Газзаев Валерий: ПсэупIэ фондым реновацэмкIэ и проектыр урысейпсо Iуэху щIыпхъэщ
2017-06-15
- Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымкIэ, туризмэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Газзаев Валерий топсэлъыхь Москва и псэупIэхэр реновацэ щIыным (жьы хъу унэхэр ирахыу щIэхэр яухуэным) ехьэлIа законопроектым теухуауэ парламент едэIуэныгъэхэм кърикIуахэм:
- — Парламент едэIуэныгъэхэр — депутат лэжьыгъэм хабзэ хуэхъуа лIэужьыгъуэщ. Сыт щыгъуи абы щытопсэлъыхь цIыхухэр нэхъ зыгъэпIейтей, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм япэ ирагъэщу зи гугъу ящI Iуэхугъуэхэм. Иджыблагъэ сэ сыхэтащ апхуэдэ зым: Москва и псэупIэ фондыр реновацэ щIыным. «Реновацэ» псалъэр иужьрей зэманым куэдрэ къагъэсэбэп хъуащ мыхьэнэ зэмылIэужьыгъуэхэр иратурэ — хэти дэрэжэгъуэ кърет, хэти зэкIэ къэхъунум поплъэ. Ар гурыIуэгъуейкъым: псалъэ дахэм и щIыбагъ дэтыну псори хуейщ къэралым и IуэхущIафэ купщIафIэхэр.
- Къэпсэлъахэм жаIахэм къытезгъэзэжынкъым — а парламент едэIуэныгъэхэм СМИ-м гулъытэшхуэ хуищIащ. АрщхьэкIэ «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» партым къыздыхэтхэу Хованская Галинэрэ Миронов Сергейрэ сыщедаIуэм, иджыри зэ хьэкъ сщыхъуащ ди Iуэху еплъыкIэр зэрыпэжыр. ПсэупIэ фондыр реновацэ щIыныр урысейпсо мардэу щытыпхъэщ. Тхыдэм хыхьэжын хуейщ Москва и мызакъуэу, Урысейм зэрыщыту щыIэ «хрущёвкэхэр»: абыхэм я къалэныр щIигъуу ягъэзэщIащ.
- «Хрущёвкэхэм» ятеухуауэ сэ сщIэр жаIэжу зэхэсхауэ аракъым. Орджоникидзе къалэм сэ сыкъыщыхъуар апхуэдэ унэщ икIи сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсырт сэри, си ныбжьэгъухэри унэ Iэхуитлъэхуитхэм дыщIэсыну. Абы къыхэкIыу «хрущёвкэхэр» ихыныр Москва и закъуэ Iуэхукъым. Ар щагъэзэщIэн хуейщ сыкъыщалъхуа Кавказ Ищхъэрэми, Урысейм и адрей щIыпIэхэми. Дауи, зэрахузэфIэкIынум елъытауэ.
- Москва и унафэщIхэм иджыпсту жэуаплыныгъэшхуэ я пщэ къыдэхуащ. Реновацэм и Iуэхур зэрызэфIагъэкIым елъытащ, адэкIэ ар зэрыкъэралу зэрыщагъэзэщIэну щIыкIэр. Абы къыхэкIыу ехъулIэныгъэ яIэну сахуохъуахъуэ.
- Зи гугъу тщIы проектыр гъэзэщIэнымкIэ жэуап зыхьхэм яжесIэну сыхуейт, Москва къыщежьа Iуэхум и ехъулIэныгъэр къызэрыфпщынур къэралым и адрей щIыпIэхэр абы зэрыдихьэхращ. Москвадэсхэм я гугъапIэхэр къайхъулIэмэ, адрейхэми гугъэ яIэнущ.
- «ЗахуагъэздэщыIэУрысей» политикэпартым и сайтымкъитхыжащ.