Дунейпсо адыгэ диктант
2023-03-11
- Ди лъэпкъэгъухэр куэду щыпсэу республикэхэмрэ къэралхэмрэ илъэс зыбжанэ хъуауэ къыщызэрагъэпэщ Дунейпсо адыгэ диктант. Мы гъэм ар етхуанэу екIуэкIынущ. Адыгэ тхыбзэм и махуэм, гъатхэпэм и 14-м, ирырагъэхьэлIэ Iуэху дахэхэм ящыщ, лъэпкъым и цIыху пажэхэр, бзэмрэ хабзэмрэ зи гурыщIэм щызыгъафIэ хэкупсэхэр къызэщIэзыубыдэ а Iуэрытхыр къыхилъхьауэ щытащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм анэдэлъхубзэмкIэ и къудамэм. Диктантым и мурад нэхъыщхьэщ адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыныр, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр адэкIи егъэфIэкIуэныр, щэнхабзэр хъумэныр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха