ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Урысейпсо къалэнхэр дэгъэкIын Кремлым щекIуэкIащ Къэрал Советымрэ УФ-м и Президентым и деж УФ-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэмкIэ зыхуэплъэ мурадхэр гъэзэщIа зэрыхъум кIэлъыплъынымкIэ щыIэ комиссэмрэ зэщIыгъуу къызэрагъэпэща зэIущIэр. Абы хэтащ КIуэкIуэ Ю. А.

2017-05-05

  •  Дыгъуасэ Путин Владимир Кремлым щригъэкIуэкIащ Къэрал Советымрэ    УФ-м и Президентым и деж Урысейм и социально-экономикэ зыужьыныгъэмкIэ зыхуэплъэ мурадхэр гъэзэщIа зэ рыхъум кIэлъыплъынымкIэ щыIэ комиссэмрэ зэщIыгъуу къызэрагъэпэща зэIущIэр. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий.
  •  
  • Зытепсэлъыхьа Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ къалэн куэд зыгъэзащIэ центр -хэр къагъэсэбэпурэ цIыхухэм къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыхуащIэр, социальнэ IэнатIэм и Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр зыхуэдэр, цIыхухэр унэ кхъахэхэм къыщIэгъэIэпхъукIыныр.
  • «Накъыгъэм къыдэкIа указхэр» зэра гъэзащIэм и фIыщIэкIэ лъэпкъпсо къалэнхэр дэгъэкIыным хуэгъэзауэ властым и IэнатIэхэмрэ цIыхубэмрэ яку дэлъ зэпы щIэ ныгъэхэр игъэбыдащ. Лэжьыгъэр нэ ры лъагъуу ефIэкIуащ, жылагъуэ кIэлъып лъыныгъэ зэрызэтрагъэувам и фIыщIэ кIэ», — жиIащ Путин В. В. зэIущIэр къы щы зэIуихым.
  • Урысейм и Президентым яхуэфэщэн пщIэ яхуищIащ къэралым и щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэмрэ абыхэм я унафэм щIэт гупхэмрэ зэфIагъэкIахэм: «Федерацэм и субъектхэм Iуэхум губзыгъагъэрэ жэуап лыныгъэрэ яхэлъу щыбгъэдыхьащ, мылъкурэ зэфIэкIыу щыIэ псори цIыхухэм я  гугъуехьхэр къызэнэкIыным хуаунэтIащ икIи, сыт хуэдэ лъэпощхьэпо щымыIами, ипэжыпIэкIэ пщIэшхуэ зыхуэфащэ лэ жьыгъэхэр дагъэкIащ. Апхуэдэ Iуэхухэр щыдагъэкIащ социальнэ IэнатIэм, къэрал управленэм, апхуэдэу иджырей лэжьапIэ IэнатIэхэр, бизнесыр зыхуэныкъуэ иджы рей хэкIыпIэхэр къызэрагъэпэщащ, псэу пIэм и фIагъыр экологием и IэнатIэр ирагъэфIэ кIуащ».
  • Къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр зыгъэзащIэ центрхэм я гугъу щищIым, Путин В. В. къигъэлъэгъуащ абыхэм къэрал Iуэхутхьэбзэ псори цIыхухэм зэрыхуащIэр. Къы зэрабжыжамкIэ, нэгъабэ апхуэдэ центрхэм Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр  кърагъэщIащ цIыху мелуан 60-м.
  • ЗэIущIэм гулъытэ хэха щыхуащIащ цIыху хэр унэ кхъахэхэм къыщIэгъэIэп хъукIынымкIэ программэхэр гъэзэщIа зэ рыхъум. Сыт хуэдэ гугъуехьхэр щымыIами, къыхигъэщхьэхукIащ Путин Владимир, субъектхэм я нэхъыбапIэр къапэщыт къалэнхэм яполъэщ. 2017 гъэм мэ лы жьы хьым и 1-м ирихьэлIэу псэу пIэ щIэхэм щIагъэтIысхьэжащ ягъэIэпхъуэн хуейуэ къэ ра лым щатха псоми я процент 73-м щIи гъур.
  • ЗэIущIэм хиубыдэу Путин В. В. УФ-м и Пра вительствэм къалэн щищIащ унэ кхъа хэхэм щIэсхэр къыщIэгъэIэпхъукIы ным кIэ зэман кIыхькIэ къагъэсэбэпыну зэрылэжьэну Iэмалхэр щIыналъэхэм ящIыгъуу зэхилъхьэну икIи а документыр гъэзэщIэным 2019 гъэм щIышылэм и 1-м щIидзэну. Абы нэсыху ягъэлэжьэну я мурадщ ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ фондыр.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.