ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бжьыгъуэ  зэфIэхь-2018

2018-05-29

  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Сокуров Александр и цIэр зезыхьэ и пэшым къэщIэрейхэмрэ гушыIэрейхэмрэ я «Джэгурэш» нэгузыужь зэпеуэм и Бжьыгъуэ зэфIэхьыр иджыблагъэ щызэхэтащ.

  • Утыкум щызэрихьэлIат Къулъкъужын къуажэм дэт 3-нэ курыт еджапIэм къикIа «Къуэнхьэблэ вагъуэхэр» гупыр, Къамылыкъуэ къикIа «Нартыху пIэнкIхэр», Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Тхьэстыкъуей къуажэм къикIа «ЛъагъугъуафIэ гупыр».
  • «Бжьыгъуэ зэфIэхь-2018» джэгур куэдым гукъинэж зэращыхъунум шэч хэлъкъым, сыту жыпIэмэ, япэрауэ, ар ирагъэхьэлIат Адыгэ ныпым и махуэм. ЕтIуанэрауэ, хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа ныбжьыщIэхэр зэхэша хъури, зы лъэпкъ, зы дуней, зы гупсысэ зэрыщыIэр иджыри зэ я фIэщ хъужауэ апхуэдэт. Гур хигъахъуэрти джэгуакIуэ цIыкIухэми къару  къратырт   пэшым  уи лъэр здэбгъэувын щIыпIэ имыIэжу цIыху куэд къызэрекIуэлIами.
  • КъэпщытакIуэхэу кърагъэблэгъат Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэхэу Хьэвжокъуэ Людмилэ, КъБР-м и Парламентым и депутат, Лашынкъей дэт 1-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Къуэныкъуей  Рае, Шэджэм къалэ  дэт 1-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Къардэн Олеся, Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ Адыгэ лъэпкъ театрым и джэгуакIуэ Унэгъэс Зэмрэт, Кэнжэ дэт 20-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Къэзанш Нинэ, Адыгэбзэ Хасэм и хасащхьэм хэт Шыкъ Гупсэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ ХьэхъупащIэ ФатIимэ, Псыншокъуэ дэт курыт еджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Ахъмэт Рустам сымэ.
  • «Сывагъуэу сепщIыхьат ныжэбэ…» псалъащхьэр зиIа мы джэгугъуэр Iыхьищу гуэшауэ щытащ: япэр — гупхэм зыкъызэрыдагъэцIыхур: «НыфIызощ мо вагъуэм уи цIэр…», етIуанэр — зыгъэпсэхугъуэ Iыхьэ: «Увагъуэну тынш уфIэщIрэ?», ещанэр — макъамэу зэхэлъ Iыхьэ: «Сыкъэушмэ…». Дэтхэнэ зы Iыхьэми гуп къэс хухахар дакъикъэ                      пщыкIутIт.
  • Утыкур зыгъэбжьыфIа ныбжьыщIэхэр, дэтхэнэри кърипцIыхужыну, гъэщIэгъуэ-ну, гуимыхужу джэгуащ.
  • «Къуэнхьэблэ вагъуэхэр» гупым хэтхэм уахэдэкIэ къыхэпхынур умыщIэу джэгуакIуэ хьэзырхэт. Я зыгъэзэкIэкIи, я утыку итыкIэкIи зэгъэкIуауэ, ягъэлъагъуэ теплъэгъуэм купщIэ хэлъу фIыуэ гъэпсат. Хабзэм щыщ Iуэхугъуэхэр, IуэрыIуатэм щыщ пычыгъуэхэр едаIуэхэм я деж апхуэдизкIэ зыхэщIэшхуэ хэлъу нахьэсыр- ти, зи гугъу ящIыр IупщIу уи нэгу къыщIагъэувэрт. Утыку къызэрихьа джэгугъуищым уриплъэжмэ, Iыхьэ къэс ягъэлъэгъуар щхьэхуэу зы теплъэгъуэ ирикъурт, псори зыпыпщIэжми, кIэрэ пэ-рэ иIэу теплъэгъуэ хъурт.
  • Инжыдж псыхъуэ къыдэкIа «ЛъагъугъуафIэ гупым» я фIэщыгъэм щыхьэт техъуэжу дахэ защIэт, къекIуэлIахэр я нэжэгужагъэм зэщIищтат. ЩIалэгъуалэр дэзыхьэхыпар я беслъэней псэлъэкIэрат. Къэбэрдейм щыщ тхакIуэхэм я тхыгъэхэм щыщ пычыгъуэхэр беслъэней псэлъэкIэм илъу зэкIэлъагъакIуэт, я утыку итыкIэм, зыIыгъыкIэм укIэлъыплъыну уасэ зимыIэжт.
  • «Нартыху пIэнкIхэр» уэрэдрэ пшыналъэкIэ, гушыIэ щабэрэ щIагъыбзэкIэ зы-ри зылъэщIэмыхьэн гупт. Шэрыуэу зэрыпсалъэм и мызакъуэу, абы щIэлъ щIагъыбзэм нэхъ балигъхэр зригъэплъыжу апхуэдэт.
  • Мы джэгугъуэм щытепщар ныбжьэгъугъэмрэ къуэшыгъэмрэт. Гупхэр гушхуэу утыкум итащ, абыхэм я сыт хуэдэ къихьэгъуэри пэшым щIэсхэми IэгуауэкIэ даIыгъащ.
  • НыбжьыщIэхэм я утыку итыкIар, я бзэм и къулеягъыр, дахагъыр, я гушыIэкIэхэр зэпалъытыжри, къэпщытакIуэ гупым хэтхэр зэдэарэзыуэ япэ увыпIэр иратащ «Къуэнхьэблэ вагъуэхэм», етIуанэр хуагъэфэщащ «ЛъагъугъуафIэ гупым», ещанэр «Нартыху пIэнкIхэм». Зэпеуэм хэтахэми, ахэр зыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэми щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ, гупхэм ягу къинэжын хуэдэуи тыгъэ лъапIэхэр хуащIащ.
  • Пшыхьыр ягъэдэхащ щапхъэ зытрах «Шагъдий» къэфакIуэ гупым, «Бзэрабзэ» уэрэджыIакIуэ гупым хэт щIалэхэу Чылар Нэсрэн, Къуэдзокъуэ Ислъам, Мэршэн МуIэед сымэ, Нарткъалэ дэт 2-нэ курыт еджапIэм щIэс Безрокъуэ Руслан сымэ.
  • ХЬЭРЭДУРЭ  Аллэ.