Къурмэн хуащIащ унагъуэ 1000-м щIигъум
2021-07-22
- Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъапIэ Къурмэн хьид махуэшхуэр. Дэтхэнэ зы муслъымэнми къытохуэ къурмэн ищIыныр, ар къызыхихын мылъку бгъэдэлъмэ. ДызэрыщыгъуазэмкIэ, республикэм и цIыху куэдым ягъэзащIэ а къалэн лъапIэр. Абы ирихьэлIэу псапэ зыщIэхэри ди мащIэкъым, апхуэдэхэм зыхузэфIэмыкIхэр гулъытэншэу къагъанэркъым.
- КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ мы махуэхэм унагъуэ хуэмыщIауэ 1000-м щIигъум къурмэн ящIыну Iэмал иратащ. Iуэху щхьэпэр даIыгъащ республикэ, жылагъуэ унафэщIхэм, псапащIэхэм. КъищынэмыщIауэ, Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэми зыщIагъэкъуащ.
- Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм сыт хуэдэ IуэхукIи гулъытэ къазэрыхуищIым папщIэ фIыщIэ хуещI КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, апхуэдэуи Къурмэн хьид махуэ лъапIэм ирагъэкIуэкIа псапащIэ Iуэхухэм зи мылъку хэзылъхьа псоми абы фIы къахудэкIуэну йохъуэхъу.
- — ФIы зыщIэрщ, гуапагъэр зи Iэпэгъурщ, пэжым тетырщ зи Iуэхур сытым дежи дэкIынур, — жиIащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий. — Узыншагъэ, насып, фIыгъуэ фи унагъуэ жьэгум дэлъу, псапэ Iуэхухэм тевгъэкIуадэ мылъкур фхуэбагъуэу Тхьэм фигъэпсэу!
- ЩхьэщэмыщI Изэ.