Ди щIыналъэм зегъэужьыным хуэгъэпса Iуэху дахэ
2020-12-15
- УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIэкIэ сенатору щыIэ, ди щIыналъэм и Президент къулыкъур зэманкIэ езыхьэкIа, зэфIих псапащIэ IуэхуфIхэмкIэ цIэрыIуэ ди хэкуэгъу Къанокъуэ Арсен гъэмахуэ кIуам къыхилъхьауэ щытащ «Start Up 5642» проектыр. Псапэ щIэныр зи лъабжьэ а зэпеуэм и мурад нэхъыщхьэр коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм, дэнэкIи хуэдэу, ди щIыпIэри зэрызэщIищтам къыхэкIыу, щIыналъэ экономикэмрэ социальнэ гъащIэмрэ щыщыIэ хъуа хэщIыныгъэхэр зэрыхъукIэ гъэзэкIуэжынырщ, жылагъуэм и сэбэпынагъ зыхэлъ Iуэхугъуэхэм бизнесым зыщегъэужьынырщ.
- Бадзэуэгъуэ мазэм къыщыщIэдзауэ жэпуэгъуэ мазэм и кIэхэм нэс къызэщIиубыдэу екIуэкIа а зэпеуэм и утыку кърахьащ щIыпIэ экономикэм зегъэужьыным хуэунэтIа проект куэд. Абыхэм гупсэхуу хэплъащ Къанокъуэ Арсен зи пашэ эксперт гуп щхьэхуэ икIи лэжьыгъэ нэхъыфIхэр къыхагъэбелджылыкIащ, лIэужьыгъуищу зэщхьэщыхауэ ягъэува грантхэр зыхуагъэфэщахэри наIуэ къащIащ.
- «Start UP 5642» проект зэпеуэм кърикIуахэр мы махуэхэм хэIущIыIу щащIащ Налшык дэт «Синдика» интур-хьэщIэщым конференцхэр щекIуэкI хабзэу хэт пэшышхуэм. Абы ирагъэблэгъащ зэпеуэм къыхэжаныкIа ди хэкуэгъу 20. Онлайн щытыкIэм иту зэхуэсым хэлэжьыхьащ Къанокъуэ Арсен. Зэпеуэм зи проектхэр нэхъыфIу къыщалъытахэм хуагъэфэща саугъэтхэм щыхьэт техъуэ тхылъхэр абы и дэIэпыкъуэгъуу щIыпIэм щиIэхэм Iэрагъэхьэжащ Къанокъуэм и цIэкIэ. Апхуэдэ щIыкIэм тету зэхуэсым щагъэлъэпIахэм ящыщу цIыхуи 6-м иратащ сом мелуан зырыз, цIыхуи 4-м — сом мин 500 зырыз, цIыхуи 10-м — сом мин 250-рэ зырыз. Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэтыщIэ IэнатIэ мыиным зыщегъэужьыным псапащIэ хьэлъхьэныгъэу а зы Iуэхугъуэр и лъабжьэу халъхьар псори зэхэту мэхъу сом мелуани 105-рэ. Проект зэпеуэм щытекIуахэм ящыщу цIыхуитIым ахъшэр къаIэрыхьакIэщ. Адрейхэми грантыр къыхахыфынущ дыгъэгъазэ мазэм и кIуэцIкIэ.
- Къанокъуэм къызэрыхигъэщамкIэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, проект зэхьэзэхуэм хэтахэм икIи абы щытекIуахэм ящыщ зы, КIэщт Людмилэ Бэлэтокъуэ и пхъур, Iуэхур и кIэм нэмысу дунейм ехыжащ. Людмилэ хуагъэфэща саугъэтыр иратыжынущ ипхъу Сабинэ. Абы и мурадщ и анэм игъэхьэзыра проектыр — Этнографие музей зэIуха ди республикэм къыщызэгъэпэщыныр — гъащIэм хипщэну.
- Саугъэтхэр зыхуагъэфэщахэм яритыжа нэужь, зэпеуэм и жэрдэмщIакIуэр икIи къызэгъэпэщакIуэр абы хэтахэм епсэлъылIащ, я мурадхэр бэIутIэIуншэу зрагъэхъулIэнуи ехъуэхъуащ.
- — Си гуапэщ мыпхуэдиз цIыху проект зэпеуэм жыджэру зэрыхэтар, — жиIащ Къанокъуэм. — Абы къегъэлъагъуэ ди республикэр зэрыт щытыкIэм иригузавэ, и къэкIуэну дахэм я зэфIэкIхэр ирахьэлIэну хьэзыр хэкупсэ куэд ди лъахэм зэрисыр. Хуей хъумэ, проектхэр зэрыгъэзэщIапхъэм ехьэлIа чэнджэщхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу дыфхуэхъуну дыхьэзырщ. Нобэ къыфхуагъэфэща саугъэтхэр лъабжьэ зыхуэхъуа IуэхущIапIэхэм, хьэпшыпыщIэхэм, IуэхутхьэбзэщIэхэм, лэжьапIэ IэнатIэщIэхэм ятеухуа хъыбарыфIхэр дызытехьэ илъэсыщIэм къриубыдэу ди щIыналъэм щызэхэсхыну согугъэ. Фи Iуэху фIы ирикIуэ!
- Зэпеуэм щытекIуащ хьэрычэтыщIэхэу Ахматов Ахъмэтрэ Куэшмэн Iэминэрэ, Думэн Мухьэрбий, Щоджэн ФатIимэ, БищIо БетIал, Бер Артуррэ Абазэ Къасымрэ, Мэшыкъуэ Астемыр, Щоджэн Астемыр, Нэзрэн Назиррэ Мамхэгъ Рузаннэрэ, Тхьэмадокъуэ Дианэ, Iумэт Мурат, Къуныжь Таймураз, Дохъущокъуэ Каринэ, Хьэгъэжей Иринэ, Тутыкъу Фаризэ, Аккуловэ Лейлэ, Дзэгуей Лианэ, Чэртбийхэ Мадинэрэ Индирэрэ, Вэрокъуэ Софят, Жэмыхъуэ Мадинэ сымэ къыхалъхьа проектхэр. Ахэр ятещIыхьащ ди республикэм и экономикэмрэ социальнэ IэнатIэхэмрэ дызэрыт лъэхъэнэ гугъум щIэмыгъэужьыхэным, адэкIи зегъэужьыным.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.