ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Къэрал къулыкъущIапIэхэр'

«ЛъагапIэщIэ» зэпеуэм и кIэух Iыхьэр йокIуэкI

2018-12-22

  • Налшык дэт Музыкэ театрым дыгъэгъазэм и 19-м щыщIидзащ «ЛъагапIэщIэ» зэпеуэм и иужьрей Iыхьэм. А Iуэхум ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм къекIуэлIахэм хъуэхъу псалъэкIэ зыхуагъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, КIэлъыплъакIуэ советым и пашэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэ-щIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ, республикэм и къэрал властым и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэм, нэгъуэщIхэми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

УнагъуэщIэхэм псэупIэ къращэхуну сом мелуани 100-м нэс иратынущ

2017-06-24

  • Мэкъуауэгъуэм и 22-м КъБР-м и Правительствэм и зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ абы и УнафэщI Мусуков Алий.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

Газзаев Валерий: ПсэупIэ фондым реновацэмкIэ и проектыр урысейпсо Iуэху щIыпхъэщ

2017-06-15

  • Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымкIэ, туризмэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Газзаев Валерий топсэлъыхь Москва    и псэупIэхэр реновацэ щIыным (жьы хъу унэхэр ирахыу щIэхэр яухуэным) ехьэлIа законопроектым теухуауэ парламент едэIуэныгъэхэм кърикIуахэм:
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

Урысейпсо къалэнхэр дэгъэкIын Кремлым щекIуэкIащ Къэрал Советымрэ УФ-м и Президентым и деж УФ-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэмкIэ зыхуэплъэ мурадхэр гъэзэщIа зэрыхъум кIэлъыплъынымкIэ щыIэ комиссэмрэ зэщIыгъуу къызэрагъэпэща зэIущIэр. Абы хэтащ КIуэкIуэ Ю. А.

2017-05-05

  •  Дыгъуасэ Путин Владимир Кремлым щригъэкIуэкIащ Къэрал Советымрэ    УФ-м и Президентым и деж Урысейм и социально-экономикэ зыужьыныгъэмкIэ зыхуэплъэ мурадхэр гъэзэщIа зэ рыхъум кIэлъыплъынымкIэ щыIэ комиссэмрэ зэщIыгъуу къызэрагъэпэща зэIущIэр. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

ГъуэгущIэм игъуэтыну теплъэр зыхуэдэм гулъытэ хуащI

2017-05-03

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ Мэлба- хъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым и автомобиль гъуэгур зэгъэпэщыжыным пыщIа Iуэхугъуэхэр щызэпкъраха зэIущIэ. Абы хэтащ республикэм и Премьер-министр Мусуков Алий, Iуэхур зэхьэлIа министерствэхэм, ведомствэхэм, Налшык къалэ округым и администрацэм, промышленнэ предприятэхэм, бизнес IэнатIэхэм, жылагъуэ организацэхэм я унафэщIхэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

ХэкIыпIэфIхэр я гъуазэу

2017-04-01

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм дыгъуасэ щекIуэкIа зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий, УФ-м Шы спортымкIэ и федерацэм и унафэщI Сечинэ Маринэ, «Росипподром» акционер жылагъуэ зэIухам (ООО) и тхьэмадэ Исаков Николай сымэ. Абыхэм зэгурыIуэныгъэ щхьэпэ зэращIылIащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

Я лэжьыгъэм арэзы тохъуэ

2017-02-15

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ 2016 гъэм кърикIуахэмрэ мы илъэсым къапэщытхэмрэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

«Анэм и щIыхь» медалыр бзылъхугъэ 17-м хуагъэфащэ

2016-11-26

  • Урысейм Анэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий бын куэд зиIэ бзылъхугъэ 17-м «Анэм и щIыхь» медалыр яритащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

Нэхъ хуэмыщIахэр сыт щыгъуи гулъытэ хуэныкъуэщ

2016-10-12

  • КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Дадэ МуIэед республикэм лэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Тюбеев Альберт, абы и къуэдзэхэр, департаментхэмрэ къудамэхэмрэ я унафэщIхэр хэту иригъэкIуэкIа зэIущIэр зытеухуауэ щытар КIуэкIуэ Юрий Парламентым Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэува къалэнхэмрэ дызэрыт илъэсым и гъатхэпэ мазэм IэнатIэхэм щекIуэкIа зэIущIэхэм япкъ иткIэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым игъэува протокольнэ пщэрылъхэмрэ гъэзэщIа зэрыхъурщ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

Лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэр ди къарум и хэкIыпIэщ

2016-07-20

  •  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Граждан жылагъуэ  IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ   и  управленэм и унафэщI   КIурашын  А. В. иджыблагъэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм  и Президентым 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №602-р гъэзэщIэнымкIэ ведомствэхэм зэдай лэжьакIуэ гупым я зи чэзу зэIущIэр.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

УнафэщIыр къащотхъу

2016-07-02

  • Урысей Федерацэм и Пенсэ фондым и правленэм и УнафэщI Дроздов Антон, КъБР-м и Правительствэм и Iэтащхьэ Мусуков Алий щIыгъуу, щыIащ ПФР-м КъБР-м щиIэ къудамэм икIи абы и лэжьакIуэхэм я Iуэху зыIутыр зригъэщIащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

КIуэкIуэ Юрий илъэс ныкъуэм кърикIуахэм ятеухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ

2016-06-30

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий иригъэкIуэкIащ 2016 гъэм и япэ мазихым Къэбэрдей-Балъкъэрым иIа социально-экономикэ зыужьыны-гъэм теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, министерствэ, ведомствэ щхьэхуэхэм, Налшык къалэ округым и щIыналъэ администрацэм я унафэщIхэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

Къалэм гъущI гъуэгухэр дахынущ

2016-06-04

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий КъБР-м и Правительствэм и Унэм дыгъуасэ зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ Налшык къалэ кIуэцIым щыIэ гъущI гъуэгу зэпрыкIыпIэхэр зыхуей хуэгъэзэным. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, министерствэхэмрэ къулыкъущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ я унафэщIхэр, Налшык къалэ администрацэм, къалэ УВД-м, УГИБДД-м я лIыкIуэхэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

Къуэдзокъуэ Мухьэмэд республикэм и къалащхьэм и унафэщIщ

2014-03-27

  • Налшык къалэ округым щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и советым дыгъуасэ иригъэ­кIуэкIа 29-нэ сессием щIыналъэ ­администрацэм и Iэтащхьэу щагъэ­уващ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. Абы и кандидатурэр къыхалъхьащ къалэм и Iэтащхьэм и къулыкъум увынур къыхэхыным теухуауэ ирагъэ­кIуэкIа конкурсым кърикIуахэм япкъ иткIэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

Ахъуэхъу Къанщобий Шэджэм районым и Iэтащхьэщ

2014-03-27

  •    Дыгъуасэ Шэ­джэм районым щIыпIэ унафэр зе­гъэкIуэнымкIэ и советым и чэзу зэIущIэ екIуэкIащ. Абы депутатхэм зэакъылэгъуу район администрацэм и Iэтащхьэу щы­хахащ а къулы­къур пIалъэкIэ зыгъэ­защIэу щыта ­Ахъуэхъу Къанщобий.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр

« Раньше