ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сыт щыгъуи къытпоплъэ

2018-03-01

  • Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зэрихьэу эстетикэ гъэсэныгъэмкIэ Налшык дэт еджапIэм илъэс къэс ирегъэкIуэкI «Псэм и дахагъэр тыгъэ яхуэщI» Iуэхур.
  •  
  • ПсапащIэхэр щыIащ Налшык дэт психоневрологиемкIэ интернатым. ЕджапIэм и къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэм утыкум дахащэу зыкъыщагъэлъэгъуащ, интернатым и гъэсэнхэм хуагуэшащ пхъэщхьэмыщ-
  • хьэхэмрэ IэфIыкIэхэм- рэ.
  • — Ныкъуэдыкъуагъ зыбгъэдэлъ сабийхэм я гукъыдэжыр къызэрытIэтыным дыхэтщ. Абы папщIэ цIыкIухэр нэхъ дэзыхьэх уэрэдхэр, къафэхэр догъэзащIэ, ди программэм щIэщыгъуагъ зэрыхэтлъхьэным дыхущIокъу. Мыбы щыIэ цIыкIухэр сыт щыгъуи къытпоплъэ, къытщогуфIыкIри, ар куэд и уасэщ. ГъэсакIуэхэми яхузэфIэкI къагъанэркъым, бысымхэм ягу дыхьэн папщIэ,-жиIащ центрым и унафэщI Къуныжь ХьэIишэт.
  •  
  • Шэрэдж Дисэ.