ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Я лэжьыгъэм арэзы тохъуэ

2017-02-15

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ 2016 гъэм кърикIуахэмрэ мы илъэсым къапэщытхэмрэ.
  •  
  • СпортымкIэ министр Хъущт Аслъэнбэч къыщыпсалъэм къыхигъэщащ илъэс блэкIам и нэщэнэ нэхъыщхьэу щытар Рио-де-Жанейрэ щекIуэкIа Олимп Джэгухэр зэрыарар. 2000 гъэм щыщIэдзауэ республикэм и спортсмен пашэхэр гъэмахуэ Олимпиадэ псоми хэтащ икIи медаль зэмылIэужьыгъуэхэр зыIэрагъэхьэурэ къокIуэкI. Иужьрейм зыкъыщагъэлъэгъуэну Бразилием кIуат Мудрэн Беслъэн (дзюдо), Джэду Iэниуар (бэнэкIэ хуит), Махуэ Билал (бэнэкIэ хуит), Дадашевэ Миланэ (цIыхубз бэнэкIэ хуит). Псоми зэращIэщи, ди ехъулIэныгъэхэр инщ. Мудрэн Беслъэн Урысейм и япэ дыщэ медалыр Рио-де-Жанейрэ къыщихьащ, Джэду Iэниуар дыжьыныр къылъысащ. Медалхэм я бжыгъэр нэхъыбэж хъунут, ди лъахэгъухэу лъагэу дэлъеинымкIэ дунейпсо чемпион Кучинэ Мариерэ паралимпиец цIэрыIуэ Ботвич Иванрэ зэхьэзэхуэм кIуэ-ныр допингхэм япыщIа Iуэхугъуэхэм я зэранкIэ къызэпамыудатэмэ.
  • Илъэс блэкIам ди республикэм щыщу цIыхуи 131-рэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэкIэ хэтащ. 2016 гъэм щIышылэм и 1-м щыщIэдзауэ абыхэм дунейпсо зэхьэзэхуэу 126-м зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи 452-рэ саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэр зыIэрагъэхьащ.
  • БлэкIа илъэсым къриубыдэу къэрал мылъкум къыхэкIыу КъБР-м къыIэрыхьащ спортым хуэунэтIа мылъкушхуэ. Ар трагъэкIуэдащ ди щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэгъэтыным, шхынрэ щыгъынкIэ къызэгъэпэщыным, зэрызагъасэ Iэмэпсымэхэр къэщэхуным.
  • Республикэм щолажьэ спорт школ 46-рэ, спортым зыщыхуагъэхьэзыр центр, «Спартак-Налшык» футбол клуб. Спорт лIэужьыгъуэ 39-м зыхуагъасэ ныбжьыщIэ 35.793-м.
  • Министерствэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ Хъущт Аслъэнбэч къыхигъэщащ спортым ехьэлIа Iуэхугъуэхэм зегъэужьыныр. Абы и лъэныкъуэкIэ зэфIагъэкIыр мащIэкъым, ауэ къапэщылъри нэхъыбэжщ. Къапщтэмэ, Налшык, Дзэлыкъуэкъуажэ, Къэщкъэтау щаухуэнущ мылъкушхуэ зытемыкIуэдэну, ауэ куэ-дым къахуэщхьэпэну спорт утыкухэр, джэгупIэ губгъуэхэр.
  • КъБР-м спортымкIэ и министрым и докладымрэ спорт школ щхьэхуэхэм я унафэщIхэм къапсэлъахэмрэ гупсэхуу едэIуа иужькIэ, коллегием хэтхэм къалъытащ абыхэм я лэжьыгъэм арэзы укъищIу.
  • 2016 гъэм республикэм и спортсмен нэхъыфIу 10-рэ тренери 5-рэ зэIущIэм щагъэлъэпIащ. Абыхэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэт лъапIэхэмрэ хуагъэфэщащ.
  •  
  • Темыр Ланэ.