|
Зытеухуар 'ТекIуэныгъэ'
2020-06-10
- 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди цIыхубэм къыщахьа ТекIуэныгъэ Иным ялъэкIыр халъхьащ адыгэхэми. Бий ерум пэщIэту фронтым псэемыблэжу Iута зауэлIхэм куэду яхэтащ зы унагъуэм икIахэр, зы адэ-анэм къалъхуахэр. Апхуэдэхэм ящыщщ Къардэн Екъуб и къуэхэу Къанщобий, Хьэбас, Хьэсэн.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
2020-06-09
- Хэку зауэшхуэм и лъэужьыр ноби кIуэдакъым. Абы Хэкум къыхуихьа гузэвэгъуэмрэ лъыгъажэмрэ зи нэгу щIэкIа ди нэхъыжьыфIхэр псэуху зэхэтхынущ фашист зэрыпхъуакIуэхэм ягъэхъа мыгъуагъэхэр, апхуэдэуи дригушхуэнущ ди адэшхуэхэм къытхуахьа ТекIуэныгъэм.
-
Зауэм хэтахэм къакIуа илъэсиплI гъуэгуанэр нэщхъеягъуэрэ гугъуехь куэдкIэ гъэнщIауэ щытащ. Дэтхэнэ ветеранми и гукъэкIыжхэм узыIэпашэу уодаIуэ, дэтхэнэми и хъыбарым езым и щхьэхуэныгъэ иIэжщ. Апхуэдэу гъуэгуанэ гъэщIэгъуэн къызэринэкIащ Хьэтуей къуажэм дэс БетIрожь СулътIан. Сыхуейт абы и гукъэкIыжхэмкIэ сывдэгуэшэну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
Къардэн Сэхьид и лIыгъэр
2020-05-27
- 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекIуэныгъэ Иным хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ ди республикэм и цIыхухэми. Я къаруи, я зэфIэкIи, я псэ дыдэми емыблэжу ахэр ткIийуэ япэщIэтащ бий ерум, ди Хэкум и щхьэхуитыныгъэр яхъумэу. Апхуэдэ зауэлI къэмылэнджэжу щытахэм ящыщщ гвардием и полковник, зэрихьа лIыгъэхэмрэ хахуагъэмрэ Бэракъ Плъыжь орденыр щэнейрэ зыхуагъэфэща Къардэн Сэхьид Iэсхьэд и къуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
Ащхъуэт Адэлджэрий и уэрамыр
2020-05-14
- Илъэс 75-рэ ирикъуащ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ, ауэ цIыхубэм щыгъупщэркъым абы и Iэужь шынагъуэхэр. Нобэми гъущыжакъым зи Iыхьлы хэкIуэдахэм я нэпсхэр, яхуэухыркъым зауэм къихьа гузэвэгъуэм теухуа Iуэтэжхэр. ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ а зауэм къыщызыгъэлъэгъуа ди цIыхухэм я щапхъэ дахэхэм щIапIыкI къыдэкIуэтей щIэблэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
Куэдым хуэIэзэт
2020-04-30
- Пэжыр зи гъуазэ цIыхум дежкIэ нэхъыщхьэр зыхуэзэ гугъу- ехьхэм пэлъэщрэ задиузэщIу, псэуныгъэм хуиIэ лъагъуныгъэр и гум щимыгъэкIуэщIу ипэкIэ кIуэтэнырщ. АтIэми, ар зэгуэрым нэсынущ зэплъэкIыжу щызэупщIыжын и пIалъэм: сыт хуэдэ лъэужь къызэзнэкIыр, сыкъызыхэкIа лъэпкъым, сыкъыщыхъуа жылэм я пщIэр, я щIыхьыр, зымащIэ нэхъ мыхъуми, си гуащIэдэкIкIэ схуэIэта? А упщIэхэм япэхъун жэуап нэс и чэзум езытыжыфахэм, шэч хэмылъу, ящыщщ мы тхыгъэм зи гугъу щытщI Шортэн Аскэрбий.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
ЗауэлI хахуэ Къардэн Бубэ
2020-04-28
- Къардэн Бубэ Мацыкъ и къуэр ящыщщ цIыхухэм я гум фIыкIэ къина хэкупсэхэм. Ар Бахъсэн районым хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм жэпуэгъуэм и 16-м 1917 гъэм къыщалъхуащ. Ар къызыхэкIар мэкъумэшыщIэ унагъуэщ. Курыт еджапIэр и къуажэм къыщиуха нэужь, ар 1937 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щеджащ, лъэпкъ куэдым я литературэхэм фIыуэ нэIуасэ зыхуищIу, а унэтIыныгъэхэмкIэ щIэныгъэ куу зригъэгъуэту.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
2020-04-23
- ЗылI и быну
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ нэхъыжьхэм икIи нэхъ инхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъуныр. НобэкIэ абы дэс унагъуэ 1589-м цIыху 7152-рэ щопсэу. Iумахуэщ а жылэр икIи лIыгъэ зыхэлъщ и цIыхухэр. Абы и цIэр фIыкIэ щигъэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрми къэралми зэрыщыту.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
2020-04-14
- Къаншыуей (Курп Ищхъэрэ) къуажэм къыдэкIауэ зауэ IэнатIэм Iухьат цIыху 348-рэ. Абыхэм ящыщу 278-м я щхьэр ягъэтIылъащ, лъахэм и щхьэхуитыныгъэм щIэбэну. Зи унэ къэзыгъэзэжар цIыху 70 къудейрщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
Къардэн лъэпкъым къыхэкIа лIыхъужьхэр
2020-04-09
- Ди къэралым и мызакъуэу, дунейм и щIыпIэ куэдым накъыгъэ мазэм щагъэлъэпIэнущ 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр Совет Союзым и ТекIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 75-рэ зэрырикъур. СССР-м и цIыхубэр илъэси 4-кIэ псэемыблэжу зыщIэбэна, зыщIэхъуэпса а фIыгъуэр — ТекIуэныгъэ Иныр — къэхьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ ди къэралым хыхьэ дэтхэнэ щIыналъэми, абыхэм щыпсэу лъэпкъхэми. Зи гъащIэм щымысхьу зауэшхуэм хэтахэм ящыщщ сэ сызыщыщ Къардэн лъэпкъым и щIалэхэри. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу, Къардэн унэцIэр зэрахьэу фронтым дэкIащ щIалэ 464-рэ. Абыхэм ящыщу 407-р зауэм хэкIуэдащ, цIыху 15-р хъыбарыншэу кIуэдащ. Хэку зауэшхуэм и губгъуэхэм икIуэда ди къуэшхэм ящыщу щIалэ 297-м я хьэдэр щыщIалъхьар иджыри белджылыкъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
АбытIэ Зулхьэчим и уэгу вагъуэ нэхур
2020-04-02
- «Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа» зыхужаIэхэм ящыщщ ди лъахэгъу щыпкъэ АбытIэ Зулхьэчим Мурадин и къуэр. Илъэс 43-рэ фIэкIа къигъэщIэну къызыхуимыуха адыгэ щIалэм а зэман кIэщIым къриубыдэу хузэфIэкIащ куэдым илъэси 100-кIи ялъэмыкI Iуэхугъуэхэр. 1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу зэрыхэтам нэмыщI, АбытIэр цIэрыIуэ хъуащ зэфIиха гуащIэдэкI лэжьыгъэшхуэмкIи. ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэкIэ къулей Тырныауз бгы лъагъуэхэм япэу кIуэцIрыкIа IэщIагъэлIхэм яхэтащ ар. Зи дэтхэнэ махуэри IуэхуфIкIэ гъэнщIауэ псэуа Зулхьэчим, зауэлI хахуэм, лэжьакIуэшхуэм, хэкупсэ нэсу зи гъащIэр езыхьэкIам, и цIэр куэдым ящыгъупщакъым ноби.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
СЭЛЭТ УЭРЭД
2020-02-11
- ТХЬЭГЪЭЗИТ Зубер
-
Ди щIалэгъуэу Iэщэ къыдатауэ
- Ди щIыр гурэ псэкIэ догъэпэж, —
- Щытхъумэнщ Хэку-анэр бий етахэм:
- Къэдгъэхъункъым зауэ, сэ си къуэш.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
ТекIуэныгъэм и сэлэт хахуэ ШащIэ Мухьэжыр
2020-02-06
- Зы махуэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъ гъунэгъу дыхуещI ди къэралым и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэми мы гъэм щагъэлъэпIэну махуэшхуэм — 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум. Абы ирихьэлIэу дигу къыдогъэкIыж а фIыгъуэ мылъытэр — щхьэхуитыныгъэр — ди хэку иным къыхуэзыхьа совет зауэлI хахуэхэм я цIэхэр. Абыхэм яхэтщ зэрахьа лIыхъужьыгъэ инхэмкIэ цIэрыIуэ хъуахэри хэкум и пащхьэ щаIа къалэнхэр къэмылэнджэжу, нэсу зыгъэзэщIауэ, арщхьэкIэ зи цIэхэр иджыри къэс хэIущIыIу мыхъуахэри. Иужьрейхэм, ди къэралым и щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи гъащIэр зытыну хьэзыру псэзэпылъхьэпIэ IэнатIэм Iутахэм, ящыщщ ШащIэ Мухьэжыр Аслъэнбэч и къуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
Уащымысхь, ди Щэуал!
2020-01-30
- ЦIыхухэм я псэ куэд зыгъэна, насыпыншагъэ бжыгъэншэхэр къытхуэзыхьа Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 75-м нэблэгъами, абы и уIэгъэхэр нобэми гъущакъым. Я щIалэгъуэрэ я къару илъыгъуэу дапщэ ихьа а мафIэ лыгъейм? Бий хьэщхьэрыIуэм Хэкур щахъумэу дапщэм я псэр ята?!
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
«Сыту фIы хуиту убауэу дунейм утетыну»
2020-01-28
- Совет Союзым и ЛIыхъужь, генерал Кузнецов Георгий и гъащIэмрэ и къекIуэкIыкIамрэ щыгъуазэ хъуа дэтхэнэми игъэщIэгъуапэу жиIэнщ: «Мы цIыхум имыгъэунэхуауэ сыт щыIэ? МафIэ къыщIэнэри — исакъым. Хым щIэтIысыкIыу хуежьэри — итхьэлакъым. Биишэри зыбжанэрэ къылъэIэсат — къелащ. АтIэ аракъэ «насыпыфIэщ» жыхуаIэжыр…»
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
Иллазаров Исай и цIэр зэрехьэ
2020-01-25
- Мэзкуу зыхъумэжхэм ягу къэкIыртэкъым зымащIэкIи бийм худачыхыну. Ахэр лIэн-къэнэну пэщIэуват езыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ, Iэщэ лъэщкIи зэщIэузэда биидзэм. ИгъащIэм къэмыхъуа лIыхъужьыгъэхэр зэрахьэрт, нэгъуэщI Iэмал щамыIэжым деж лагъымхэр ябгхэм щIапхэрэ танкхэм щIэгъуалъхьэу, я бгъэмкIэ дзотхэр зэхуащIу… АтIэ фашистхэм я гугъащ махуэ бжыгъэкIэ Мэзкуу къащтэну, дуней псом зэхахыу ар ягъэхъыбарат…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
|