ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэр ди къарум и хэкIыпIэщ

2016-07-20

  •  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Граждан жылагъуэ  IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ   и  управленэм и унафэщI   КIурашын  А. В. иджыблагъэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм  и Президентым 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №602-р гъэзэщIэнымкIэ ведомствэхэм зэдай лэжьакIуэ гупым я зи чэзу зэIущIэр.
  • Абы хэтащ КъБР-м и къэрал чэнджэщэгъу Къэрмокъуэ Хь. М., КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъухэу Уянаевэ А. М., Дроздов И. П. сымэ, Къэбэрдей-Балъкъэр   Республикэм  и муниципальнэ   районхэм я Iэтащхьэхэм я къуэдзэхэу къэралым и лъэпкъ политикэр пхыгъэкIынымкIэ жэуап зыхь- хэр, министерствэ, ведомствэ щхьэхуэхэм я лIыкIуэхэр.
  • Республикэм Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм         и унафэщIым и къуэдзэ Гергоков Д. Б. зэIущIэм          щищIа докладыр теухуауэ щытащ къэрал властым        и органхэм лъэпкъ зэгурымыIуэныгъэхэр къэмыгъэхъуным хуэгъэзауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным.
  • Абы къыхигъэщхьэхукIащ «2016 — 2020 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэмрэ ядэлэжьэныр» Къэбэрдей-Балъкэр Республикэм и къэрал программэр Правительствэм   2016 гъэм  гъатхэпэм   и   30-м къыдигъэкIа унафэ №46-ПП-мкIэ къызэрищтар икIи УФ-м и Президентым и Указым къыщигъэув къалэнхэр гъэзэщIэнымкIэ ар хуабжьу сэбэп хъуну къызэрилъытэр. Къэрал лъэпкъ политикэр пхыгъэкIыным хуэунэтIа программэхэр ягъэзэщIэн папщIэ республикэм и бюджетым щыхухаха ахъшэр сом      мелуан 11,6-м ноблагъэ. Апхуэдэу «Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэнымрэ абыхэм я щэнхабзэ зыужьыныгъэм зегъэубгъунымрэ (2014-2020 гъэхэм)» федеральнэ программэ хэхам ипкъ иткIэ 2016 гъэм къриубыдэу сом мелуанитIрэ мин 558-рэ республикэм къыIэрыхьэнущ.
  • Урысей Федерацэм и Президентым 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа Указым къигъэувхэр гъэзэщIэнымкIэ зэфIагъэкI Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ республикэм ис лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэм зэпымыууэ зэрыкIэлъыплъыр. А лэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьэным хуэунэтIащ къэрал лъэпкъ политикэр гъэзэщIэным, дин экстремизмэм пэ- щIэтыным зэщIыгъуу зэделэжьынымкIэ ди республикэмрэ Лъэпкъхэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэмрэ 2015 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м зэращIылIа зэгурыIуэныгъэ.
  • Ведомствэхэм зэдай лэжьакIуэ гупым я зэIущIэм апхуэдэу къыщыпсэлъащ Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Афашоковэ Р. Д., Тэрч муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Семэн П. Г., Прохладнэ къалэ округым и щIыналъэ администрацэм щэнхабзэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, спортымкIэ и къудамэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Анастасиевэ Л. Н. сымэ. Абыхэм зэIущIэм хэтахэр щыгъуазэ ящIащ лъэпкъ, дин зэгурымыIуэныгъэхэр къэмыгъэхъунымкIэ            езыхэм я муниципальнэ щIыналъэхэм щызэфIагъэкIхэм, апхуэдэу а щIыналъэхэм къэIэпхъуэхэм- рэ иIэпхъукIхэмрэ  ятеухуа бжыгъэхэм.
  • Доклад зыщIахэмрэ къэпсэлъахэмрэ жаIахэм  япкъ иткIэ зэIущIэм хэтахэм къащтащ Къэбэрдей-Балъкэр Республикэм Граждан жылагъуэ  IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм  хуэгъэза  чэнджэщ   пыухыкIахэр.  Апхуэдэу лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэм зэрыкIэлъыплъыр муниципальнэ щIыналъэхэм щегъэфIэкIуэнымкIэ муниципальнэ районхэмрэ  къалэ  округхэмрэ я щIыналъэ администрацэхэр  нэхъ зэгугъун хуейуэ щыIэ Iуэхухэр къыхагъэщхьэхукIащ.