ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Щапхъэ зытрах Къэхъун

2020-04-23

  • ЗылI и быну
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ нэхъыжьхэм икIи нэхъ инхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъуныр. НобэкIэ абы дэс унагъуэ 1589-м цIыху 7152-рэ щопсэу. Iумахуэщ а жылэр икIи лIыгъэ зыхэлъщ и цIыхухэр. Абы и цIэр фIыкIэ щигъэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрми къэралми зэрыщыту.

  • ТекIуэныгъэм и махуэр ягъэлъапIэ. 2005 гъэ

  • Ветеранхэм я советым и тхьэмадэу щыта Жэмыхъуэ Щыхьырбий махуэшхуэм хэтщ.

  • 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м къэхъея зауэ гущIэгъуншэм, адрейхэми хуэдэу, гуIэгъуэ куэд къахуихьащ къэхъундэсхэм. Ахэр зылI и быну бий хьэщхьэрыIуэм пэщIэуващ икIи хэти фронтым, хэти тылым я пси, я къаруи щемыблэжу текIуэныгъэр къагъэблэгъащ. ЖыпIэну ирикъунщ Хэкур яхъумэжыну зауэм дэкIа цIыху 350-м щIигъум ящыщу 218-м къызэрамыгъэзэжар.
  • ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу бийр зэтракъутащ Къэхъун дэкIа куэдым. Уэрэдхэр хуаусат, усэхэр хузэхалъхьат фашисти 125-рэ зэтезыукIа снайпер Iэзэ Жамборэ Щэуал. Абы Зауэ Бэракъ Плъыжь ордену тIу къыхуагъэфэщат. Берычэт Сэрэбий и бгъэм хэлът Хэку зауэ орденым и II нагъыщэр, ЩIыхь орденым и III нагъыщэр, зауэм къыщихьа медалитхур. Вагъуэ Плъыжь орденымрэ медалиплIрэ къратат тIасхъэщIэх хахуэ КIэш Хьэту. Къарэ Мусэ, Семэн НэIиб, Шыбзыхъуэхэ Гъумар, Хьэсэн, Чэлимэт, ШащIэ Мухьэжыр, Къардэн Iэдил, НэщIэпыджэ Атхьэм, Абазэ Хъусен, Бэрэздж Iэдил, Жыласэ Хьэжджэрий, Борий Жантемыр, Тэхъу Мухьэмэд, Джатокъуэ Хьэжмурид, Жэмыхъуэ Илья, Такъ Аскэрхъан, Понэж МэчрэIил сымэ, нэгъуэщIхэми орденхэмрэ медалхэмрэ я лIыгъэм къыпэкIуат.
  • Зауэ къыщыхъукIэ цIыху куэд хокIуадэ, ар узыфIэмыкIы-фын Iуэхугъуэщ. Ауэ гуIэгъуэр тIуащIэ-щащIэ мэхъу зэкъуэш зыбжанэм абы я щхьэр щыхалъхьэм и деж. Апхуэдэу Хэку зауэшхуэм я псэр щатащ я къару илъыгъуэрэ я дахэгъуэу Жамборэ Хьэмид и къуиплIым — Джэху, Тобий, Мухьэмэд, Къэралбий. Я къуэ щырыщ яфIэкIуэдащ Къандэхъу ЦIыкIурэ, ХьэхъупащIэ ТIутI, Шыбзыхъуэ Батокъуэ сымэ я унагъуэхэм. Абыхэми, адрей къэзымыгъэзэжа псоми я цIэ-унэцIэхэр тету ТекIуэныгъэ Иныр къызэрахьрэ илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу Къэхъун фэеплъ щагъэуващ.
  • Къуажэм къыдэна лIыжь-фызыжьхэр, цIыхубзхэр, ныбжьыщIэхэр жэщ-махуэ жамыIэу губгъуэм итт, фронтым Iутхэр ерыскъыкIэ къызэрагъэпэщу. 1941 гъэм Къэхъуным гъавэ бэв къыщагъэкIащ икIи хэкIуэдыкIыншэу кърахьэлIэжри, къэралым и гуэным иракIутащ. КъищынэмыщIауэ, къэхъундэс куэд Къэрэгъэш и деж щIытIым щыIащ. Къуажэ Советым и тхьэмадэ Тхьэзэплъ Елдар зи унафэщIу Къэхъун икIа бригадэм фашист танкхэр къызэтезыгъэувыIэ кIэнауэхэр метриплI и бгъуагъыу метрищ и кууагъыу окопхэр, дотхэр, дзотхэр ди зауэлIхэм папщIэ Джылахъстэнейм щиухуащ. ГуащIэдэкI лэжьыгъэм щыпэрытхэт Мэмыхъу Къэралхъан, Нэзэр Лацэ, Берычэт Баблинэ, НэщIэпыджэ ФатIимэт, Тхьэгъэлэдж Таун сымэ, нэгъуэщIхэри. Нэхъыбэу щылажьэр жэщрат, сыту жыпIэмэ, махуэм нэмыцэ кхъухьлъатэхэм лагъымхэр къыхадзэрт, топкIэ къахэуэрт.
  • Зауэм и пэщIэдзэм Къэхъун журт гупышхуэ къэкIуащ, ебгъэрыкIуэ зэпыт фашистыдзэм зыщахъумэу. Абыхэми, иужькIэ нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа куэдми дэIэпыкъуныгъэ, псэупIэ, щыгъын, ерыскъы, лэжьыгъэ жылэм щагъуэтащ.
  • Бийр гъунэгъу къыщыхъум, колхоз Iэщым я нэхъыбэр къуршым зэпрахури, Куржым (Грузием) щагъэпщкIуащ. Къуажэ администрацэм и дэфтэрхэр зэуIу ящIри щIатIащ.
  • Ди щIыпIэм къыщызэрагъэпэщ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм къэхъундэсхэр мылъкукIи, шыкIи, цIыхукIи жыджэру хэтащ. Абы щыщ дзэхэм зыщагъэсащ Къэхъун къуажэм. 115-нэ шу дивизэм хэту лIыгъэ зэрахьэу Хэкур яхъумащ Къардэн Хьэмзэт, Къэмбэчокъуэ Алий, Езий Кушыку, Берычэт Нурхьэлий, Лъэпщокъуэ Мухьэмэд, Джатокъуэ Хьэжкъасым сымэ.
  • Нэмыцэхэр къуажэм дахужа иужькIэ къэхъундэсхэр аргуэру фронтым телажьэ хъуащ. Абыхэм даIыгъащ Тамбов колхозхэтхэм я жэрдэмыр икIи «Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм — ажал!» зыфIаща танк колоннэм мылъкушхуэ халъхьащ. Жыджэру абыхэм заемым Iэ традзащ, фронтым щыгъын хуабэхэр, ерыскъыхэкIхэр ирагъэшащ. Псоми къагурыIуэрт ахэр текIуэныгъэм я хэлъхьэныгъэу зэрыщытыр, ди зауэлIхэм яIэрыхьэ дэтхэнэ зы дэIэпыкъуныгъэри бийм шэуэ зэрытехуэр.
  • Зауэ нэужь лъэхъэнэм Къэхъуным зыдиужьыжащ. ЗэфIэгъэувэжа хъуащ колхозыр, къызэIуахыжащ еджапIэр, амбулаторэр, пощтыр, тыкуэныр, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэри. Куэд дэмыкIыу къэхъундэсхэм я цIэ республикэми къэралми щыIуащ. АрщхьэкIэ абыхэм я ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэхэр щаIар щIыпIэ хозяйствэр Жамборэ МуIэед и уна-фэм щыщIэта блыщI гъэхэращ. Къапщтэмэ, 1970 гъэм екIуэкIа союзпсо зэхьэзэхуэм «Къэхъун» Iэщгъашхэ совхозым етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Илъэс дэкIри, Урысей Федерацэм пашэныгъэр щиубыдащ. 1973 гъэм аргуэру ехъулIэныгъэшхуэ къэхъундэсхэм яIащ, урысейпсо зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр къыщахьри.
  • АбыкIи къызэтеувыIакъым къэхъундэсхэр. 1974 гъэм яIа ехъулIэныгъэфIхэм Iэмал къитащ Совет Союзым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуэу КПСС-м и ЦК-м, СССР-м и Министрхэм я Советым, ВЦСПС-м, ВЛКСМ-м я Бэракъ Плъыжь зэIэпахыр зыIэрагъэхьэну. Ебгъуанэ илъэситхум кърикIуахэр къапщытэжа иужькIэ, «Къэхъун» совхозым къэралым и фэеплъ дамыгъэрэ Бэракъ Плъыжь зэIэпахрэ къратри, СССР-м и ВДНХ-м и Союзпсо щIыхь пхъэбгъум иратхащ.
  • Мылъку и закъуэкIэкъым къэхъундэсхэр зэрыбейр. Къулейщ ахэр цIыху щэджащэхэмкIи. Я цIэ къипIуэну ирикъунщ цIыхубэ усакIуэ ХьэхъупащIэ Амырхъанрэ абы и къуэ шыкIэпшынауэ Iэзэу щыта Хьэсэнрэ, снайпер цIэрыIуэ Жамборэ Щэуал, зи гуащIэдэкI лэжьыгъэм игъэлъэпIахэу НэщIэпыджэхэ ФатIимэт, КIэш Гуащэгъагъ, Мэмыхъу Къэралхъан, Жамборэ МуIэед, КъардэнгъущI Iэмырбэч, къулыкъу лъагэ яIыгъыу лэжьахэу Шыбзыхъуэ Чэлимэт, Берычэт Хьэжумар, Мэжджыхь Нухь, Къандэхъу Мухьэрбий, Жыласэ Жыраслъэн, Езий Хьэжмурат, дохутыр Iэзэхэу Лъэпщокъуэхэ БетIал, МутIалиб, Хьэжысмел, Жэмыхъуэ Нэсабий, журналист цIэрыIуэ НэщIэпыджэ Ибрэхьим, щIэныгъэхэмкIэ докторхэу Къэмбэчокъуэ Iэдэм, Джатокъуэ Олег, уэрэджыIакIуэ Къул ФатIимэ, Тхьэгъэлэджхэ Муратрэ Зауррэ, нэгъуэщI куэдми.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.
  • Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым деж щытщ (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ) Къандэхъу Леонид, Гулэжын Беслъэн, Шыбзыхъуэ Къазбэч.

  • ЩIыхь къэрэгъул.

  • И лIыгъэм уэрэд хуэфащэт
  • ЛIыхъужьыгъэ зэрахьэу Хэкур яхъумащ Къэхъун къуажэм щалъхуа куэдым. Абыхэм ящыщщ зи гъащIэр щапхъэу щIэблэ куэдым хуагъэлъагъуэ зауэлI хахуэ Жамборэ Щэуал Къасым и къуэр.
  • И ныбжьыр ирикъури, 1939 гъэм и мазаем ар къулыкъу ищIэну дзэм ираджащ. ИкIи Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям и япэ махуэхэм щегъэжьауэ бийм пэщIэтахэм яхэтыну къыхуихуащ. Сыт хуэдэ гугъуехьрэ псэзэпылъхьэпIэрэ имыхуами, къыщыхъу щыIакъым абы и щIыб къыщигъэза е си щхьэр нэхъыфIщ жиIэу къыщыдзыха.
  • Зауэ IэнатIэм тынш щыIэкъым, ауэ снайперхэм яйр адрейхэм къащхьэщокI. Абы шыIэныгъэшхуэрэ Iэрыхуагъ инрэ хэлъын хуейщ. Апхуэдэхэр, дауи, куэд хъуркъым икIи ахэр зырыз-тIурытIурэ адэ-мыдэкIэ дзэм къыщыхащыпыкI. ТегъэщIапIэ нэхъыщхьэ ящIырт, къищынэмыщIауэ, и хьэл-щэныр, цIыхугъэр, зэфIэкIыр. А псом ищIыIужкIэ снайперу къащтэнум езым и фIэфIыныгъэ абы хэлъын хуейт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдизу «кхъузанэм щIагъэкI» IэнатIэм пэрыувэну щIэхъуэпсхэр, ар зыхузэфIэкIынухэр мащIэт.
  • Зыхэхуа батальоным щыщу снайпер хъуну хуейуэ къахэкIар Жамборэ Щэуал и закъуэт. Абы шэрыуэу фоч игъауэрт, абы къыхэкIыуи зауэм щIимыдзэ щIыкIэ «Ворошилов фочгъауэ» цIэр къыфIащат. Къыдэзауэхэм я гугъэт армэм ипэкIэ Щэуал щакIуэ Iэзэу щытауэ, зытригъапсэр хигъащIэ зэпыту къызэрекIуэкIым папщIэ.
  • Зауэ Бэракъ Плъыжь орденыр абы къыхуагъэфэщауэ щытащ бий 25-рэ зэрыхигъэщIам папщIэ. Зэман дэкIри, апхуэдэ дыдэ орден етIуанэуи къратащ. Абы щыгъуэм Жамборэм фашист 75-рэ зэтриукIат.
  • Мыгувэу Щэуал и сурэтымрэ и лIы-гъэм теухуа тхыгъэмрэ совет лъэхъэнэм нэхъ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэу щыта «Правда» газетым къытехуащ. Апхуэдэу къэралми щалъхуа щIыналъэми щызэлъащIысащ снайпер Iэзэ адыгэ щIа-лэм и лIыхъужьыгъэм теухуа хъыбарыр. Абы иригушхуар къызыхэкIа Жамборэхэ я закъуэкъым.
  • Щэуал зэрихьэ лIыгъэмрэ къигъэлъагъуэ хахуагъэмрэ ятеухуауэ 1943 гъэм Къэхъун пэкIушхуэ щекIуэкIащ. Абы хэтахэм я лъахэгъум хуагъэхьа письмом итт: «Иджыри къэс хуэдэу лIыгъэ пхэ-лъу адэкIи зауэ. Уащымысхь, ди Щэуал, нэмыцэ фашистхэм, букIахэм я бжыгъэм махуэ къэс хэгъахъуэ! Ар пхуэтщI унафэщ. Дэри укъыдогъэгугъэ, ди зауэлI хахуэ, Дзэ Плъыжьымрэ совет цIыхубэмрэ я пащхьэм щыдиIэ къалэнхэр щIигъуу икIи фIагъ ин иIэу дгъэзэщIэну». КъызыдэкIа жылэм и унафэр и псэр пытыху Жамборэ Щэуал игъэзэщIащ.
  • … Хэку зауэшхуэр иухыным зы илъэс къэнэжауэ, 1944 гъэм накъыгъэм и 8-м, Заполярьем щызауэ ди сэлэтхэм посылкэхэр яIэрыхьащ. А махуэм Щэуал и отделенэр и гъусэу и ныбжьэгъу икIи и лъахэгъу псыгуэнсудэс Мыз ТIутIэ зи унафэщI взводым и хэщIапIэм щыIэт. ЗауэлIхэр хуабжьу щыгуфIыкIащ посылкэхэм Къэхъун икIаи зэрыхэтыр. Абы илъыр IэфIу зэдашхащ, щалъхуа адыгэ щIыналъэр ягу къагъэкIыжащ. Зауэр иухмэ ящIэну я мурадхэмкIэ зэдэгуэ- шащ.
  • Шэджагъуэ нэужь хъуауэ Жамборэр и отделенэр игъусэу къежьэжыну зыщигъэхьэзырым ТIутIэ абы елъэIуащ:
  • — Щэуал, кхъыIэ, пшапэр зэхэуэхукIэ умыпIащIэ. Жэщ хъумэ, нэмыцэхэм нэхъ укъамылъагъуу укIуэжыфынщ.
  • — Умыгузавэ, — жэуап къитащ абы, — закъедгъэлъагъункъым. Пшапэр зэхэуэхукIэ иджыри фашист Iэджи хьэдрыхэ дгъэкIуэну къытпоплъэ.
  • Мыз ТIутIэ щIэгузавэм щхьэусыгъуэ иIэт. Жамборэр и гупыр дэщIыгъуу здыкIуэцIрыкIыжын хуей щIыпIэр нэмыцэхэм я Iэгум илъым хуэдэу нэщIт икIи зыри щызэрагъакIуэртэкъым.
  • Гу лъамытэу къэнакъым махуэ шэ- джагъуэм губгъуэм зэпрыкI совет сэлэтхэми икIи абыхэм къахэуэу хуежьащ. Къэуа лагъымхэм ящыщ зым и къута- хуэм лIыхъужьым и гур къигъэувыIащ. Абы щыгъуэм Щэуал и ныбжьыр илъэс 25-рэ хъуа къудейуэ арат икIи а зэманым ирихьэлIэу фашисти 125-м я псэр игъэ-нат.
  • Ныбжьэгъу пэжым и кIуэдыкIар гущIыхьэ ящыхъуащ къыдэзэуахэм. Абы-хэм тхьэ яIуащ фашисти 100-кIэ ялъ ящIэжыну. Щыхьэдагъэшхуэт Къэхъун къуажэми.
  • Лъэпкъми, жылэми, Хэкуми ящыгъупщакъым я щIыхьыр къэзыIэта, ар бий гущIэгъуншэм щызыхъума Жамборэ Щэуал. Абы и цIэр нобэ Къэхъуни Нарткъали я уэрамхэм зэрахьэ, псэууэ зи лIыгъэм уэрэд хуауса лIыхъужьым и щапхъэм щIэблэщIэр щIапIыкI.
  • ТАМБИЙ Линэ.