ГъуэгущIэм игъуэтыну теплъэр зыхуэдэм гулъытэ хуащI
2017-05-03
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ Мэлба- хъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым и автомобиль гъуэгур зэгъэпэщыжыным пыщIа Iуэхугъуэхэр щызэпкъраха зэIущIэ. Абы хэтащ республикэм и Премьер-министр Мусуков Алий, Iуэхур зэхьэлIа министерствэхэм, ведомствэхэм, Налшык къалэ округым и администрацэм, промышленнэ предприятэхэм, бизнес IэнатIэхэм, жылагъуэ организацэхэм я унафэщIхэр.
- Зэхыхьэр къыщызэIуихым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ лъэмыжыр зэпкърыхыным, транспорт гъуэгущIэ ухуэным теухуа я унафэр Урысейм ТранспортымкIэ и министерствэмрэ «Кавказ Ищхъэрэ гъущI гъуэгу» зэгухьэныгъэмрэ (СКЖД-мрэ) къызэрыдаIыгъар.
- — Гъуэгу шынагъуэншагъэр егупсысауэ къызэрагъэпэщри, нэхъ лэжьыгъэ гугъухэр зэщхьэщыхауэ и кIэм нагъэблэгъащ, — къыхигъэщащ КIуэкIуэ Юрий.
- Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхум жыджэру зэрыхэтам папщIэ, щIыналъэм и унафэщIым хьэрычэтыщIэхэм я зэгухьэныгъэм фIыщIэ яхуищIащ. КъыкIэлъыкIуэ зи чэзу Iуэхугъуэу абы къигъэлъэгъуащ рулым дэсхэмрэ лъэсхэмрэ тыншу зэблэкIыфын папщIэ, щытыкIэ тэмэм къахузэгъэпэщын зэрыхуейр.
- ГъуэгущIэм игъуэтыну теплъэр зыхуэдэм гулъытэ хэха хуащIащ. ЗэIущIэм щызэгурыIуащ зэрагъэпэщыжыну щIыпIэр къэзыщтэну предприятэр къыха-хын папщIэ, япэ увыпIищым ятещIыхьа зэпеуэ къыхалъхьэну.
- — Мыбдежым псом ящхьэр фIагъырщ. Абы жэуаплыныгъэ пылъу фыбгъэдыхьэну дыщогугъ, — къыхигъэбелджылыкIащ КIуэкIуэ Юрий.
- Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ Налшык къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэ Алэкъей Арсен, «Налшык хьэлвэ завод», «Налшык машинэухуэ завод», «Дагъэ щыщIаху завод» ОАО-хэм я унафэщIхэу Къудали Мухьэмэд, Соблыр Руслан, Тэрчокъуэ Хьэсэн сымэ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.