Балъкъэрхэр залымыгъэкIэ я лъахэм щрагъэкIа махуэм ирихьэлIэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм исхэм зэрызахуигъазэр
2023-03-07
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Си лъахэгъу лъапIэхэ!
- Гъатхэпэм и 8-м илъэс 79-рэ ирокъу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и тхыдэм къыщыхъуа гузэвэгъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщыр — балъкъэр лъэпкъыр щрагъэкIауэ щыта махуэр. Дэ лъахъшэу ди щхьэр яхудогъэщхъ залымыгъэмрэ хабзэншагъэмрэ я зэранкIэ хэкIуэдахэм, зи жьэгу пащхьэм къекIуэлIэжыну зыхузэфIэмыкIахэм. Абыхэм я фэеплъыр дэ зэи тщыгъупщэнкъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха