ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къанщобий,  Хьэбас,  Хьэсэн

2020-06-10

  • 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди цIыхубэм къыщахьа ТекIуэныгъэ Иным ялъэкIыр халъхьащ адыгэхэми. Бий ерум пэщIэту фронтым псэемыблэжу Iута зауэлIхэм куэду яхэтащ зы унагъуэм икIахэр, зы адэ-анэм къалъхуахэр. Апхуэдэхэм ящыщщ Къардэн Екъуб и къуэхэу Къанщобий, Хьэбас, Хьэсэн.

  • Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Шэджэм Езанэ жылэм къыщалъхуащ зэшхэр: Къанщобий — 1903 гъэм, Хьэбас — 1921 гъэм, Хьэсэн — 1923 гъэм. Къэралым шынагъуэ къыщыщхьэщыхьа 1941 гъэм и гъэмахуэм Къардэн Екъуб зауэ IэнатIэм Iуигъэуващ и къуищри, я хэку-анэр, щалъхуа щIыналъэр щхьэмыгъазэу яхъумэну къыхуриджэри.
  • Быным я нэхъыжь Къанщобий зэуэн щыщIидзащ Ипщэ фронтым. Ипщэ фочауэ лъэсыдзэ полкым хэту, ар яхэтащ фельдмаршал Фон-Клест и унафэм щIэту ди щIыпIэр къазэуну къихьа нэмыцэдзэ къыхэхам. Танкрэ кхъухьлъатэкIэ нэсу къызэгъэпэща биидзэр лъэщт икIи сыткIи къефIэкIырт ди дзэхэм. Ди зауэлIхэр абыхэм зэрефIэкIыр зы закъуэт: я къэралым хуаIэ лъагъуныгъэ лъэщырт, абы и щхьэхуитыныгъэр яхъумэн папщIэ я псэ щымысхьу зэрызэуэнурт. И гумрэ и псэмрэ щыщыIэ апхуэдэ гуращэхэм къару къыхалъхьэрт адыгэ зауэлI Къанщобии. ЛIыпIэ иувауэ зауэ IэнатIэм Iухьа Къардэн Къанщобий къикIуэт имыщIэу бийм пэщIэтащ, зауэлI куэдым щапхъэ яхуэхъуу. Хэку зауэшхуэм къыщигъэлъэгъуа хахуагъэмрэ зэрихьа лIыгъэхэмрэ къапэкIуэу абы къыхуагъэфэщауэ щытащ къэрал дамыгъэ куэд. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, «Кавказыр зэрахъумам папщIэ», «Хэку зауэ» орденым и етIуанэ нагъыщэр, «Берлин къызэращтам папщIэ», «Германием дызэрытекIуам папщIэ» орденхэр, нэгъуэщIхэри.
  • Зауэр иухыу и хэку къигъэзэжа нэужь, Къанщобий Шэджэм МТС-м бухгалтеру щылэжьащ илъэс куэдкIэ. И псэ хьэлэл лэжьыгъэм папщIэ абы мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, къэрал дамыгъэ лъапIэхэр. Къанщобий дунейм ехыжащ 1961 гъэм. Я адэ лIыхъужьым, адэшхуэ IэфIым и фэеплъыр ноби сакъыу яхъумэ абы къыщIэна и бынхэу Вячеславрэ Светланэрэ, абыхэм къащIэхъуа щIэблэ дахэм.
  • Зэшхэм я курыт Хьэбас илъэс 20-м итт Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям щыгъуэ. Езым хуэдэ и къуажэгъу куэдым ещхьу, комсомолец жыджэрыр фронтым Iухьащ, щалъхуа и Хэку-анэр нэмыцэ фашистхэм ящихъумэну. ЛIыгъэ ин къигъэлъагъуэу, хахуагъэ хэлъу зэуащ сержант нэхъыщIэ Къардэн Хьэбас. Зауэм и пэ дыдэм къыщIэдзауэ и кIэм нэс Iэщэр иIыгъащ, бийр щысхьырабгъу имыIэу хигъащIэу.
  • Хьэбас куэдрэ игу къигъэкIыж зэзауэхэм ящыщт Свирь псым и Iуфэхэм 1944 гъэм щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэр. Ар зыхэт мотобатальоным и къалэнт 14-нэ дзэм и зауэлIхэр псым зэпришын хуейуэ, бийм къиутIыпщ топышэм хэту. А пщэрылъыр ныкъусаныгъэншэу зэфIагъэкIауэ щытащ адыгэ щIалэр зыхэт гупым. Абы щхьэкIэ Къардэн Хьэбас къыхуагъэфэщауэ щытащ Сталиным къыбгъэдэкI щытхъу псалъэхэр зэрыт фIыщIэ тхылъ. Апхуэдэ фIыщIэ тхылъ плIэнейрэ къратащ щIалэ хахуэм, Петсамо, Никель, Ахма-лахти, Сальмиярви, Киркенес жылэхэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIагъэкIыжым щыгъуэ.
  • «Хэку зауэ» орденым и езанэ, етIуанэ нагъыщэхэр, медаль куэд зыхуагъэфэща зауэлI Къардэн Хьэбас зауэ нэужьым и къаруушхуэ ирихьэлIащ бийм зэхикъута цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным. Ар илъэс куэдкIэ хьэлэлу щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр газет-журнал тедзапIэм.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщу Къардэн Хьэбас и закъуэщ Москва и Утыку Плъыжьым щекIуэкI хабзэ ТекIуэныгъэм и пэкIум плIэнейрэ хэтар. Япэ дыдэу ар къыщыхъуар 1945 гъэм и мэкъуауэгъуэм и 24-рщ. Абы щыгъуэм Къардэным и ныбжьыр илъэс 24-рэ ирикъуатэкъым. Хэку зауэшхуэм щызэрихьа лIыгъэхэм къапэкIуа пщIэ лъагэмрэ жылагъуэ гулъытэ инымрэ я щыхьэту, Хьэбас иджыри щэнейрэ ягъэкIуащ ТекIуэныгъэм и къэралпсо пэкIу нэхъыщхьэм: 1985, 1990, 1995 гъэхэм.
  • И шынэхъыжьхэм яхуэфащэу псэуащ зауэлI хахуэ, совет, урысей композитор, РСФСР-м и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Къэрал саугъэтым гъуазджэмкIэ и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Гимныр зытха Къардэн Хьэсэни. Школым щыщIэса зэманым ар музыкэм дихьэхыу хуежьащ икIи цIыхубэ Iэмэпсымэхэм я оркестрым хэтащ, абыхэм еуэфу зригъэсащ. И адэр дунейм ехыжа нэужь, 1937 гъэм Налшык къалэ дэт интернатым щеджэу, абы къыгурыIуащ музыкэр IэщIагъэ зэрыхуэхъунур, ауэ дэзыхьэха Iуэхум зритыну хунэсакъым, Хэку зауэшхуэр къэхъейри. Ар 1942 гъэм фронтым кIуащ икIи зауэр иухыху тIасхъэщIэхыу щытащ. Кавказыр, Украинэр, Польшэр, Чехословакиер хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ.
  • ЛIыгъэ къигъэлъагъуэу зауэ IэнатIэм Iута, а мафIае гъуэгуанэ кIыхьыр къанэ щымыIэу зыкIуа Хьэсэн унэм къыщыкIуэжар адрей и къуэш нэхъыжьитIым яужькIэщ, 1946 гъэращ. Абы и бгъэм щылыдырт «ЩIыхь» орденым и ещанэ нагъыщэр, «Хэку зауэ» орденым и етIуанэ нагъыщэр, медаль зыбжанэ.
  • Мамыр гъащIэм тыншу хэзэгъэжащ Хьэсэн. Композитор IэщIагъэр зэзыгъэгъуэтыну зи мурад щIалэр Римский-Корсаков и цIэр зэрихьэу Ленинград къалэм дэт консерваторэм щIэтIысхьащ зауэ нэужьым. Абы и япэ лэжьыгъэ нэхъ цIэрыIуэу уващ «Дыщалъхуа хэкум» зыфIища симфоние теплъэгъуэр. Композиторым музыкэ лэжьыгъэ 400-м щIигъу итхащ. Абыхэм яхэтщ симфониехэр, макъамэ спектаклхэр, цIыху куэдым фIыуэ ялъэгъуа уэрэдхэр. Апхуэдэу Балэ Мухьэдин щIыгъуу Къардэн Хьэсэн итхащ «Мадинэ» япэ къэбэрдей лъэпкъ оперэр. 1992 гъэм Къардэн Хьэсэн и лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыр — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Гимныр, пагагъэрэ лъагъуныгъэкIэ гъэнщIар, итхащ.
  • Хьэсэн и зэфIэкIымрэ абы къигъэлъэгъуа творческэ ехъулIэныгъэхэмрэ яхуэфэщэн пщIэ къэралым къыхуищIащ. Абы къратащ «ЩIыхьым и дамыгъэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденхэр, къыфIащащ цIэ лъагэхэр.
  • Къардэн Екъуб и къуэхэу Къанщобий, Хьэбас, Хьэсэн сымэ я гъащIэр лэжьыгъэм хуэпэжу щытынымкIэ, къыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым и фIыгъуэм телэжьэнымкIэ щапхъэщ. Ахэр лъэпкъым куэдрэ ягу илъынущ.
  • КЪАРДЭН Хьэдис,
  • тхыдэ  щIэныгъэхэм я кандидат.