ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

БетIрожь СулътIан  и зауэ гъуэгуанэхэр

2020-06-09

  • Хэку зауэшхуэм и лъэужьыр ноби кIуэдакъым. Абы Хэкум къыхуихьа гузэвэгъуэмрэ лъыгъажэмрэ зи нэгу щIэкIа ди нэхъыжьыфIхэр псэуху зэхэтхынущ фашист зэрыпхъуакIуэхэм ягъэхъа мыгъуагъэхэр, апхуэдэуи дригушхуэнущ ди адэшхуэхэм къытхуахьа ТекIуэныгъэм.
  • Зауэм хэтахэм къакIуа илъэсиплI гъуэгуанэр нэщхъеягъуэрэ гугъуехь куэдкIэ гъэнщIауэ щытащ. Дэтхэнэ ветеранми и гукъэкIыжхэм узыIэпашэу уодаIуэ, дэтхэнэми и хъыбарым езым и щхьэхуэныгъэ иIэжщ. Апхуэдэу гъуэгуанэ гъэщIэгъуэн къызэринэкIащ Хьэтуей къуажэм дэс БетIрожь СулътIан. Сыхуейт абы и гукъэкIыжхэмкIэ сывдэгуэшэну.

  • Сабиигъуэ
  • — Си сабиигъуэмкIэ къыщIэддзэмэ… Ди адэм бынибл иIащ. ЩIалитхурэ хъыджэбзиплIрэ. Сэ сыщыцIыкIум хуабжьу сыщIалэ псынщIэт, жьым тесу псым йопыдж жыхуаIэм сыхуэдэт, икIи сыбзаджэт. Мы хьэблэм цIыкIуу дэсыр, си ныбжьи, сэ нэхърэ нэхъыщIи, гупитIу зыдгуэшти, дыджэгурт, хужьхэмрэ плъыжьхэмрэ дызэзауэ щIыкIэу. Чы башышхуэм дытесу къэджыхьырт, шы папщIэу. Адрейхэр хэт топ джэгурт, хэти губгъуэм кIуэрти, я щхьэ щытрагъэурт. Сэ а «зауэр» сфIэфIт, зэпымыууэ сыджэгуарэт жысIэу…
  • Ауэ дзэм сраджэу, зауэр къэхъея нэужь, зауэм сыхэтыну къысхуихуакъым. Апхуэдэу къекIэрэхъуэкIыу гъэр сымыхъуамэ, е сыщаукIынт, е лIыхъужь сыщыхъунт абы. Къаруушхуэ сиIащ сэ си щIалэгъуэм, сыбланэт. Ауэ а къысщыщIа къомым си къарур щIахащ. Куэд си фэм дэкIа нэужь, хуабжьу зысхъуэжащ. Псалъэ лей жызмыIэу, къызэупщIым жэуап есту, си щхьэ Iуэху зесхуэжу, къесхьэжьэр зыхуей хуэзауэ нэзгъэсу сопсэу. Куэд слъэгъуащ, ауэ куэд схужыIэнукъым.
  • Лъапсэ
  • — Мы щIапIэр 1928 гъэм си адэм къищэхущ, абы ипэ къуажэкIэм щыпсэууэ щытати, мыбы къэIэпхъуащ. Танокъуэхэ я щIапIэу щытащ мыр, модэ хадэкум деж унэжь иту. А унэжьым щIэсурэ си адэм мыр ищIащ. Ауэ япэщIыкIэ гуэщу ищIат, шыгу, выгу щIэтыну… ШитIрэ витIрэ иIэти, абыхэм я Iэмэпсымэхэр щихъумэну арат. МетритI фIэкIа имылъагагъыу къиIэтауэ арат блынхэр. Абы щыгъуэм сэ сыцIыкIуащ.
  • Совет властым хуэщIауэ псэухэм я мылъкур трихыу щIидзащ. Ди унэкъуэщ щIалэ гуэр Къалмыкъым и гъусэу къалэ исполкомым щылажьэрти, ди адэм къыжриIат: «Хьэжурам, комиссэ нэкIуэнурэ зы къэмынэу зэтракъутэнущ».
  • Гуэщыр якъутэнурэ губгъуэм дашынут, абы щызэтралъхьэнут. Арати, мо унэжьым занщIэу къыщIэкIри, махуэ бжыгъэ фIэкIа темыкIуадэу, чыкIэ зэприхукIщ, унэ къыхищIыкIщ аби, къэIэпхъуэжащ. Ауэ абы щхьэкIэ къэнатэкъым, блыным фIэкIа къэмынэу, адрейхэр дашат.
  • Си адэ-анэр псэухукIэ щIэсащ мыбы. Сэ сыкъэкIуэжа иужькIэ, и щхьэр трезгъэхщ, блынхэр къэсIэтри, къэзгъэщIэрэщIэжауэ аращ.
  • Адэжь лъапсэр
  • и хъуэпсапIэт
  • — СыкъэкIуэжа нэужь Вольный Аул щIапIэ къыщысщэхуащ, абы унэ исщIыхьри, сыщыпсэуащ. Илъэс 25-кIэ Налшык курортым сыщылэжьащ, «Металлург» зыгъэпсэхупIэ унэм и складым и унафэщIу сыщыIащ 1960 — 1986 гъэхэм. Ауэ си гум сытым щыгъуи илът си адэм и лъапсэжьым сыкIуэжыну. Пенсэм сыкIуа иужькIэ къуажэм сыкъэIэпхъуэжащ, 1999 гъэ лъандэрэ, си щхьэгъусэр дунейм зэрехыжрэ, си закъуэщ, бынхэр къокIуэж. ХъыджэбзитIыр унагъуэу Налшык щопсэу, ещанэр Канадэм щыIэщ, зы къуи сиIэщ. Сипхъу нэхъыжьым и къуэм бынищ иIэщ, адрей курытми и хъыджэбзым бынитI епI. Нэхъыжьыр щэбэт къэс къокIуэж, и лэжьыгъэр зэриухыу.
  • Зауэм и пэ къихуэ зэманым
  • — Абы щыгъуэ машинэ щыIэтэкъым, трактор закъуэтIакъуэ фIэкIа. Сэ Iейуэ техникэм си нэр къыхуикIырт, къуажэм зыгуэр къыдыхьамэ, иужьым ситу къэскIухьырт. 7-нэ классым сыкъыщIэкIри, мазищкIэ трактористу седжащ. Си къуэш нэхъыжьыр МТС-м и унафэщIым и къуэдзэу лажьэрти, къыздэIэпыкъуащ. А мазищыр къэзуха нэужь, Бахъсэн сагъакIуэри, мазихкIэ шоферу седжащ. СыкъэкIуэжа нэужь, колхозым машинэ яIэтэкъыми, бригадэм учётчикыу сагъэуващ. Куэд дэмыкIыу, 1941 гъэм дзэм сраджэ, шофер удостоверенэ сызэриIэм щхьэкIэт сыдашын хуей щIэхъуар. Винницэ сашащ. Абы дзэ часть ин щыIэт, мазэм щIигъукIэ дыщыIащ абы.
  • Зауэ
  • — Сытми, 1941 гъэм дзэм сыкIуауэ, мэкъуауэгъуэм и 22-м зауэр къэхъеящ, етIуанэ махуэм, нэху дыкъекIри, лъэсу драшэжьащ. Хъыбару зэхэтхыу фIэкIа, дыздэкIуэри дымыщIэу, тхьэмахуэкIэ гъуэгу дытетащ.
  • Житомир дынэсыным километрипщI къэнэжауэ, хутор цIыкIу гуэрым дыкъыщыувыIащ. А къалэр нэмыцэхэм зэраубыдар къыджиIащ командирым икIи зытхъумэжыну унафэ къытхуищIащ. Арати, асфальт гъуэгум и лъэныкъуитIымкIэ зыщыдогъэпщкIу, зыгуэрым и хадэм ит кIэртIоф сатыр зэхуакухэм дыдогъуалъхьэ. Фоч къудей псоми тхуримыкъуауэ, нэху щыху а кIэртIоф хадэм дисащ. Нэху мэщри, командирри щыIэкъым, Iэщи тIыгъкъым, сыхьэтий хъуащ. Сыхьэтибгъухэм деж нэмыцэхэр пушкэкIэ уэуэ щIадзащ. Сыхьэт хуэдиз дэкIауэ, ди гъунэгъу мэзым кхъухьлъатэкIэ бомбэ щрадзыхащ, итIанэ истребителитI къытщхьэщыхьащ.
  • Дыздэщылъым зыри тлъагъуртэкъым, ауэ щIым «къыджиIэрт» гъуэгум танкхэр къызэрырикIуэр. ИужькIэ наIуэ къызэрыхъуамкIэ, ахэр блы хъурт, абыхэм яужь итт мотоциклистхэр, автоматхэр яIыгъыу. Ахэр къызэрытлъагъуу гуэдзым дыхэлъэдащ, сыхьэтитI-щыкIэ дыхэса нэужь, дежьащ ди гъуэгу хэдгъэщIу, икIи къуажэшхуэ гуэрым дынэсащ.
  • ПщIантIэ гуэрым зылI дэту къэтлъагъури, дыдыхьащ. «Унэм фыщIэзгъэхьэнукъым, — жиIащ лIыжьым, — Iэщ зыщIэт мо гуэщым хьэуазэ щIэлъщи, абы фыщыжей. Пщэдджыжь жьыуэ фыкъэтэджи, фыдэкIыж». ЩIакхъуэрэ лы тIэкIурэ къыдитри дигъэшхащ.
  • Нэху дыкъекIри, лIыжьри дэмысу, дыкъежьэжащ. Ухуэныгъэ гуэрым дыщынэсым, нэмыцэ сэлэтитI автомат яIыгъыу къыщIэкIри, дыкъащащ. Драхужьауэ, губгъуэм даху, къуэгъэнапIэ гуэр деж дыщаукIыну мурад ящIауэ согугъэ, арщхьэкIэ, гъэру къаубыдахэр абдеж щызэхуахусу арат.
  • ГъэрыпIэм
  • Арати, гъэр сыхъуащ. Белая Церковь къуажэм дахуащ, абы цIыху мин бжыгъэ дэсу лагерь щыIэт. Пщэдджыжь къэсыху, зыгу из хьэдэ дашурэ щIатIэрт. Фэм къыхэщIыкIа вакъи ялъыгъыжтэкъым, бгырыпхи ящIэлъыжтэкъым лагерым исхэм, псори ягъэныщкIуурэ яшхат. Зы гуп, цIыху 20 — 25-рэ хъууэ, траншеехэр къатIырт, зы гуп пщэфIапIэм щIэтт, къалэ уэрамхэр зэлъыIуахыу зы гуп щыIэт. Адрей гъэрхэр мин бжыгъэкIэ ист лагерым.
  • МазитIым щIигъукIэ сисащ сэри абы. СыземыкIуэжыфу къарууншэ сыхъуащ. Пщыхьэщхьэм ягъэва хьэнтхъупс, кIэртIоф, сытхэр хэлъу къыдату арат, щIакхъуэ грамми 100 и гъусэу. Шхыныхьэ сыкIуауэ сыздэщытым, зыгуэр ауэ къызэцырхъри, сыукIуриящ. Сыкъыхудэплъейри, урысыбзэкIэ сехъуэнын сышынэри, адыгэбзэкIэ сехъуэнат. Спэмыжыжьэу щIалитI щытти: «Еплъ, — жи зым, — мо тхьэмыщкIэр адыгэщ». Къызбгъэдыхьэри, сызей, сызыщыщыр зрагъащIэри, къызжаIащ: «Пщыхьэщхьэ къэсыху мыбдеж къыIухьэ, дэ лэжьапIэ дыкъыщикIыжкIэ, зыгуэр къыпхуэтхьынщ». Арати, пщыхьэщхьэкIэрэ щIакхъуэ тIэкIурэ лы Iыхьэрэ къысхуахьырт. А щIалэхэр Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщт, Къущхьэхэ ейт, ауэ я цIэхэр сщIэжыркъым. ЗэкъуэшитIт.
  • Абыхэм сыкърагъэлащ мэжэщIалIагъэм. Зэман гуэр дэкIауэ, езыхэр зэрылажьэм хуэдэу къэнащ абы, сэ зыкъэзужьыжауэ, абы дыдашри, Польшэм и гъунапкъэм щыIэ лагерым дахуащ. Лагерь цIыкIут ар, куэд дыхъуртэкъым. ИтIанэ Эстонием дашащ зы гуп цIыкIу. Абы шахтэм сыщылэжьащ.
  • КIуэсэжыгъуэм
  • Ленинград къэса нэмыцэхэр ирагъэкIуэту щIадзэ, дэри драшажьэ. Сэ зэи сигу ихуакъым сыкъызэрыкIуэсэжынум и Iэмал къэулъэпхъэщыныр. Германием дашэмэ, къэгъазэ зэрыщымыIэнур къызгурыIуэрт. Ди къуажэгъу Тазхэ ящыщ зэкъуэшитI си гъусэт сэ, дызэрыIыгът Iэмал зэрыдгъуэткIэ. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым зэкъуэшитIым я нэхъыжьым жесIащ: «Ныжэбэ мыхъумэ, нэгъуэщI Iэмал диIэжынукъым». Арати, жэщыбгым, нэмыцэхэр жеящ щыжытIэм, хуэмурэ дыкъыдэпщащ, итIанэ дыкъэтэджри, гъуэгу дытеуващ. Дэнэ лъэныкъуэкIэ дыкIуэми тщIэртэкъым. ДыздэкIуэм гъуэгу Iуфэм унэ гуэр дрихьэлIащ.
  • ЗэрыхъуIам хъунщ жытIэри, дыдыхьащ. Урысу къыщIэкIащ абы дэт лIыр. Ди Iуэхур зыIутыр гурыдгъэIуащ. Шыгум дригъэтIысхьэри, и лэжьапIэм нэс дишащ: «Иджы мы гъуэгум фытемыкIыу фыкIуэ, патруль къыфхуэзэнущи, фыщIэмыпхъуэу, фепсалъэ».
  • ДыздэкIуэм, офицеритI дахуэзэри, псори яжетIащ. Штабым дашэри, абы махуитI-щыкIэ даIыгъащ, КПЗ-м дыщIэсу. ИтIанэ гъэру щытахэм папщIэ лагерь дашэри, абы дратащ. ДыздэщыIамрэ тлъэгъуамрэ къыщIэупщIэу мазэм нэблагъэкIэ дисащ абы, итIанэ Ленинград тутнакъэщым дашэри, ахэр камерэ щхьэхуэ, сэ нэгъуэщIым срагъэтIысхьащ. Абы иужькIэ а зэкъуэшитIымрэ сэрэ дызэгъусэжакъым.
  • ИлъэсипщI къыстралъхьэри, Коми АССР-м, Воркута, гъущI гъуэгу сщIыуэ илъэсибгъукIэ сыщылэжьащ. Зы илъэскIэ нэхъапэу сыкъаутIыпщыжащ, Сталиныр лIа нэужь.
  • СыкъаутIыпщыжыну си пщIыхьэпIи къэкIыртэкъым. СымыщIэххэу къызэджэри, пщэдей щыщIэдзауэ ущхьэхуитщ къызжаIэри, билет уаси къызатащ. Псыхуабэ нэс мафIэгукIэ сыкъэкIуащ, итIанэ машинэтедзэкIэ къуажэм сыкъэсыжащ.
  • Къуажэр къысхуэцIыхужтэкъым. Мырауэ пIэрэ ди къуажэр жысIэу гурыщхъуэ сщIырт. Гъуэгу Iуфэм щыджэгу сабийхэм сеупщIат: мыр Хьэтуей къуажэ жысIэри. СыкъацIыхужат абыхэм, къыщIэпхъуэри, ди адэ-анэм къыжраIащ: «Мышэ къокIуэж! Гъуэгум тетщ!». ЯгъэгуфIащ.
  • Си адэ-анэр иджыри илъэси 10 — 15-кIэ псэужащ.
  • Нэмыцэ инженер
  • Тутнакъэщым сызэрисрэ илъэситI-щы хъуауэ зы гуп нашат. Си бгъум деж хуэзэу зылI къэтIысащ. Ар Одессэ щыщ нэмыцэу къыщIэкIащ. Кхъухь щащI заводым инженер нэхъыщхьэу щылажьэрт. Одессэ щызэтракъутам щIакхъуэгъажьэр зэригъэпэщыжри, хьэжыгъэ къищэхуурэ щIакхъуэ игъажьэу щытат. Советыдзэм Одессэ хуит къыщищIыжам, нэмыцэхэм щIакхъуэ яхуэбгъэжьащ жаIэри ягъэтIысауэ арат.
  • Абы щыгъуэм сэ токарнэ станокым срилажьэрт. Гъусэ зыкъысхуищIри, лажьэу хуежьащ, куэдкIи къыздэIэпыкъуащ ар. СыкъэкIуэжын хуей щыхъум: «Мышэ, уэ уарэзымэ, хуит сащIыжмэ, уи деж сынэкIуэнут. Унэм сыкIуэжыну сыхуейкъым», — къызжиIащ. Шыпхъуищ, зы къуэрэ зыпхъурэ иIэт абы, ахэр Сыбыр ирагъэкIауэ щыIэт. Арати, сыкъэкIуэжа нэужь, зы илъэсым щIигъу дэкIауэ, къэкIуащ ныбжьэгъу схуэхъуа нэмыцэ щIалэр. ГЭС цIыкIу псым тету дэтащ ди къуажэ, абы инженеру щылэжьащ. Иужьым уни къищэхури, и шыпхъур Сыбыр къришыжащ, лIэхукIэ мыбы щыпсэуащ. Си къуэш нэхъыжьым ди кхъэм щыщIилъхьэжауэ щытащ.
  • Япэм щыIар
  • А зэманым адыгэ хабзэр нэхъ зэрахьэу щытащ, цIыхухэр нэхъ зэрыIыгъыу псэуащ. Псалъэм папщIэ, сэ сыкъэкIуэжа нэужь, БетIрожь Хьэжысмел жари, ди адэм и къуэш тпэмыжыжьэу псэурт, Исмэхьили Аслъэнджэрии ди Iэхэлъахэм щыпсэурт. Ахэр зыкIэ зэрыгъэныбжьэгъурти — махуэм лажьэрт, тхьэмахуэм тIэу-щэ пщыхьэщхьэхэм Исмэхьил деж щызэхуэсырти, куэзыр джэгурт, хъыбар жаIэрт. Адрей пщыхьэщхьэхэм адрейм деж кIуэрт. Апхуэдэу зэрыIыгъыу щытащ япэм.
  • Иджы апхуэдэ щыIэжкъым, телевизор йоплъри, я унэ щIэсыжщ. Телевизорым сэбэп лъэпкъ къигъэлъагъуэркъым, зэран фIэкIа!
  • Зытхыжар
  • Битокъу  Маринэщ.