Къэбэрдей уэрамым щагъэлъагъуэ
2018-08-07
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щыIэ ЩIалэгъуалэ советым илъэс етIуанэ хъуауэ къызэрегъэпэщ «Артмосфера» фIэщыгъэм щIэт псапащIэ фестивалыр. А Iуэху дахэмкIэ ди щIыналъэм щыпсэу творческэ щIалэгъуалэ нэхъыфI-хэр зэхуашэсри, я лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ, мастер-классхэр, нэгузыужь концертхэр, жармыкIэхэр ирагъэкIуэкI. Абы мылъкукIэ зыщIагъэкъуащ «Ростеле- ком»-м КъБР-м щиIэ къудамэмрэ рекламэмкIэ «Стрелец» IуэхущIапIэмрэ.
- Иужьрей зэманым ди республикэм щызэхэта щIалэгъуалэ зэхыхьэхэм ящыщу «Артмосфера»-р нэхъ гукъинэж хъуахэм ящыщу къэплъытэ хъунущ. Бадзэуэгъуэм и 22-м Налшык и Къэбэрдей уэрамыр гуфIэгъуэмрэ дахагъэмрэ зэщIиубыдат. IэпщIэлъапщIэхэм я къалэ цIыкIу укъыдэхута къыпщагъэхъурт уи нэгу щIэкI псоми. Лъэпкъ фащэхэр, гуащэ цIыкIухэр, бзылъхугъэм зэрызигъэдахэ хьэпшып екIухэр, чысэ телъыджэхэр, цым къыхэщIыкIа щыгъынхэр, сэшхуэхэр, удз гъэгъахэр, нэгъуэщIхэри яIыгъыу уэрамым и бгъуитIым етIысэкIа щIалэгъуалэм уи псэр ягъэгуфIэрт. Декоративно-прикладной гъуазджэм и унэтIыныгъэ псори къызэщIаубыдэрт абы кърагъэблэгъа цIыху 40-м. ГуфIэгъуэ щытыкIэр нэхъри щIагъэхуабжьэрт артист ныбжьыщIэхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ. Уэрэдри, къафэри, усыгъэри, IэрыкIхэри зэкIуу зэхаухуэнат къызэгъэпэщакIуэхэм.
- Пхъэ лъакъуэ лъагэхэмкIэ къэзыкIухь иныжьхэр, гъуджэм къыхэщIыкIа фащэкIэ хуэпа цIыхухэр абдеж къыщызэрагъэпэща зэпеуэхэм щIалэгъуалэр хыхьэну трагъэгушхуэрт. А псом къыдэкIуэу, пхъащIэ IэщIагъэм, дыщэидэм, каратэм и щэхухэм хуей дэтхэнэми щадэгуашэ мастер-классхэри екIуэкIырт.
- Фестивалым ипкъ иткIэ фэеплъ хьэпшып къэзыщэхуа дэтхэнэми ирата билет цIыкIухэр пщы-хьэщхьэхуэкIуэу ягъэджэгуати, цIыхуийм я насып къикIащ.
- — Си гуапэу къыхэзгъэщыну сыхуейт, кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъур зэфIэкI зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэр. ЖармыкIэм щытлъагъу хьэпшып-хэм удамыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. IэкIэ щIа хьэпшыпым абы елэжьам и хуабагъэр, гуапагъэр хелъхьэ, аращ ахэр уасэншэ зыщIыр, — жиIащ фестивалым и жэрдэмщIакIуэ, ЩIалэгъуалэ советым хэт Къардэн Линэ.
- — «Артмосфера»-р творческэ зэхыхьэ къудейкъым, ар псапэ щIэным, гуапагъэм хуэунэтIа Iуэхущ. Операцэ лъапIэ ирагъэщIын хуейуэ къызыпэщылъ зэанэзэкъуэм (Алийхэ Маринэрэ Залымрэ) зыщIагъэкъуэну абы кърихьэлIахэм Iэмал яIащ. КъищынэмыщIауэ, щIалэгъуалэ IэпщIэлъапщIэхэми я хьэпшыпхэм къыщIэкIам щыщ ахъшэ а унагъуэм хухахащ. Дыщогугъ ар сэбэп яхуэхъуну, — жиIащ ЩIалэгъуалэ советым и унафэщI Шэджэмокъуэ Оксанэ.
- Щомахуэ Залинэ.