«Анэм и щIыхь» медалыр бзылъхугъэ 17-м хуагъэфащэ
2016-11-26
- Урысейм Анэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий бын куэд зиIэ бзылъхугъэ 17-м «Анэм и щIыхь» медалыр яритащ.
- Мы гъэм ягъэлъэпIахэм яхэтщ бын 12 зыпI Маркевич Ольгэрэ сабии 10 зиIэ Шыкъ Жаннэрэ. ЦIыхубзитIри Нарткъалэ щыщщ, абыхэм къыхуащэхуащ «Газель» автобус цIыкIухэр.
- — «Анэм и щIыхь» медалыр яхуэдгъэфэщащ зи гъащIэр щIэблэ узыншэ къэгъэхъуным тезыухуа анэхэм. Фигу къэзгъэкIыжынщи, 2008 гъэм къыщыщIэдзауэ, а къэрал дамыгъэр бзылъхугъэ 253-м еттащ. Анэхэм защIэгъэкъуэныр ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къыдолъытэ икIи мы зэманым федеральнэ, республикэ хабзэхэм зэраубзыхум тетщIыхьу, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэу 22-кIэ къэралыр ядоIэпыкъу сабий мин 85-рэ щапI унагъуэ мин 58-м. Ахэри, нэгъуэщI Iэмалхэри къыдогъэсэбэп унагъуэхэр зыхуей хуэзэу псэун щхьэкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я бжыгъэм иужьрей зэманым зэрыхэхъуам къегъэлъагъуэ ди лэжьэкIэр тэмэму зэрызэтеублар, — жиIащ КIуэкIуэ Юрий. — Нобэ дгъэлъапIэ анэхэр щапхъэщ. Псом хуэмыдэу унагъуэм щызекIуэн хуей хабзэр хъумэнымрэ бын гъэсэнымрэ ехьэлIауэ абыхэм яхузэфIэкIым уасэ иIэкъым. Мы пэшым щIэсщ Псынэдахэ къуажэр зэрыгушхуэ фельдшер, бынибл къэзыIэта бзылъхугъэ гуащIафIэ АфэщIагъуэ Анжелэ. И унагъуэкIи лэжьыгъэкIи абы щытхъу иIэщ. ДызэрыщыгъуазэмкIэ, Анжелэрэ и щхьэгъусэмрэ я щIалищми — Резуан, Рустам, Руслан сымэ — Урысейм и IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм къулыкъу щащIэ, япхъу Залинэ ехъулIэныгъэ иIэу курыт еджапIэм щоджэ. Бын 12 зыпI Маркевич Ольгэ ипхъу нэхъыжь Кристинэ Промышленность псынщIэмкIэ Ростов дэт техникумым щоджэ, и къуэ Евгений Невинномысск Энергетикэ техникумым щIэсщ, къыкIэлъыкIуэ Викторие Къэбэрдей-Балъкъэр сату-технологие техникумым щоджэ, адрейхэр школакIуэщ. Хьэбэз къуажэм щыщ Байрамуковэ Чэлимэт и щIалэ нэхъыжь Расул Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым зэуэ и факультетитIым щоджэ, нэхъыщIэ Мухьэмэди ардыдэм и щIэныгъэм щыхегъахъуэ. Нэхъыщхьэращи, мы унагъуэхэми адрейхэми хабзэм гулъытэ щыхуащI, щIэблэр хэкупсэу щагъасэ, лэжьыгъэм щыщIапIыкI. Шэч хэмылъу, «Анэм и щIыхь» медалыр зэтт дэтхэнэми теухуауэ щхьэхуэу жыпIэн щыIэщ. Си гуапэу псоми Анэм и махуэмкIэ сохъуэхъу.
- Ирагъэблэгъахэм я цIэкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ яхуищIащ Маркевич Ольгэ, Маргъущ Муслъимэт, Глашевэ Людмилэ сымэ.
- КIуэкIуэ Юрий зэIущIэр щызэхуищIыжым къыхигъэщащ къэралыр экономи-кэм епха гугъуехь куэдым Iууами, унафэщIхэм щIэблэм хуащI гулъытэм зэрыхэмыщIынур.
- «Анэм и щIыхь» медалыр зыхуагъэфащэхэм сабий къэс сом мини 10 хуэзэу ират, быни 10 е нэхъыбэ зыпIа унагъуэхэм «Газель» автобус цIыкIур къыхуащэху. Сабии 3 зэуэ къызыхэхъуэ унагъуэхэм сабий къэс сом мин 50-кIэ къэралым зыщIегъакъуэ.
- Къэрал дамыгъэр иратащ: Хьэжмэт Iэнусэ (Налшык къалэ щыщщ, сабии 5 иIэщ), Аргентовская Галинэ (Солдатскэ къуажэ, сабии 5), Iэпщацэ Анжеллэ (Шытхьэлэ къуажэ, сабии 6), Маркевич Ольгэ (Нарткъалэ, сабий 12), Сокъур Аксанэ (Къэхъун къуажэ, сабии 9), Тхьэзэплъыж Аксанэ (Старэ Шэрэдж къуажэ, сабии 6), ШэрыIужь Маринэ (Псыгуэнсу къуажэ, сабии 7), Шыкъ Жаннэ (Нарткъалэ, сабии 10), Жылокъуэ Рим-мэ (Аушыджэр къуажэ, сабии 8), Жабо Сэкинат (Аушыджэр къуажэ, сабии 6), Глашевэ Людмилэ (Бабугент къуажэ, сабии 6), ДыщэкI ХьэIишэт (Куба къуажэ, сабии 5), Шаровэ Валентинэ (Тамбовскэ къуажэ, сабии 7), Атмурзаевэ Зухра (Гундэлэн къуажэ, сабии 5), Маргъущ Муслъимэт (Щхьэлыкъуэ къуажэ, са-бии 6), Байрамуковэ Чэлимэт (Хьэбэз къуажэ, сабии 5), АфэщIагъуэ Анжелэ (Псынэдахэ къуажэ, сабии 7).
- БАГЪЭТЫР Луизэ.