Зыгъэгушхуэт, нэгузыужьт
2018-04-14
- «Нарт Хэку», «Жьэгу», «Пэрыт» адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм мэлыжьыхьым и 11-м щрагъэкIуэкIа псапащIэ пшыхьыр Сирием, нэгъуэщI къэралхэм къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэкъуэным хуэгъэзат.
- Хуабжьу Iэтауэ къызэгъэпэща хъуа зэхыхьэр къызэIуахащ икIи ирагъэкIуэкIащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэ, республикэм щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахьмэдрэ КъБКъУ-м филологиемкIэ и факультетым адыгэбзэмрэ урысыбзэмкIэ и къудамэм щеджэ Мокъуэ Лаурэрэ.
- ЗэIущIэм и пэщIэдзэм псалъэ иратащ Хэкужьым илъэс зыбжанэ ипэкIэ къэзыгъэзэжа Атиллэ Аскэр.
- — ПсапащIэ Iуэхур къезыхьэжьахэм, ар мыбдежым щезыгъэкIуэкIыну гупыж зыщIахэм фIыщIэ ин яхуэфащэщ. Мыпхуэдэ Iуэхум и лъапIагъыр, и мыхьэнэр дэ, нэгъуэщI къэрал къиIэпхъукIыжахэм, зыхэдмыщIэу, къыдгурымыIуэу щыткъым. Тхьэшхуэм къищынэмыщIа, ди щIэгъэкъуэныр хэкурысхэрщ, гукъыдэж къыдэзытри ахэращ, — жиIащ абы.
- Пшыхьыр къафэрэ уэрэдкIэ ягъэдэхащ республикэм и артист пажэ-хэм, сабий-ныбжьыщIэ ансамблхэм.
- Япэу утыкум къихьащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Лосэн Тимур зи пашэ «Бзэрабзэ» гупыр, уэрэд- жыIакIуэ Iэзэ ДыщэкI Артур ящIы- гъуу.
- — Мыбы ещхь псапащIэ пшыхь Атиллэрэ дэрэ илъэс зыбжанэ ипэ- кIэ Тыркум и къалащхьэ Истамбыл щедгъэкIуэкIауэ щытащ. Абыи цIыхур Iуву къекIуэлIат. Мыпхуэдэ Iуэху дахэхэм мыр къыпызыщэщи, къыдэхъулIэну, къыщызэхуэсахэм фIыкIэ дигу къинэжыну Тхьэм къыщIигъэкI, — къыхигъэщащ Лосэн Тимур, я уэрэд жыIэкIэм, макъамэ къишыкIэм къызэхуэсахэр щIагъэдэIун щIамыдзэ ипэ.
- Пасэрей пшыналъэу зэпагъэджэжхэм зэманым декIу ежьуукIэр кIэщIэтыжу, ди лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм и щэхухэм уахэзыгъэгъуазэ гъэзэщIэкIэт а пщыхьэщ- хьэм дызыщIагъэдэIуахэр «Бзэрабзэ» гупым хэт артистхэм.
- Къыхэгъэщыпхъэщ зэхыхьэм зыкъыщызыгъэлъэгъуа къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ псоми, зэрахузэфIэкIкIэ, пшыхьыр зэрагъэдэхар, къызэхуэсахэр зэрагъэгушхуэным, къызэрыдахьэхыным зэрыпылъар.
- Концерт программэр, зэрызэхэугъэува и лъэныкъуэкIэ, хуабжьу купщIафIэт икIи нэгузыужьт. Къызэхуэсахэм ар ягу зэрырихьар къагъэнаIуэрт нэшхуэгушхуагъэу я нэгум щIэтымрэ Iэгуауэ инкIэ артист къэс зэрыпежьахэмрэ. Уэрэдхэм я нэхъыбапIэр нэгъуэщI къэралхэм щып- сэу ди лъэпкъэгъухэм я деж щаусахэрат.
- Утыкур ягъэбжьыфIащ пшынауэ-хэу Иуан БетIал Жыгун Эдуард, Къуныжь Тимур, уэрэджыIакIуэхэу Тхьэгъэлэдж Светланэ, Хьэкъул Оксанэ, Лъашэ Альберт, Бэч Азэмэтрэ Беслъэней Ренатэрэ, ГъукIэ Ислъам, ШыкIэбахъуэ Ислъам, гушыIэным, зыпыщIыжыным хуэIэзэ Дым Эльдар сымэ, нэгъуэщIхэми. Сирием къиIэпхъукIыжа ди лъэп- къэгъухэм я щIэблэ, зи ныбжьыр илъэс 11-м хыхьа Уэтей Хьэзем, и шыкIэпшынэр езым игъэбзэрабзэу, уэрэд жиIащ.
- Къызэхуэсахэм псом хуэмыдэжу ягу дыхьащ, Iэгуауэ ини хуаIэтащ «Шагъдий», «Шэрджэс», «Къэбэрдей» сабий-ныбжьыщIэ къэфакIуэ ансамблхэм, дунейпсо зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм бжьыпэр щызыубыдахэм.
- Зэхыхьэм къекIуэлIат Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъуро-къуэ Хьэутий, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и Iэтащхьэ Къалмыкъ Жылэбий, «Къэббалъкъаудит» фирмэм и унафэщI ГуэбэщIыкI Жантемыр сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Концертым кърихьэлIахэм Си- рием, нэгъуэщI къэралхэм къикIыжу зи Хэку къэзыгъэзэжахэм папщIэ ахъшэ зэхуахьэсащ.
- ПсапащIэ пшыхьыр зэхуащIыжащ ПащIэ Бэчмырзэ Хэкум, адыгэ лъэпкъым хуэгъэза, хъуэхъу дахэу зэхэлъ и усэмкIэ.
- Тхыгъэри сурэтхэри
- КЪУМАХУЭ Аслъэнейщ.