НэщI исхэм гулъытэ хуащI
2023-04-20
- «Кавказ» федеральнэ гъуэгум щыщ Iыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Бахъсэн районым хиубыдэм щекIуэкIащ хабзэ яхуэхъуа, гъуэгухэм шынагъуэншэу щызекIуэным, нэщI зыIыгъыу рулым дэсхэм яхуэгъэза псапащIэ. КъБР-м и автоинспекторхэр, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр щIэупщIащ рулым дэсхэм я узыншагъэм икIи нэщIхэм хъурмэрэ псырэ иратащ.
- Рулым дэсхэм автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм ящIыгъуу зыхуагъэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан, КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ, КъБР-м и волонтёрхэм я «Уи гъунэгъум дэIэпыкъу» сабий-щIалэгъуалэ республикэ гупымрэ «КъБР-м и гъуэгухэм автомобиль зэжьэхэуэхэр къыщымыгъэхъун» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ я унафэщI Сыжажэ Алим.
- Iуэхум и жэрдэмщIакIуэхэр щIэупщIащ рулым дэсхэм я щытыкIэм, ягу къагъэкIыжащ гъуэгу хабзэхэр, сабийхэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ хъумэным, зэрызекIуапхъэ псынщIагъым темыкIыным хэхауэ гу лърагъатэу. Апхуэдэуи жраIащ уезэшауэ рулым удэсыныр зэрышынагъуэр.
- Шофёрхэм хъурмэрэ псырэ, хабзэм къыхуезыджэ тхыгъэхэмрэ уэздыгъэ нэху тридзэмэ, къаблэ плIэ цIыкIухэмрэ иратащ.
- Рулым дэсхэм ящыщ куэд нэщI ист. Абыхэм фIыщIэ хуащIащ Жылагъуэ советым и тхьэмадэм, КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэмрэ полицейхэмрэ, псоми я лэжьыгъэр къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэ къыхэмыхуэу ирахьэкIыну зэ рагуапэри жаIащ.
- БАХЪСЭН Азэмэт.