ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нэхъ хуэмыщIахэр сыт щыгъуи гулъытэ хуэныкъуэщ

2016-10-12

  • КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Дадэ МуIэед республикэм лэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Тюбеев Альберт, абы и къуэдзэхэр, департаментхэмрэ къудамэхэмрэ я унафэщIхэр хэту иригъэкIуэкIа зэIущIэр зытеухуауэ щытар КIуэкIуэ Юрий Парламентым Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэува къалэнхэмрэ дызэрыт илъэсым и гъатхэпэ мазэм IэнатIэхэм щекIуэкIа зэIущIэхэм япкъ иткIэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым игъэува протокольнэ пщэрылъхэмрэ гъэзэщIа зэрыхъурщ.
  • ЗэIущIэм къыщыхагъэщхьэхукIащ абыхэм япкъ иткIэ министерствэм гулъытэ хэха зыхуищIхэм ящыщу цIыху гуп щхьэхуэхэм я псэупIэхэр егъэфIэкIуэныр, псэупIэ унэхэр капитальнэу зэгъэпэщыжыным хуэгъэзауэ къыхах взносхэм я лъэныкъуэкIэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэ къызэгъэпэщыныр, лэжьапIэншэ-хэм я бжыгъэм хэмыгъэхъуэныр, нэгъуэщIхэри.
  • Хабзэ хъуауэ, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм, абыхэм ящыщу дунейм ехыжахэм я щхьэгъусэхэм зыщIагъэкъуэн папщIэ республикэм гъэ къэс щрагъэкIуэкI щэбэт щIыхьэхухэм къыщалэжьа ахъшэм къыдэхуэм щыщ хухах ветеран щхьэхуэхэм я псэупIэхэр зэгъэпэщыжыным. Къэбгъэлъагъуэмэ, мы гъэм апхуэдэ ахъшэу сом мелуани 2-м нэблагъэ ветеран 17-м трагуэшащ, мы зэманым иджыри ветеранхэм къабгъэдэкIа лъэIуу 3-м хоплъэ.
  • Министерствэм и IуэхущIапIэхэм иджыпсту зэхуахьэс унэхэр капитальнэу зэгъэпэщыжыным трагъэкIуэдэн папщIэ къыхах взносхэм я лъэныкъуэкIэ зи ныбжьыр илъэс 70, 80 ирикъуахэм, апхуэдэу япэ, етIуанэ гупхэм хиубыдэ ныкъуэдыкъуагъэ зиIэ цIыхухэм зэрыхудачыхыну документхэр. Мыбдеж къыщыгъэлъэгъуапхъэщ льготэ зиIэхэм ядэIэпыкъун папщIэ абыхэм взносхэм я лъэныкъуэкIэ ятелъ щIыхуэхэр нэгъэсауэ япшыныжын зэрыхуейр. Зи гугъу тщIы дэIэпыкъуныгъэр тынымкIэ унафэр дызэрыт илъэсым и мэлыжьыхь мазэм щегъэжьауэ мэлажьэ икIи дэIэпыкъуныгъэхэри а мазэм къыщыщIэдзауэ къабжынущ. Ауэ зи гугъу тщIы цIыху гупхэм аргуэру щIыхуэ зытрагъахуэу хуежьэмэ, дэIэпыкъуныгъэр къызэтрагъэувыIэнущ.
  • Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм ящыщщ ныкъуэдыкъуагъэ зиIэ цIыхухэр лэжьапIэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыныр. Абы и лъэныкъуэкIэ ди республикэр къэралым и субъект нэхъыфIу 10-м хеубыдэ. Мы зэманым ныкъуэдыкъуагъэ зиIэхэм ящыщу лэжьэну хуиту КъБР-м цIыху мини 8-м щIигъу исщи, абыхэм ящыщу процент 80-м хуэдизыр лэжьапIэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщащ. УФ-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм къызэригъэувам тету республикэм ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и центр псоми унафэ ткIий щыIэщ ныкъуэдыкъуэхэр лэжьапIэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ къулыкъущIэ пыухыкIахэм жэуап зэрахьым теухуауэ. А лэжьыгъэр ирагъэкIуэкI Медико-социальнэ экспертизэмкIэ бюром зэхилъхьэ программэхэм тету.
  • Министерствэм и лэжьакIуэхэм зэIущIэм отчётхэр щащIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым къигъэува языныкъуэ пщэрылъхэр гъэзэщIа зэрыхъум, апхуэдэу социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр дэзыгъэкI IуэхущIапIэхэр бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зэрыхуагъэхьэзырам теухуауэ. ЗэIущIэм и кIэухым Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэм къызэхуэсахэр къыхуриджащ педагогхэм я лэжьапщIэм хэгъэхъуэным пыщIа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым гулъытэ хэха хуащIыну.
  •  
  • Токъмакъ  Мадинэ,
  • КъБР-м ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ
  • социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.