УнафэщIыр къащотхъу
2016-07-02
- Урысей Федерацэм и Пенсэ фондым и правленэм и УнафэщI Дроздов Антон, КъБР-м и Правительствэм и Iэтащхьэ Мусуков Алий щIыгъуу, щыIащ ПФР-м КъБР-м щиIэ къудамэм икIи абы и лэжьакIуэхэм я Iуэху зыIутыр зригъэщIащ.
- УФ-м и Пенсэ фондым КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Бакъ Николай зэIущIэр къызэIуихри, къахуеблэгъа хьэщIэ лъапIэм фIыщIэ хуищIащ. Ар кIэщIу къытеувыIащ я лэжьыгъэм. КъыхигъэщхьэхукIащ IуэхущIапIэм и къарур цIыхухэр къазэрыщыгугъ Iуэхутхьэбзэхэр тэмэму зэфIэхыным зэрыхуэунэтIар. Мы IуэхущIапIэм къепхащ цIыху мин 200-м щIигъу.
- — Нэгъаби хуэдэу, мы гъэми дэ зы ныкъусаныгъи къэдгъэхъуакъым пенсэхэмрэ пособиехэмрэ и чэзум яIэрыдгъэхьэным и лъэныкъуэкIэ. Дэ Iуэху куэд дгъэтэмэмащ, дыздынэсам дыкъыщыувыIэнуи ди мурадкъым, — жиIащ абы.
- Дроздов Антон Бакъ Николай фIыщIэ хуищIри, жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр иджырей Iэмалхэр къыщагъэсэбэп щIыналъэхэм зэращыщыр. Къыхигъэщащ электрон IэмэпсымэхэмкIэ зэфIэбгъэкI хъуну Iуэхухэм щхьэкIэ цIыхухэр Пенсэ фондым къэмыкIуэмэ зэрынэхъыфыр: псори тыншу пхузэфIэхынущ, сайтыр е МФЦ-р къэбгъэсэбэпу. Дроздов апхуэдэу и гуапэ хъуащ бюджет организацэхэм Пенсэ фондым ирагъэхьын хуей страховой ахъшэмкIэ щIыхуэ зытемылъ щIыналъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэращыщыр, адэкIи абы тетын зэрыхуейр къыхигъэщащ.
- КъулыкъущIэр тепсэлъыхьащ дызэрыт илъэсым гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэ къалэнхэми. Абыхэм ящыщщ анэ мылъкур къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэм цIыхухэр щыгъуазэ зэращIыр ягъэлъэщыныр. ЩIэ куэд къожьэ. Мы гъэм сом мин 25-м нэсащ анэ мылъкум щыщу зэуэ къыхахыфыр. Ар къеIызыхынухэм ПФР-м и щIыналъэ къудамэхэм лъэIу тхылъхэр щIалъхьэн хуейщ щэкIуэгъуэм и 30-м нэхърэ мынэхъ кIасэу икIи ахъшэр дызыхыхьэну илъэсым щIышылэм и 1-м нэсыху къаIэрыхьэнущ.
- Дроздов Антон къыхигъэщащ анэм и ахъшэр сабий ныкъуэдыкъуэхэм я узыншагъэр зэтегъэувэжыным иджы тебгъэкIуадэ зэрыхъунур икIи цIыхухэр абы щыгъуазэ щIын зэрыхуейр. УФ-м и ПФР-м и УнафэщIым жиIащ мы гъэм шыщхьэуIум и 1-м зэрыхэплъэжынур лажьэ пенсионерхэм я пенсэм, абы дыщIагъунукъым, атIэ зэрыщыту къэнэжынущ.
- Мусуков Алий Дроздов Антон фIыщIэ хуищIащ лъахэм къызэрыкIуамкIэ, къыхигъэщащ абы ПФР-м КъБР-м щиIэ къудамэм и мызакъуэу, республикэ псом дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэу зэрыщытыр. Ар икIи гъэщIэгъуэнкъым: Пенсэ фондыр Урысей Федерацэм псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ увыпIэшхуэ щызиIэ IэнатIэщ. Правительствэм и УнафэщIым IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ я пщэ дэлъ къалэнхэм хъарзынэу зэрехъулIэм къыхэкIыу икIи дыщIигъужащ фондым хуэгъэзауэ зы тхьэусыхафи зэи зэрыIэрымыхьар.
- ЗэIущIэм хэтхэм псалъэ гуапэхэр жраIащ КъБР-м и пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Тхьэзэплъыж Муратрэ республикэм Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я советым и Iэтащхьэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэдрэ.
- ЗэIущIэм кърихьэлIахэм Iэмал яIащ ПФР-м и УнафэщIымрэ республикэм и Правительствэм и Тхьэмадэмрэ упщIэхэмкIэ зыхуагъэзэну.
- ЗэIущIэр Iуэху гуапэкIэ иухащ. УФ-м и Пенсэ фондым КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэ пажэхэм иратащ ПФР-м, КъБР-м и Правительствэм я фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр.
- ИужькIэ Дроздов Антонрэ Мусуков Алийрэ прессэм и лэжьакIуэхэм епсэлъащ, абыхэм жэуап иратащ упщIэ куэдым.
- УАРДЭ Жансурэт.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.