|
Зытеухуар 'Псапэ'
2017-11-21
- Налшык къалэ жьы хъуахэмрэ зеиншэхэмрэ щапIыжу дэт унэм гуфIэгъуэ щытыкIэм иту щрагъэкIуэкIа псапащIэ Iуэхугъуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и солисткэ, республикэм и уэрэджыIакIуэ пажэхэм ящыщ Къул ФатIимэ, пшынауэ Iэзэ КIурашын Эммэ, Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №2-м и 3-нэ, 4-нэ классхэм щIэс цIыкIухэр, абыхэм я гъэсакIуэхэу Дэбагъуэ Алёнэрэ Цей ФатIимэрэ, нэгъуэщIхэри. Концертым и къызэгъэпэщакIуэри ар езыгъэкIуэкIари усакIуэ ныбжьыщIэ Къанкъул (Нэзрэн) Раещ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
Сабий сымаджэхэм ядоIэпыкъу
2017-11-02
- Псантхуэ узыфэ зыпкърыт сабийхэм ядэIэпыкъун папщIэ Налшык дэт Музыкэ къэрал театрым концерт щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ «Зы лъэбакъуэкIэ япэ дивгъэщ» псапащIэ фондымрэ Кабалоев Щэмил зи унафэщI «Ярче» рекламэ IуэхущIапIэмрэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
2017-09-06
- Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и унафэщIхэм я жэрдэмкIэ, IэнатIэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Мэсей Заур, тылымкIэ унафэщI Бинашаров Беслъэн, ОГИБДД-м и инспектор Къэрэнашэ Жаннэ сымэ щыIащ Яныкъуей къуажэм дэт Республикэ психоневрологие интернатым.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
2017-06-28
- Дунейм къызэрытехьэрэ Дисанэ цIыкIу узыфэ хьэлъэ куэд игъэунэхуащ: сепсис, менингит, остеомиелит.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдиз узыфэр лъэужьыншэ хъуакъым. А псом сабийм узыфэ хьэлъэ икIи шынагъуэ къыхухэкIащ.
- Дисанэ гъащIэм гу щихуэу псэун, ныкъуэдыкъуэу къэмынэн папщIэ операцэ лъапIэ Германием щыхуащIын хуейщ.
- Республикэм и цIыхухэм зыфхудогъазэ Дисанэ и гузэвэгъуэм зыкъыщIэвгъэкъуэну икIи операцэм текIуэдэну ахъшэр зэхуэхьэсынымкIэ дэIэпыкъуэгъу фыхъуну.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
2017-06-10
- Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Урысей МВД-м и «Аруан» къудамэм и лэжьакIуэхэр яхуэзащ Налшык къалэм дэт Сабий унэм и гъэсэн цIыкIухэм.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
2017-03-18
- Къып Мухьэмэд и цIэр зэрихьэу Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт гъуазджэхэмкIэ школым щеджэ цIыкIухэм я IэдакъэщIэкIхэмкIэ щIыналъэм ит курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ яхуэупсащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
ЗиIэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэм зыщIагъакъуэ
2017-02-09
- Мазаем и 6-м «Синдика» хьэщIэщым и конференц-пэшым «Бифрендингым и школ» проектым хэтахэмрэ Iуэхур гъэзэщIэнымкIэ сэбэп къахуэхъуахэмрэ щагъэлъэпIащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
ИлъэсыщIэ тыгъэхэр
2016-12-28
- КъыдэкIуэтей щIэблэм щэн дахэ яхэлъхьэным телажьэ «Стрекоза» IуэхущIапIэм ИлъэсыщIэ зэхыхьэ дахэ щекIуэкIащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
«Нэпс здэщымыIэ дуней»
2016-10-12
- «ВТБ» банкым иригъэкIуэкI псапащIэ Iуэхум хэту Налшык къалэм дэт Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым тыгъэ хуащIащ сом мелуанрэ ныкъуэрэ зи уасэ УЗИ-диагностикэ Iэмэпсымэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
Унагъуэ 70-м трагуэшэн ерыскъыхэкI
2016-07-09
-
- Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ куэд щызэфIагъэкI и щIалэгъуалэ центрым лэжьыгъэ щхьэрэ щокIуэкI хуэмыщIауэ псэу, гугъуехь пэщIэхуа унагъуэхэм ядэIэпыкъуным теухуауэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
Гулъытэр зыхащIэ
2016-06-07
- Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Мэржэхъу Мухьэмэд и жэрдэмкIэ, колоние №4-м и лэжьакIуэхэр щыIащ Нартан къуажэм дэт школ-интернатым.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
«Вагъуэ цIыкIухэр» хуэныкъуэхэм ядоIэпыкъу
2016-06-03
- Лъэпкъ къафэхэр гъэзэщIэнымкIэ щапхъэу къалъыта «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Эдуардщ) и къэфакIуэхэм иджыблагъэ Налшык къалэм и Музыкэ театрым концерт щатащ, Нартан къуажэм дэт сабий интернатым щыIэхэм ядэIэпыкъун папщIэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
Анэхэм яхуэгъэза Iуэхутхьэбзэхэр къэзыгъэсэбэпхэм я бжыгъэм хохъуэ
2016-01-23
- Нэгъабэ лъандэрэ «СМС маме» федеральнэ хъыбарегъащIэ Iуэхутхьэбзэр къэзыгъэсэбэпу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу анэхэм я бжыгъэр 1726-рэ хъуащ. Абыхэм ящыщу 825-р цIыхубз уэндэгъущ, 901-р бын зиIэ анэхэщ. Iуэху щхьэпэр егъэзащIэ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм, «Узыншагъэрэ зыужьыныгъэрэ» фондыр и дэIэпыкъуэгъуу.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
Ныбжьэгъухэм хуэдэ щыIэкъым
2015-12-24
- Хабзэ дахэ хъуауэ, ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу Налшык и Музыкэ театрым щрагъэкIуэкI «Я радость нахожу в друзьях» фестивалыр. А Iуэху гуапэр къызэрагъэпэщащ УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ я министерствэхэм, сабий сымаджэхэм ядэIэпыкъун мурадкIэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
Украинэм ирагъашэ
2015-12-17
- КПРФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм дыгъэгъазэм и 15-м иригъэжьащ ЛНР-мрэ ДНР-мрэ игъакIуэ автомашинэр. Ар къызэгъэпэщыным и гуащIэ хилъхьащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Быф Анато- лэ. Украинэм ирагъашэ хадэхэкIхэр, сабийхэм папщIэ илъэсыщIэ тыгъэхэмрэ IэфIыкIэрэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Псапэ
|