхъумэ, хуит къащIу дамыгъэхьауэ, зы цIыхум и лъэ зэи нихьэсыфынутэкъым. Пщыкъуэхэмрэ пщыпхъухэмрэ есэжат мыдрейхэм «гъэрыпIэу» къалъытэ къалэм, сыту жыпIэмэ, щхьэхуимытхэмрэ пщылIхэмрэ елъытауэ, пащтыхь унагъуэм щалъхуахэм нэгъуэщIи яцIыхуххэртэкъым. Абыи уесэжу жаIэрт… Есэжати пащтыхьым и щтэращтэхэр!
- Къалэ кIуэцIыр, тхьэхэм я псэупIэм ещхьу, дахэу, тыншу жаIэрт. Бэзэрхэм шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэблахыу, бдзэжьейр уэру, Iэщыр пшэру, гъавэр бэву, щIакхъуэр мэ гуакIуэу, щэкIхэр щхъуэкIэплъыкIэу, санэплъыр псыежэхыу…
- ЗекIуэ къэс Хьэт къэралыгъуэм кърашалIэрт щхьэхуимыт мин бжыгъэхэр. Ауэ абыхэм лей къатехьэртэкъым, атIэ пащтыхьым и IэмыщIэ илъ щIы пшэр гъунэншэхэм телэжьыхьын къалэныр яхьырт. Улажьэмэ — ушхэнущ. Абы и закъуэкъым, зиусхьэнхэм уахуэпэж-мэ, уи къару ущымысхьмэ, умыдыгъуэмэ, лей зумыхьэмэ зыпIэтынущ, хэт ищIэрэ — зэгуэр щхьэхуит уащIыжынри хэлъщ.
- Хамэ щIыпIэ къикIахэм я адэжь щIыналъэхэр ягу къеуэу зыми зыкърагъащIэртэкъым. Дауи, Хьэтейм щхьэпылъапIи укIыпIи щыIэтэкъым. ТезыркIэ зэфIэкIырт къуаншэм и Iуэхур: къуэдышхуэ ирагъэтырт е лэжьыгъэ хьэлъэ гуэр хуагъэфащэрт. КъищынэмыщIауэ, тхьэунэм уи щхьэ епхьэлIамэ, сыт хуэдэ къуаншагъэ умыщIами, уеблэмэ цIыху пIэщIэукIами, лъыщIэжым ущахъумэнут. Арат хабзэр. А хабзэм и телъхьэу и нэIэ тетт пащтыхь ткIий, захуэ, акъылыфIэ, МывэтIалэ ЕтIуанэм.
- А лIы телъыджэр и адэжь нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм яхуэфэщэн пащтыхьу къыщIэкIауэ, къэралыгъуэр бэIутIэIуншэу зэрихьэрт. ГъащIэм нэгъуэщI лъагапIэхэри къыхуигъэтIыгъуэрт абы, ауэ тхьэхэм хухаша лъагъуэм сыткIэ и нэр нэплъысынт хэгупсысыхьауэ щхьэгъубжэм дэплъу, жыжьэ гуэрым щыхэт пщышхуэм?!
- ЖаIэрт, МывэтIалэ и щIалэгъуэм абы хуэдэ цIыху дахэ Хьэт къэралыгъуэм имысауэ. Абы шхын хущIэзыхьэным, и пIэр Iузыхыным, шэху уэздыгъэхэр зэзыхъуэкIыным щхьэкIэ зэныкъуэкъурт хьэрэмым щIэс хъыджэбзхэр. Дэтхэнэри хъуапсэрт пщым и къуэм зэ закъуэ хукъуэплъыну, адрей пщащэхэм IурымэхыкIыу яIуэтэж дахагъэр зрагъэлъагъуну. Языхэзым гу лъитэрэ жэщгъуэлъу къриджакъэ — абы нэхъыфI тхьэхэм къыхуамыщIауэ къыщыхъурт. Хьэт теплъэ иIэтэкъым МывэтIалэ, абы и нэгур, Iэпкълъэпкъ зэхэлъыкIэр нэгъуэщIт. Къашкъэ лъэпкъыжьым ящыщт МывэтIалэ и анэри, арагъэнт зэщхь хъужар. ЩIалэр лъагэт, къудант, и набдзэр щхьэцыгъуэ Iув къещэтэхым щыщIиуфэкIэ, ижьымкIэ ирилъэщIэкIыу. Пщыкъуэ пагэм и нэкIу дахэм зэ иплъа, тенджыз щIэншэм хуэдэ и нэ нащхъуитIым зэ щIэплъа хъыджэбзхэм я гур бгъэм имызэгъэжу къеуэрт, уэгум бзууэ илъэтэжыным хуэдэу.
- Ди лъэхъэнэм ипэкIэ
- 1285 гъэ
- Иджыпстуи МывэтIалэ зэрызихъуэжа щIагъуэ щыIэтэкъым, цIыху дахэт, зи аслъэныгъуэ лIы ткIийм гъэхэм зэлъа мащIэ къыхуздахьат жумыIэмэ.
- — Си пащтыхьышхуэ! Си дыгъэ нэху! — гупсысэ куум къыхишыжу Iущащэурэ пщым и щIыбымкIэ зыкъыщришэкIащ, лIым и мэ гуакIуэр зигу къэкIауэ, зи бгъэм щызу хьэуар жьэдэзышэурэ къепэм гуащэм.
- IэфIу зыкъезышэкIа гуащэм и Iэм теIэбэри, МывэтIалэ и нэхэр упIэрэпIащ, гупсысэм къыхэкIыжри, нахуапIэм къигъэзэжу.
- — Гуащэлей… Си гум укъэкIат, — пыгуфIыкIащ пщыр.
- — АтIэ, щхьэ укъызэмыджарэ дыгъуэпшыхь? Сэ сыножьэу сыщысащ.
- — Iуэху куэд сиIэт, гуащэ. Сыт къыщыхъур хьэрэмым? — пащтыхьым зыкъигъазэри, гуащэм и нэкIум щабэу едэхэщIащ.
- — УщIэгузэвэн щыIэкъым, хъарзынэщ псори. Сыт апхуэдизу узыгъэгуауэщхьэуэр, зиусхьэн? Уэ зыгуэр уигу къоуэ… — пащтыхьым и нэм щтэIэщтаб-лэу щIоплъэ Гуащэлей.
- МывэтIалэ щыму къыхуеплъэкIащ и щхьэгъусэм.
- Илъэс плIыщIым и ныбжьыр нэблэгъами, Гуащэлей гуащэу щыIэм зэралейт. ЦIыхубзым и дамэхэм, толъкъун щабэм хуэдэу, тепхъа щхьэц фIыцIэ Iувым едэхэщIащ пащтыхьыр. Бостей гъуатIэм гуащэ къамылыфэр нэхъ гуакIуэж щIэхъукIырт. Лъхугъэм дэмыкIуэда ибг псыгъуэм ешэкIа бгырыпхым бгъэ лъагэхэр игъэIупщIт. Домбеякъым къыхэщIыкIа пщэрыдзэм гуащэм и пщэ кIыхь дахэр игъэбелджылыуэ уригъэхъуапсэрт, укъигъэбырсейуэ узыIэпишэрт. Пащтыхьым и пащхьэ къит бзылъхугъэр япэ дыдэ илъагъум хуэдэу, набдзэгубдзаплъэу зэпиплъыхьщ, пыгуфIыкIри, зэщIикъузащ, и IэплIэм иригъэкIуадэу. Зригъэзыхщ, гуащэм и дамэм Iупэр хуихь- ри:
- — Абыхэм уегупсысурэ, гугъу зумыгъэхь, гуащэ, — жиIащ.
- — МывэтIалэ! Уэрэ сэрэ нобэкъым дыщызэрыцIыхур, ди бынхэр балигъ хъужащ, гуфIэгъуи нэщхъеягъуи дизщ… Сэ сощIэ, уэ зыгуэр къыщоныкъуэкъум, гупсысэ дыджхэм уи гур щахузым деж, мис мыпхуэдэу ухоплъэ. Iуэхур хэплъэгъуэмэ, ар псоми къытлъэIэсынущ, — гуащэм и нэгур къызэIуоуэри, щхьэгъусэм жиIэнум поплъэ.
- МывэтIалэ и щхьэр зэи ирихьэхыртэкъым, и напIи иридзыхыртэкъым, гуащэм иджы япэ дыдэ илъэгъуат щхьэгъусэм и щхьэр къыфIэхуауэ. ЦIыхубзым зыхищIэрт шынагъуэ гуэр къызэрыхъуар.
- Пащтыхьыр тахътэм щещэтэхати, щымт.
- — Тхьэхэр узогъэлъэIу, МывэтIалэ, къэхъуар къызжеIэ! — къогузэвапэ гуащэр.
- — Мысыр фирхьэуныр къыдэзэуэну зигъэхьэзыру, зэи цIыхум ямылъэгъуа дзэшхуэ зэхуишэсауэ хъыбар щыIэщ… Аращ дыгъуасэ си тIасхъэщIэххэм къысхуахьар, — мэщатэ пщыр.
- Гуащэр пащтыхьыр зэрыс тахътэм потIысхьэри, щхьэгъусэм и лъакъуэм зрешэкI.
- — Зиусхьэн, дэ ди щыпэкъым зауэр, ди япэ итахэри езэуащ Мысырым, ауэ, плъагъуркъэ, дыкъызэтенащ! Дызэрыкъэралыгъуэщ! Илъэс мин хъуауэ гъунэгъуу къыдэкIуэлIэфыркъым, сыт ямыщIэми. ИтIанэ…
- — ИтIанэ, зауэм нэхърэ нэхъ Iеижу сызыгъэгузавэ Iуэхугъуэ щыIэщ, гуащэ, — пщым зэпеуд бзылъхугъэм и псалъэр. — УощIэ ар, жызмыIэми…
- — СощIэ! — и щхьэр ирихьэхащ Гуащэлей.
- — Сэ зауэм зыгуэр къыщысщыщIмэ, хэт си пащтыхьыгъуэр къызыхуэнэнур?! Таж зэрихьэну хуитыныгъэ зыбгъэдэмылъ си къуэшыра, хьэмэрэ пщIэи-щхьэи зимыIэ, си щтэращтэм нэчыхьыншэу къысхуилъхуа си къуэ закъуэра? Фирхьэуныр шынагъуэтэкъым, нэгъуэщIщ си гур зыкъузыр — си лъэужьыр къэралыгъуэм зэрыхуэхъу-нурщ, — и щхьэр IитIкIэ фIиубыдыкIри, ину щэтащ пащты- хьыр.
- — Сыт пщIэн, тхьэхэм къуэ къыдапэсакъым. Хъыджэбзищ къыпхуэслъхуфауэ аращи, хабзэжьым тету, уи малъхъэ нэхъыжьым къыхуэнэн хуейуэ аращ пащтыхьыгъуэр. Ауэ…
- — Мис аращ, ауэ! Аращ псэхупIэ къызэзымытыр. Апхуэдэр къэхъумэ, си къуэ закъуэм зы-къимыIэтыну ущыхьэт? Хьэмэрэ, си къуэшым и щхьэм илъ псори сэ сщIэрэ? Абы игу къэкIынум сыщыгъуазэкъым. Сыхуейкъым си деж зэгурымыIуэ къыщыхъеину, алъандэрэ тхъума ди къэралыгъуэр щэщэжыну, ди хабзэжьхэр къызэпаудыну, — зызэтриIыгъэ-ну хэтми, бампIэм къызэгуиуду псалъэрт пащтыхьыр.
- — ЛъэпкъылIхэр зэхуэпшэсынущ-тIэ иджы?! Зыхуэгъэхьэзырын хуейщ, хьэщIэ куэд диIэнущ. Абы иужь сиувэнщ икIэщIыпIэкIэ… Дауэ уеплърэ, зиусхьэн, сыт абыхэм жаIэнур? — гуащэм и набдзэ фIыцIэ къурашэр гузавэу зэхеуфэ.
- — Фирхьэуныр къызыкIэлъыкIуэр финикийхэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ щIыналъэращ. «Къэдз-нэдз» дыджэгу нэхъей, а щIыпIэр зым иубыдмэ, адрейм къытрихыжу дыкъогъуэгурыкIуэ. Рамзес и адэм и тетыгъуэм къэтхьэхужат Къэдешыр, иджы Рамзес къыкIэлъыкIуэну зегъэхьэзыр. Ар къехъулIэмэ, гъуэгур зэIухащи, Хьэт къэралыгъуэр иубыдынурэ, тенджыз ФIыцIэм нэс зыщиукъуэдиинущ. Дэр нэмыщI, мыбы щопсэу дэрдэнейхэри, къашкъэхэри, къаркъэмышхэри, амырейхэ-ри, нэгъуэщI Iэджи. Дауи, ахэр хуейкъым Рамзес ЕтIуанэм и унафэ щIэувэну… КъищынэмыщIауэ, а бэджейр къыттекIуауэ, дауэ ди адэжьхэм я пащхьэ дихьэжын?! Илъэс пщыкIубл къудей хъууэ аращ ар, си бын хуэдэщ, — и щхьэ щыдыхьэшхыжу, пыгуфIыкIащ пащтыхьыр.
- — АтIэ, къызэрызгурыIуэмкIэ, къыпкъуэувэнущ ди гъунэгъу лъэпкъхэр?! — мэгуфIэ гуащэр.
- — НэгъуэщIу дыпэлъэщынукъым, фирхьэуным и дзэр зауэлI мин тIощIым щIегъу.
- — Уэ аракъым узыгъэнэщхъейр…
- — Псори уощIэ уэ, гуащэ! Абы и закъуэкъым, пэжщ! — пщым и нэр аргуэру хэплъызыхьащ.
- Хьэтусилэ
- Тетыгъуэр МывэтIалэ къыщылъысам, Хьэтусилэ, пащтыхьым и къуэш нэхъыщIэр, Хьэт къэралыгъуэм ищхъэрэмкIэ, ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ щиIэ щIыналъэхэм я унафэщIу игъэуват. Абы быдэу и фIэщ хъурт зэрысымаджэрилэм щхьэкIэ адэм Iумпэм ищIа и къуэш закъуэм зэгуэр лъэпкъылI лъэрызехьэ къыхэкIыу сэбэп къызэрыхуэхъужынур, цIыху пэжу къызэрыщIэкIыжынур. Пщыжьыр и къуэ нэхъыщIэм апхуэдизкIэ теукIытыхьырти, пэIэщIэ зыхуищIмэ нэхъ къищтэу, Сэмыхь къалэм дэт тхьэунэм вакъуэу яритат. Пщыкъуэм лэжьыгъэм зэпыIуидзыртэкъым, уеблэмэ шыхъуэу щыщытаи къыхуихуат. Хьэтусилэ пщы лъэпкъым зэрыщыщыр щызыхищIар, лъагъуныгъэр, гуапагъэр, дахагъэр, тыншыгъуэр зищIысыр къыщищIар иужькIэщ, и къуэшым щIыналъэ щхьэхуэ кърита нэужьщ.
- Хьэтусилэ къыгурыIуэртэкъым и адэм Iумпэм щIищIар, и къуэш нэхъыжьыр дуней фIыгъуэм щыхапIыкIым, езым шывей Iуихыу щIыпIэ жыжьэ щIыщагъэпщылIар. НэгъуэщI зыгуэру япIатэмэ, и унагъуэм исыжу къэхъуатэмэ, апхуэдэ къэхъуну къыщIэкIынтэкъым, ауэ Хьэтусилэ лъэ быдэкIэ зэрыуву и гущIэм бзаджагъэ къыщыушауэ, и къуэшым пащтыхьыгъуэр къытрихыфатэмэ, МывэтIалэ нэхърэ нэхъыфIу къэралыр зэрихьэфыну ягъэхъыбарырт. Блынхэри мэдаIуэ, мывэхэри мэпсалъэ — пщышхуэм деж нахьэсыжат гущIэгъу зыхуищIа и къуэшым бдзаджагъэу къылъыкъуэкIауэ жыхуаIэр. МывэтIалэ ахэр абыкIэ хуит имыщIами, лъэпкъылIхэм Хьэтусилэ утыку ирашат, и унафэ ящIыну, ауэ лажьэ иIэуи, лей зэрихьауи, зыгуэрхэм ягухьауи къыщIагъэщыфакъым.
- МывэтIалэ зыгъэгузавэри арат: и къуэшыр пэж дыдэу къепцIыжарэ къыщIамыгъэ-щыфамэ, ар цIыху шынагъуэщ, бзаджэщи, ищIэну псори къыпхуэщIэнукъым; е пцIы тралъхьарэ зэкъуэшитIыр зэрауштыжу армэ, бий дыдэр хэтми къэщIэн хуейщ, щIэщхъу гуэр къэмыхъу щIыкIэ.
- Лъыр, благъагъэр япэ изыгъэщ, армырми зи Iуэху зэхэзэрыхьа пащтыхьым зауэ гуэрыр къыхухыхьэжауэ кIуэцIкIэ къишхыу арат. Абы хуэдэ дыдэу хьэзэрышх къыщыхъурт Хьэтусилэ игуми. Гупсысэ мыфэмыцхэр къыщытещхьэрыуэкIэ, ар щакIуэ кIуэрт зытригъэуну, и бампIэр игъэтIысыну.
- Мис ноби, пабжьэм хэсщ Хьэтусилэ, щыхь йощакIуэри. Зигъэхъейркъым, бауэуи къапщIэркъым, йожьэ щыхьыр езыр-езыру гъунэгъу къыхуэхъуным. Абы и нэ къарэ пIащэр хьэкIэкхъуэкIэм тедияуэ щысщ, и лъакъуитIыр ундэрэбжьами, пщIэншэ хъунукъыми, зыхуегъэшэч. Пщэдыкъым дэлъ и щхьэц фIыцIэ Iувым нэхъри къигъэпщIэнтIащи, пщIэнтIэпс шыугъэм ес, ауэ, поплъэ. Зиудыгъуауэ, зиущэхуауэ. Щыхьри хъуакIуэурэ къоблагъэ, щтэIэщтаблэу зэщIэдэIукIыу, зиплъыхьу. Хьэтусилэ и шабзэр щишэщIым шы лъэмакъ къэблагъэу и тхьэкIумэм къицырхъащ. Щыхьым псынщIэу и щхьэр къиIэтри, асыхьэту зэрызричыным хуэдэу зэщIэувыIыкIащ. Хьэтусилэ и шабзэр иджыпсту имыутIыпщмэ, щыхьыр IэщIэкIынут. Шабзэр мэлъатэри, япэ лъэ Iэтыгъуэм хэту зизыча щыхьым и пщэм тохуэ…
- — Зиусхьэн! Зиусхьэн! — къаджэурэ къожэ шууейр. — Зиусхьэн!
- Хьэтусилэ пабжьэм къыхокIри, пщIэнтIэпсыр хъыдан щабэкIэ илъэщIурэ абы пожьэ. Шууейми абы гу къылъитауэ, шыр къыжьэдекъуэ, къопсыхри, лъэсу къыхуожэ.
- — Зиусхьэн! Къалащхьэм хъыбар къикIащ, — къосри, пщыкъуэм щхьэщэ къыхуещI.
- — Сыт жиIэр си къуэш пащтыхьым? — и лъакъуэ ундэрэбжьахэр ишэщIурэ щIоупщIэ.
- — Уреджэ. Пщызэхуэс зэхешэ. «Нэхъ псынщIэIуэу укъызэрысын», — жи.
- Хьэт къэралыгъуэм хиубыдэ щIыналъэхэм япщхэр щызэхашэ махуэм и пэ къихуэу нэсащ Хьэтусилэ. Абы шууей гуп къыпежьэри, пщIэ къыхуащIу, къалащхьэм нашэсащ. Хьэтусилэ и гъусэхэмрэ унагъуэмрэ я пIэ ирагъэзэгъэху, езым и къуэшым деж иунэтIащ, фIэхъус ирихыну.
- Хьэтусилэ зрикIуэ пырхъуэхэр хъарпшэрут зэрищIэжыр, мы сэрейр абы иужь дыдэ щилъэгъуам илъэситху ирикъуа-иримыкъуами арат. Абы ищIэжыртэкъым анэ хуабагъи, адэ гуапагъи, къыдалъхуахэм я теплъи, мы сэреижьым щызэхихаи, езым къыщипсэлъаи. Пэжщ, щIэх-щIэхыурэ и пщIыхьхэм къахэхуэрт нэщIащэ фIыцIэ хъужауэ и анэ хьэдэ дияр. Къыхуэмыгъэушу ар зэридзэу зыщхьэщытар. ЕщIэж тажнанэм игу зэгъауэ зэрыгуфIар, и щхьэгъусэ IэфIыр зыIэщIэкIа и адэм гуIэ нэпсу щIигъэкIар. А псори сабийм хузэхуэгъэхъуатэкъым, къэхъуари къыгурыIуэщатэкъым.
- Балигъ хъуа нэужьщ псори къыщыщIыхьэжар. Сабиипсэм дыркъуэ езыдза нэщIэбжьэр къыщыхъуа унэм иджы къекIуэлIэжащи, гущIэм щигъэпщкIуну зэлIэлIа дуней къутэжыр къыфIыдревейри, нэпсыр къыфIытохьэ.
- — Зиусхьэным сыхуэзэну сыхуейт, — пащтыхьым и бжэIутхэм деж къыщызэтеувыIащ Хьэтусилэ.
- — ЩIыхьэ, зиусхьэн, пащтыхьыр къожьэ, — щхьэщэ ящIри, благъэкI.
- Лъапэм къытеуэ джанэ хужь кIыхьыр бгырыпх бгъуфIэшхуэкIэ пащтыхьым и бгым щызэхуэлъэфэсат. Домбеякъ Iэпщэхъухэмрэ къулейуэ гъэщIэрэщIа пщэрыдзэ IувымкIэ нэщэнэу хэIэтыкIат абы и пщIэ лъагэр. Адрейхэр хуиттэкъым, пащтыхь унагъуэм щыщми, пщэрыдзэ зралъхьэну. ЗэкъуэшитIыр яужь дыдэ щызэрылъэгъуам фIыуэ нэхъ щIалэт, уеблэмэ Хьэтусилэ фызкъэмышэт. Иджы тIури адэщ, я къару илъыгъуэщ, Хьэтусилэ и дыгъужьыгъуэщ.
- Хьэтусилэ пщышхуэм деж щIохьэри, щхьэщэ ищIурэ:
- — Сыту насыпышхуэ, зиусхьэн, уи пащхьэ сыкъихьэныр! — жеIэри, и напIэр едзыхауэ, и IитIыр и ныбэм деж щызэтедзауэ къоув.
- — Хьэтусилэ! Си къуэш закъуэ… Еблэгъэж! — пащтыхьыр къыпожьэ лIы зэпIэзэрыт, зауэлI хахуэ теплъэ хъуа и къуэшым, гуапэуи IэплIэ къыхуещI.
- — Зиусхьэн! — Хьэтусилэ и фIэщ мыхъуж хуэдэ, быдэу IэплIэ хуещI къуэш нэхъыжьым.
- — Дауэрэ фыкъэса, гъуэгур къыфтехьэлъакъэ? — етIысэх жыхуиIэу, щIым щылъ щхьэнтэ щабэшхуэхэмкIэ и Iэр еший пащтыхьым.
- — Умыгузавэ, зиусхьэн, гукъеуэншэу дыкъэсащ. Пэжу, си щхьэгъусэр уэндэгъути, мащIэу дигъэгузэващ, — зэрихабзэу щэхуу, зэпIэзэрыту псалъэрт Хьэтусилэ.
- — Сыту хъыбарыфI ар, си къуэш! ЦIыкIу дапщэ фиIэр? — и гум къыбгъэдэкIыу мэгуфIэ пащтыхьыр.
- — ПхъуитIрэ зы щIалэрэ ди-Iэщ, зиусхьэн! — погуфIыкI щIалэ къамылыфэ лъагъугъуафIэр.
- — Хъарзынэщ! Тхьэхэм фIыуэ укъалъагъури, убыныфIэщ.
- — Зиусхьэн… ИпэIуэкIэ къекIуэкIа псалъэмакъхэм теухуауэ… Сэ сынопцIыжауэ, уи щIыбагъым джатэ къихакIэ сыкъыдэувауэ уи деж къагъэсащи… — зэуэ Iэнкун къэхъуащ Хьэтусилэ.
- — Ар блэкIа Iуэхущ. И гугъу думыгъэщI, — трилъэщIэну хэтщ МывэтIалэ.
- — Хьэуэ, кхъыIэ, хуит сыщIи сыгъэпсалъэ, зиусхьэн! А Iуэхур къыщыхъеям сэ уи пащхьэ сыщагъэпсэлъакъым, си гум илъыр сагъэIуэтакъым. Сыхуейт пщIэну — сэ зэи сынопцIыжакъым, апхуэдэ гукъэкIи сиIакъым. Дауэ ар?! Зы адэ-анэ дыкъалъхуащ дэ! Зэкъуэш зэрыукI щыIэкъым ди къэралыгъуэм, ар хабзэм къизагъэркъым. Сэ псомкIи сыарэзыщ, фIыщIи пхузощI, — Хьэтусилэ и нэ пIащитIыр къиIэтри, пщым къеп- лъащ.
- — Ар жумыIэххэ!
- — Зиусхьэн! Сэ уэр папщIэ си щхьэ сыщысхьынукъым. Аращ пщIэну сызыхуейр. Адрей псори зэхэзыгъэзэрыхьахэм я хьэдрыхэ хьэлъэщ.
- Хьэтусилэ и гум къызэрипсэлъыкIыр МывэтIалэ и фIэщ ищIыну хуейт, ауэ (зыгуэр здыжаIэм зыгуэр щыщыIэщ) и къуэш щабэрыкIуэм къылъыкъуэкIыну псом щыгъуазэтэкъым: зэдапIатэкъым, къызэдэхъуатэкъым, зэрыцIыхуртэкъым ахэр.
- — Ар хъунщ. ЖыIэт, Хьэтусилэ, сытхэр щыхъыбар уи щIыналъэм? — псалъэмакъыр нэгъуэщI щIыпIэкIэ ишэмэ фIэфIу, щIоупщIэ пащтыхьыр.
- — Зиусхьэн, зэрыпщIэщи, къашкъэхэм яубыдауэ щыта Нарыкъ къалэр хуит къэсщIыжри, уи къэралыгъуэм къыгуэзгъэхьэжащ.
- — Къыгуэбгъэхьэжри, нэчыхькIэ бгъэбыдэжащ, — погуфIыкI пащтыхьри, Хьэтусилэ и дамэм и Iэр трелъхьэ, зэрыхуигъэдахэм и нэщэнэу.
- — Пэжщ, зиусхьэн. Къашкъэ пщыпхъур щхьэгъусэу къэс-шащ. Ди анэ тхьэмыщкIэм и лъэпкъэгъущ, — и щхьэр ещIри, и напIэр ирехьэх. — НэгъуэщIу хъунутэкъым, зиусхьэн. ЗэрытщIэщи, мызэ-мытIэу зэгурымыIуэ куэд ди зэхуаку дэлъащ къашкъэхэмрэ хьэтхэмрэ. Ахэр тенджыз ФIыцIэ Iуфэм Iусщ, дэ тенджызым гъуэгу худимыIэмэ, ди ищхъэрэ гъунапкъэхэр гъэбыда хъунукъым.
- — Пэжщ, Хьэтусилэ. Мис аращ укъыщIезджари. Сэ сыхуэныкъуэщ уи дзэмрэ уи акъылымрэ, — и нэщхъыр зэхэуащ пащтыхьым.
- — ЖыIэ закъуэ, зиусхьэн!
- — Пщэдей. Хасэр пщэдей зэхыдошэри, абы псори къы-щыпщIэнщ. КIуэ иджыпсту зыгъэпсэху, уэ гъуэгуанэшхуэ къызэпыпчащ, — жиIащ МывэтIалэ.
- — Зиусхьэн! — щIыбкIэ икIуэтурэ Хьэтусилэ пэшым щIокIыж.
- И къуэш нэхъыщIэр илъагъури, МывэтIалэ къыфIыдривеижащ зыщимыгъэгъупщэф сабиигъуэр. Ар быным я нэхъыжьт, нэхъ къыгурыIуэрти, фIыуэ ещIэж я анэ тхьэмыщкIэм кIуэдыжыпIэ хуэхъуауэ щытар.
- Мырсилэ ЕтIуанэм — МывэтIалэрэ Хьэтусилэрэ я адэм — и тетыгъуэм къэхъуа Iуэхугъуэщ ар. Мырсилэ и анэ Никалрэ и щхьэгъусэ Сулейрэ яхуэмыгуэшари ямыщIэу, зэмызэгъ хъуат. Тажнанэр хьэрэмым щриунафэщIкIэ, зэфIэкI щиIэкIэ, и къарур игъэлъэгъуэну фIэфIт, Сулеи пащтыхьым къуитI къыщыхуилъхуакIэ, и щхьэгъусэм фIыуэ къыщилъагъукIэ, нэчыхь къабзэ щиIэкIэ, жьэи иIэу къыщыхъужырт. ЦIыхубзитIыр апхуэдизкIэ зэпэщIэувати, зыр адрейм IэзэгъуазэкIэ игъэкIуэдыну яужь ихьат. Пащтыхьыжьым сыт жимыIами, и тажнанэмрэ и щхьэгъусэмрэ дауэ емыпсэлъами, яхэзагъэртэкъым, тезыр ятрилъхьэнуи и гум идэртэ-къым — и анэм пщIэшхуэ хуищIырт, и фызыр фIыщэу илъагъурт. Пщэдджыжь гуэрым гуащэм и пэшым зэпымычу сабий гъы макъ къыщIэIукIырт. Нэхумыщым къэхъуар къагурымыIуэу зэхуэса кIэзехьэхэмрэ унэIутхэмрэ къагъуэтыжащ Хьэтусилэ гъуэгыу, Сулей и хьэдэм щхьэщысу.
- Сабий щтам сыткIэ ищIэнт диижа и анэр къыщIэмыушыр! Мырсилэ занщIэу къыгурыIуат фIыщэу илъагъу и щхьэгъусэ тхьэIухудыр тажнанэм зэрыIэщIэкIуэдар, щхъухь ирагъэшхыу зэрагъэлIар. И анэми щысхьакъым пащтыхьыр — жэуапым ирашэлIащ, икIи и къуаншагъэр щимыбзыщIым, тажнанэр хэкум ирашри, тенджыз лъэныкъуэмкIэ яшащ.
- Мырсилэ зэи кIэлъыгъуэзакъым и анэм, и хъыбари пэплъакъым, псэуми лIами щIэупщIакъым. Зыми ищIэртэкъым пащтыхьым и гум щыгъур. Дауэрэ мыхъуами, зэрысымаджэрилэм къыхэкIыу, сытым дежи и анэм кIэщIэсу щыта и къуэрэ пэт, ари игу темыхуэжу, вакъуэу тхьэунэм иритауэ щытащ. Ар къуэ нэхъыщIэт…
- ЦIыхур дэнэ щамыпIами — лъыр лъыщ, Хьэтусилэ жыIэдаIуэу, зэпIэзэрыту, гъэсэныгъэ дахэ хэлъу, щэныфIэу, цIыху Iущу къэтэджырт. Сыт хуэдэ лэжьыгъэ хьэлъэ къалэн къыщамыщIми, езым игу къыдэмыжми, мыарэзыуэ зэи зигъэлъагъуэртэкъым. Абы щхьэкIэ тхьэунэм и лэжьакIуэхэм фIыуэ къалъагъуу щыпсэуащ. Шыхъуэу къежьа пщыкъуэ ятам апхуэдэ щIыхьрэ пщIэрэ игъуэтыжыну хэт и гугъэнт?! Хэт и гущхьэ къэкIынт сымаджэрилэу щыта сабий къарууншэм зэгуэр апхуэдэу лIы Iэчлъэч, лъэрызехьэ къыхэкIыну?!
- ЗэкъуэшитIыр теплъэкIэ зэщхьтэкъыми, зэблагъэу пхужыIэнутэкъым, я хъыбар умыщIэмэ. И къуэш пащтыхьым нэхърэ мащIэу нэхъ щхьэпэлъагэт, Хьэтусилэ нэхъ Iэчлъэчт. Ар щхьэц фIыцIэт, Iупэ пIащэт, къамылыфэт. ЖиIэм нэхърэ и гум илъыр куэдкIэ зэрынэхъыбэм и нэщэнэу, Хьэтусилэ и нэ пIащитIым гукъеуэ щIэзт, нэщхъеирилэт, щымт. МывэтIалэ къашкъэхэм нэхъ ещхьу нэхутхьэхут, и нэгури нэхъ щабэу зэхэлът. Абыхэм я гъащIэри, ягу щыщIэри, я щхьэ илъри, гъащIэм яхуигъэтIылъари зэщхьтэкъым, зэхуэдэтэкъым…
- Хьэтусилэрэ абы и щхьэгъусэ Дэдейрэ хуагъэхьэзыра лэгъунэр нэхут, хуитт. Къалэм гъащIэр къызэрыщикъуэлъыкIыр къапщIэу, псалъэмакъ инхэр щIыбымкIэ къыщыIурт. КъыздикIа къалэм — Хьэкъмыс — хуэдэтэкъым Хьэтуссэр. Хьэуа дыдэри нэгъуэщIу къыпщыхъурт. Дауи, тенджыз лъэныкъуэмкIэ къикI хьэуа щIыIэтыIэр зыхуэбгъэдэн щыIэтэкъым, ар нэхъ къабзэт, нэхъ псынщIэт. Хьэтуссэм дыгъэм укъыщису, хьэуар уи гум тегъуалъхьэрэ, уитхьэлэу апхуэдэт. ЖыпIэнура-къэ, уемысамэ зэгуэудыгъуэт, Хьэкъмыс елъытауэ, къум пэлъытэт ар.
- Япэ дыдэу Хьэтуссэр зылъэгъуа Дэдей хуабэр и псэм техьэлъэрти, унэIут хъыджэбзхэм жьы щIрагъэхуу щхьэщытт. Къашкъэпщым ипхъу тхьэIухудыр быныфIэу, къилъхухэри сабий узыншэу, дахэу, езыри щуIэгъэфIу къыщIэкIати, Хьэтусилэ игурэ и псэкIэ фIыщэу илъэгъуат и фызыр. АпхуэдизкIэ арэзыт ар и щхьэгъусэмкIэ, пщIэ хуищIырти, хьэрэмым щыщу зы щтэращтэ зэи къигъакIуэртэкъым и лэгъунэм… Фыз зыбжанэ иIэну хуитми!
- Дэдей цIыхубз нащхъуэт, щхьэпэлъагэу, Iэпкълъэпкъ лантIэу, Iэпсыгъуэ-лъэпсыгъуэу, лъэпкъышхуэ къызэрыхэкIар и напщIэм телъу пагафэт. Дуней пщтырым щхьэуназэ ищIам хуэдэу щыст ар игъэщIеикIауэ, кърагъэтIылъэкIа щхьэнтэ щабэхэм хэщэтауэ. ЦIыхубз уэндэгъум и натIэм къекIуа пщIэнтIэпсыр хъыдан псыIэкIэ илъэщIу зы хъыджэбзыр бгъэдэсу, адрейм псы къыхуригъахъуэ пэт щIыхьэжащ Хьэтусилэ. УнэIутхэр асыхьэту къыщылъэтри, я щхьэр ехьэхауэ уващ.
- — ФыкIуэ! — и щхьэр бжэмкIэ ищIащ Хьэтусилэ.
- УнэIутхэр зэрыщIэхыу, зэщхьэгъуситIыр къыщызэхуэнэм, зыкъиIэтыну къару зимыIэ и фызым бгъурытIысхьащ Хьэтусилэ.
- — Сыту Iейуэ гугъу уезгъэхьа, си дахэ! Укъесшэжьэн хуеякъым, — хъыдан псыфыр къищтауэ, фызым и натIэр хуелъэщI. — Укъезмышажьэщи, уи зэфIэкIыгъуэр къоблагъэ, зыгуэр къыпщыщIмэ жысIэурэ, си гур ХьэкъмыскIэ щыIэнут.
- — Сэри уи закъуэу укъэзутIыпщыфынутэкъым, Хьэтусилэ. Сыхуейкъым зэи дызэпэIэщIэ дыхъуну! — ерагъыу зэпищэурэ, мэIущащэ Дэдей. — Сыт пащтыхьыр зыхуейр? Щхьэ укъриджа?
- — Зыри жиIакъым иджыри, сщIэркъым. Пщэдей наIуэ хъунущ псори, дызэхешэ.
- — Аргуэру зыгуэрым пцIы къыптрилъхьауэ, зэкъуэшитIыр фызэщигъэIеину арауэ пIэрэ? Япэм хуэдэу… — и щхьэр егъэкIэрахъуэ цIыхубзым.
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).
- Тхыгъэр зейм теухуауэ
- Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ Дыгулыбгъуей къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр абы къыщиухри, Анфисэ щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и химие факультетым экологиемкIэ и къудамэм. Магистратурэм щIэсу «Адыгэ псалъэ» газетым дэлэжьэн щIедзэ. Анфисэ щылэжьащ «Псынэ» журналым, «1 КъБР» ГКУ-м.
- А зэманым итха рассказхэр, новеллэхэр, повестхэр щызэхуэхьэсащ бзылъхугъэм «Синэмис» зыфIища и япэ тхылъым. Апхуэдэу, «КъудамэщIэ», «Шыхулъагъуэм» и вагъуэхэр» тхылъхэм ихуащ Анфисэ и IэдакъэщIэкIхэр, и тхыгъэхэр республикэм къыщыдэкI газетхэм, журналхэм къытохуэ.
- Анфисэ и зэфIэкI щегъэунэху прозэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм. И лэжьыгъэщIэмкIэ къызэIуихыжыр адыгэ лъэпкъ тхыдэм и Iыхьэ хьэлэмэтщ: псоми зэхахаи хуэдэу, ауэ зыри тэмэму щымыгъуазэу!
- Хьэт лъэпкъыжьымрэ Мысыр къэралыгъуэмрэ яку дэлъа зауэ-зэныкъуэкъур, тхыдэ щIэныгъэм къыхэтэджыкIыр Анфисэ игъэнщIащ образ гъэщIэгъуэнхэмкIэ.