ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

УнагъуэщIэхэм псэупIэ къращэхуну сом мелуани 100-м нэс иратынущ

2017-06-24

  • Мэкъуауэгъуэм и 22-м КъБР-м и Правительствэм и зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ абы и УнафэщI Мусуков Алий.
  •  
  • ЗэIущIэм щыхэплъащ унафэ 19-м я проектхэм. Нэхъ къыхэгъэщыпхъэхэм ящыщщ республикэм и цIыхухэр IэнатIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным теухуауэ КъБР-м къыщащта къэрал программэр. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэхэмкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и ми-нистрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Ацкъан Ратмир зэрыжиIамкIэ, «КъБР-м и цIыхухэр IэнатIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным теухуа» программэм «Зи узыншагъэм сэкъат иIэ щIалэгъуалэр егъэджэнымкIэ, IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ защIэгъэкъуэн» Iуэху гуэдзэн къыхагъэхьэ. УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и министерствэм и жардэмкIэ, IуэхущIэ къыхалъхьащ зи ныбжьыр балигъыпIэм нэмыса бын зыпI адэ-анэхэм къатемыхьэлъэ лэжьыгъэкIэ къызэрагъэпэщыну.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ — Къэбэрдей-Балъкъэр Республи-кэм егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Емуз Нинэ тепсэлъыхьащ курыт еджапIэхэр автобускIэ къызэгъэпэщыным:
  • — ЕджакIуэхэм я бжыгъэр хэхъуащ, школым нэс зышэн-къэзышэжын зэрыхуейр къалъытэри, 2017 гъэм УФ-м и щIыналъэхэм я курыт еджапIэхэр автобускIэ къызэрагъэпэщыну траухуащи, КъБР-м и курыт еджапIэхэм иджырей IэмэпсымэхэмкIэ зэщIэузэда автобус 93-рэ къратынущ. КъищынэмыщIауэ, федеральнэ мылъкукIэ автобус къыхуащэхунущ «Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжми», — жиIащ министрым.
  • Апхуэдэу зэIущIэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м и район-хэм щыпсэу унагъуэщIэхэм псэупIэ къызэращэхуну ахъ-шэр зэрытрагуэшэну щIыкIэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяй- ствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Швачий Татьянэ зэрыжиIамкIэ, «УнагъуэщIэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщы-           ным теухуа» программэм ипкъ иткIэ, мы Iуэхум сом мелуан 99,5-рэ хухагъэкIынущ. Абы щыщу сом мелуан 63,9-р федеральнэ мылъкум, сом мелуани 5,5-р республикэ бюджетым, сом мелуан 30,1-р щIыпIэ мылъкум къыхахынущ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Говоров Сергей зэIущIэм къыщыщыпсэлъам жиIащ 2017 — 2025 гъэхэм мэкъумэшым зезыгъэужьын щIэныгъэ-техникэ лъабжьэ къызэгъэпэщыным зи нэIэ тетыну комиссэ Правительствэм зэхишэн зэрыхуейм. Абы къыхигъэщащ комиссэм цIыху 25-рэ зэрыхэтынур икIи мы Iуэхум федеральнэ мылъку зэрытемыкIуэдэнур.
  • Кавказым и щхьэхуитыныгъэм щхьэкIэ екIуэкIа зауэр зэриухрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум теухуауэ республикэм щрагъэкIуэкIыну «Заоблочный фронт» зауэ-тхыдэ фестивалыр къызэзыгъэпэщын, езыгъэкIуэкIын комитет зэрыхуейм и гугъу ищIащ КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Гергоков Джамбулат.
  • КъБР-м щIымрэ мылъкумрэ я IуэхухэмкIэ и министр Уэщхъун Тимур жиIащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIэ Следственнэ комитетым унэщIэ зэрыратыр.
  • КъБР-м и Правительствэм и зэIущIэ зэхашэху «Урысей зэкъуэт» урысейпсо политикэ партым КъБР-м щиIэ къудамэм иригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьыну унафэ зэращIам тету, «Къалэ паркхэр», «Къалэ щIыуэпс», «Щэнхабзэм и унэ» программэхэр здынэсам хэплъащ. Абыхэм теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ Тэрч, Iуащхьэмахуэ, Бахъсэн, Прохладнэ щIыпIэ администрацэхэм я Iэтащхьэу Дадэ МуIэед, Залиханов Къанщобий, Мамхэгъ Хьэчим, Журавлёв Андрей сымэ.
  • Фырэ  Анфисэ.