ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ХэкIыпIэфIхэр я гъуазэу

2017-04-01

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм дыгъуасэ щекIуэкIа зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий, УФ-м Шы спортымкIэ и федерацэм и унафэщI Сечинэ Маринэ, «Росипподром» акционер жылагъуэ зэIухам (ООО) и тхьэмадэ Исаков Николай сымэ. Абыхэм зэгурыIуэныгъэ щхьэпэ зэращIылIащ.
  •  
  • Зэхыхьэм кърихьэлIащ республикэм и министерствэ, ведомствэ зэмылIэужьыгъуэхэм я тхьэмадэхэр, щIыналъэм ит шы заводхэм я унафэщIхэр, зи гугъу тщIы спорт лIэужьыгъуэм куэд щIауэ дихьэххэр, нэгъуэщIхэри.
  • — Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм ижь-ижьыж лъандэрэ шыр фIыуэ зэрытлъагъум, адыгэшыр дуней псом цIэрыIуэ зэрыщыхъуам дыщыгъуазэщ. Абы къыхэкIыуи, зи гугъу тщIы псэущхьэ телъыджэм пыщIа спорт лIэужьыгъуэхэм ди деж нэхъри зыщегъэужьыжын хуейуэ къыдолъытэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, къытщIэхъуэ щIэблэр шы спортым дедгъэхьэхын папщIэ, ди шы заводхэри зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыпхъэщ, шы къэгъэжапIэхэри иджырей мардэхэм къитIасэу щыгъэтыпхъэщ. Иужьрейм и IуэхукIэ, фIыщIэ ин хуэсщIыну сыхуейт «Росипподромхэр» ООО-м и унафэщIхэм. Абыхэм лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ ди къалащхьэр зыгъэбжьыфIэ шы къэгъэжапIэ нэхъыщхьэр иджырей мардэхэм къитIасэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIауэ, — къыхигъэщащ КIуэкIуэ Юрий, къызэхуэсахэм защыхуигъазэм.
  • ЗэIущIэм щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэм и мыхьэнэр зыхуэдэм тепсэлъыхьа иужькIэ, Исаков Николай жиIащ:
  • — Ди акционер зэгухьэныгъэм хохьэ УФ-м и шыгъэжапIэу 28-рэ. Налшык дэт ипподромри абыхэм ящыщщ. Мыбдежым къыщыхэзгъэщыну сфIэигъуэщ, шы спортым зыщегъэужьынымкIэ фи республикэр ди къэралым и щIыналъэ нэхъ къезэгъхэм зэрыхалъытэри, — къыхигъэщащ абы.
  •  УФ-м Шы спортымкIэ и федерацэм и унафэщI Сечинэ Маринэ ди республикэм зэрыщыхьэщIа махуэхэр гукъинэж зэрыщыхъуар, щилъэгъуа щIыпIэ телъыджэхэм зэрыдихьэхар къигъэлъэгъуащ.
  • — Фи щIыналъэм и дахагъэм, зи гугъу тщIы псэущхьэр фи цIыхухэм ижь-ижьыж лъандэрэ фIыуэ зэралъагъум ди фIэщ ещI шы спортым фи деж зыщегъэужьынымкIэ хэкIыпIэфIхэр фызэриIэр, абы и лъэныкъуэкIэ нобэ зэтщIылIа зэгурыIуэныгъэми IэмалыфIхэр къызэрыдитыр, — щыжиIащ мы зэIущIэм Сечинэ Маринэ.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.