ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«КъБР-м и волонтёрхэр-2018»

2018-06-26

  • КъБКъУ-м и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, университетым иджыблагъэ щызэхуэсащ ди республикэм и псапащIэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ цIыхуи 150-м щIигъу «КъБР-м и волонтёрхэр-2018» форумым хэтыну. Ар теухуауэ щытащ урысейпсо зэпеуэхэмрэ грантхэр къыщахь программэхэмрэ ягъэхьыну социальнэ проектхэр гъэхьэзырыным.

  • ЗэIущIэм къекIуэлIащ граждан жылагъуэ институтхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБКъУ-м гъэсэныгъэ лэжьыгъэмрэ социальнэ IуэхухэмкIэ и проректор Къумыкъу Iэуес, КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ и щIалэгъуалэ центрым и унафэщI Жаным Саидэ, КИФЩI-м и эксперт нэхъыщхьэхэр, КъБКъУ-м щIалэгъуалэ политикэмрэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Лу Азэмэт, нэгъуэщIхэри.
  • — Ди экономикэми инфраст- руктурэми сыт хуэдизу заужьами, къэралым гулъытэ зыхуимыщIыф, зыхунэмыс Iуэхугъуэхэр ди мащIэкъым, — жиIащ Къумыкъу Iэуес. — Абы и лъэныкъуэкIэ куэд елъытащ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я дэIэпыкъуныгъэм. Аращи, ди университетым зи гугъу тщIы Iуэхухэм мыхьэнэшхуэ ярет икIи псапащIэ Iуэху къыхэзылъхьэхэм защIегъакъуэ.
  • Кавказа Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм «Доброволец России» и урысейпсо зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэ Козак Еленэрэ Жаным Саидэрэ къыхагъэщащ волонтёр зэгухьэныгъэхэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэмрэ зэрылэжьэ-ну проект нэхъыщхьэхэмрэ щIа-лэгъуалэр щыгъэгъуэзэн зэрыхуейр, абы теухуауэ псалъэмакъ щхьэпэхэри сэбэпынагъ къэзышэ Iуэхухэри зэрырагъэкIуэкIыр.
  •  «Августёнок», «Просвет», «Территория смыслов», «Таврида», «Машук» проектхэр къэпщыта-кIуэ гупым пхагъэкIащ икIи лэжьыгъэхэр мыгувэу утыку кърахьэну я мурадщ.
  • ЗэIущIэр къызэрагъэпэщащ Кавказ Ищхъэрэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэм я зэгухьэныгъэхэм, КъБКъУ-м, КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ щIалэгъуалэ центрым, КъБР-м Граждан жылагъуэ институтхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм.
  • ТАБЫЩ Динарэ.