Гулъытэ хэIэтыкIа хуащI
2017-11-21
- Налшык къалэ жьы хъуахэмрэ зеиншэхэмрэ щапIыжу дэт унэм гуфIэгъуэ щытыкIэм иту щрагъэкIуэкIа псапащIэ Iуэхугъуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и солисткэ, республикэм и уэрэджыIакIуэ пажэхэм ящыщ Къул ФатIимэ, пшынауэ Iэзэ КIурашын Эммэ, Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №2-м и 3-нэ, 4-нэ классхэм щIэс цIыкIухэр, абыхэм я гъэсакIуэхэу Дэбагъуэ Алёнэрэ Цей ФатIимэрэ, нэгъуэщIхэри. Концертым и къызэгъэпэщакIуэри ар езыгъэкIуэкIари усакIуэ ныбжьыщIэ Къанкъул (Нэзрэн) Раещ.
- Тхыдэ мыжыжьэм дриплъэжмэ
- Жьы хъуахэм махуэ щхьэхуэ яхухэхынымкIэ жэрдэмыр япэ дыдэу къыщыхалъхьар Япониеращ. А къэралым и Хёго щIыналъэм щыIэ къуажэхэм ящыщ зым и Iэтащхьэ (старостэ) Кадоваки Масао абы ехьэлIа и гукъэкIыр а жылэм дэсхэм 1947 гъэм къыдаIыгъащ. Абдежым щрагъажьэри, махуэ хэхам техуэу а къуажэм щрагъэкIуэкIын щыщIадзащ зи ныбжь хэкIуэтахэм гулъытэ хэIэтыкIа яхуэщIыным хуэгъэза гуфIэгъуэ-псапащIэ Iуэхугъуэхэр, «Нэхъыжьхэм я губзыгъагъэр, я Iущагъыр ди тегъэщIапIэу къуажэм и гъащIэр идогъэфIакIуэ!» къыхуеджэныгъэм езэгъхэр.
- Илъэсищ дэкIри, 1950 гъэм, жьы хъуахэм я махуэр гъэлъэпIэныр Хёго щIыналъэм и адрей жылагъуэхэми къыдаIыгъащ, куэд дэмыкIыуи Японие псом къыщащтащ. 1964 гъэм, гуфIэгъуэм и цIэр щызэрахъуэкIым, абы «Зи ныбжь хэкIуэтахэм я махуэ» жиIэу еджэ хъуащ.
- Зэман дэкIри, 1990 гъэм дыгъэгъазэм и 14-м ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и 45/106 унафэкIэ жэпуэгъуэм и 1-р Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэу (International Day of Older Persons) къалъытэ хъуащ.
- Концертыр зэрекIуэкIар
- — Ди къежьэгъуэр тедухуащ Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэр щагъэлъэпIа жэпуэгъуэм и 1-мрэ абы къыкIэлъыкIуа мазэмрэ, — жиIащ зэхыхьэр зэхэзыубла Къанкъул Рае. — Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI хабзэ дахэхэм ящыщщ жьы хъуахэм гулъытэ хэIэтыкIа яхуэщIыныр, я жыIэ щIэдэIуныр, къызэранэкIа я гуащIэдэкIым пщIэ лей хуэщIыныр, зыдэIэпыкъун хуейхэм защIэгъэкъуэныр. Дэри, «мы унэр зи хэщIапIэхэм зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми ягу дыдыхьэнщ, я нэгу зедгъэужьынщ», жытIэри, концерт теплъэгъуэхэр фхуэдгъэхьэзыращи, ахэр къызэрыфщыхъуар феплъа иужькIэ къэдвгъэщIэжамэ ди гуапэ хъунт.
- Шэджэм къалэ дэт курыт еджапIэ №2-м щIэс цIыкIухэр утыку къихьащ. ЗэкIэлъхьэужьу утыкур зыгъэбжьыфIэ ныбжьыщIэхэм я нэжэгужагъэр зэрызыхащIэр кърипщIэу, еплъхэр къахуэкIуахэм яхуэгуфIэрт, теплъэгъуэ къэскIи къихьахэр IэгуауэшхуэкIэ ирагъэкIыжырт. Дэри, лъэныкъуэкIэ дыкъыщытхэм, зыхэтщIэрт сабийхэм ягури я псэри къызэритхьэщIыкIамрэ я джэгукIэ-зыIыгъыкIэм зэрегугъумрэ.
- Къанкъул Рае езым анэдэлъхубзэкIэ зэхилъхьа и усэхэм концерт едзыгъуэхэм я зэхакухэм деж къеджащ.
- ГуфIэгъуэ зэхыхьэм и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэр хуабжьу ягъэбжьыфIащ Къул ФатIимэ жиIа уэрэдхэмрэ зи пшынэ гъэбзэрэбзэкIэр псоми телъыджэ дыдэ ящыхъуа КIурашын Эммэрэ.
- АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи игъэзэщIа уэрэдхэр къедэIуахэм нэхъри захригъэщIэн хьисэпыр иIэу, Къул ФатIимэ зытета лъагапIэм къехри нэхъыжьхэм къахыхьащ. УэрэджыIакIуэр, езыми къызэрыхигъэщауэ, а пщыхьэщхьэм хущIэкъуащ зи ныбжь хэкIуэтахэм ягу къызэрызыгъэгъуэтыж уэрэдхэр нэхъыбэу зэригъэзэщIэным.
- Пшыхьым и зэхуэщIыжыгъуэр къыщыблагъэм, IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сэбан Хьэзешэ псапащIэхэм псалъэ дахэ яхужиIащ, гугъу зрагъэхьу къазэрыхуэкIуам папщIи фIыщIэ яхуищIащ. ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ гукъинэж сурэтхэр зэгъусэу зытрагъэхащ.
- Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.