Гугъэри гукъеуэри зэпха
2013-03-02
- Бзэм темыпсэлъыхьа, абы и мыхьэнэм и гугъу зымыщIа усакIуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. «Си анэдэлъхубзэу лъапIэ, уэ улIэжмэ, лIэжащ лъэпкъыр», «Си анэдэлъхубзэу си псэ, си анэдэлъхубзэу си нэ, щхьэ ущымыIужрэ уэ къабзэу нобэ адыгэ унэ?!», — жиIащ Бицу Анатолэ, «Пщэдей сэ си бзэр кIуэдыжынумэ, сылIэну нобэ сыхьэзырщ» (Гамзатов Расул), «КIуэдыжмэ си адыгэбзэр, хэкIынущ си адыгэпсэр» (Мыкъуэжь Анатолэ), «Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым», «Бзэ зимыIэ щIылъэм тетми, хуэдэ къабзэщ къамылъхуам» (КIыщокъуэ Алим), нэгъуэщI щапхъэ куэди къыпхуэхьынущ.
-
Къыхэгъэщыпхъэщ, Урысейм ис лъэпкъхэм я бзэхэр зратхэ «тхылъ плъыжьым» нах-дагъыстэн, абхъаз-адыгэ, фин-угор бзэ гупхэм щыщу 20 зэрихуар, ахэм я нэхъыбэр кIуэдыжыным зы мащIэ фIэкIа имыIэжу жаIэу. Ахэр хъумэным, егъэфIэкIуэным иужьрей зэманым щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм мыхьэнэ ирату зэрыхъуам ущымыгуфIыкIыу къанэркъым.
- КъБКъУ-м и педколледжым щоджэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым къыхэкIа студентхэр. Иджыблагъэ абыхэм ягъэлъэпIащ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр. Махуэшхуэр яубзыхуауэ щытащ ЮНЕСКО-м и конференцым и 30-нэ сессием хэтахэм, 1999 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм. 2000 гъэ лъандэрэ ар илъэс къэс мазаем и 21-м ягъэлъапIэ.
- Къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ къэрэшей-балъкъэрыбзэмрэ епха Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм тепсэлъыхьащ педколледжым и еджакIуэхэу Пэфыф Марьянэрэ Гаев Зэхъаррэ.
- — Тхыдэ купщIафIэрэ щIыпIэ телъыджэхэмкIэ бей Кавказым хуэдэ щIыналъэ къэгъуэтыгъуейщ. ЗэгурыIуэ-зэдэIуэжу мыбы щопсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд. Кавказыбзэхэр гупищу гуэшащ: абхъаз-адыгэ, нах-дагъыстэн, картвель. Абхъаз-адыгэ бзэ гупым хохьэ адыгэ, абхъаз-абазэбзэ къудамэхэр, убыхыбзэр. Иужьрейр къудамитIым я зэхуаку дэтщ (адыгэбзэм нэхъ и гъунэгъущ икIи нэхъ ещхьщ, ауэ абхъазыбзэм щыщ куэди хэлъщ), ди жагъуэ зэрыхъунщи, кIуэдыжа бзэхэм ящыщщ. Абхъаз-адыгэ бзэхэм ирипсалъэхэм я бжыгъэр мелуан зыбжанэм щIегъу. Абы щыщу Урысейм щопсэу мин 767.660-р. Щхьэхуэу къэдгъэлъагъуэмэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм ирипсалъэхэр къэрал 45-м щIигъум щыIэщ, нэхъыбэу Тыркум, хьэрып къэралхэм, США-м, — жиIащ Марьянэ. Абы и псалъэм къыхигъэщащ анэдэлъхубзэм гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэр. И гупсысэр зэрыщIигъэбыдэж уси къеджащ.
-
— Балъкъэрхэмрэ къэрэшейхэмрэ лъэпкъыжьщ, — жеIэ Гаев Зэхъар. — Балъкъэрыбзэмрэ къэрэшеибзэмрэ хохьэ тырку бзэ гупым. Дропагэ ди бзэр зэрыпсэум, абы кIуэ пэтми зеужь, абыкIэ лъэпкъыр мэгупсысэ, усэ зэхелъхьэ, иропсалъэ. Балъкъэрхэм къахэкIащ лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыхушхуэхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр. Апхуэдэхэщ генерал цIэрыIуэ Шаханов Абай, Совет Союзым и ЛIыхъужь, кхъухьлъатэзехуэ Байсултанов Алим. Балъкъэр усыгъэр зыIэтахэм ящыщщ Мечиев Кязим, Кулиев Къайсын, Зумакуловэ Танзиля. Лъэпкъым ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьащ щIэныгъэми. Я цIэ къиIуапхъэщ физик, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и академик Энеев Тимур, академик, Къэрал Думэм и депутат Залиханов Михаил сымэ. Мы зэманым щIэныгъэ зэхуэмыдэхэм я кандидату, доктору 320-рэ лъэпкъым иIэщ. ЗэфIэкIышхуэ къагъэлъагъуэ «Балкария» къэфакIуэ ансамблымрэ лъэпкъ драмэ театрымрэ. Балъкъэр лъэпкъыр сыт щыгъуи цIэрыIуэщ и IэпщIэлъапщIагъэкIи. Нобэ дгъэлъапIэ махуэр мыхьэнэ зиIэщ, дауэ мыхъуми, бзэр — ар ди хъугъуэфIыгъуэщ, тхъумэн, щIэблэм деж нэтхьэсын хуейщ.
-
Педколледжым адыгэбзэкIэ щезыгъаджэ Мыкъуэжь Людмилэ гукIэ къеджащ КIыщокъуэ Алим и «Эмирым папщIэ сэшхуэ» романым щыщ пычыгъуэрэ Гъубжокъуэ Лиуан и усэрэ. Абы щыму къедэIуа еджакIуэхэм я нэгум къищырт я бзэр псэкIэ зэрызыхащIэр.
- Педколледжым и лэжьакIуэ Аппаевэ ФатIимэ зэхыхьэм къекIуэлIахэр щыгъуазэ ищIащ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм ехьэлIауэ мазэ гъунэгъум ирагъэкIуэкIыну зэхуэсхэм. Апхуэдэу, етIуанэ, ещанэ курсхэм щIэсхэм папщIэ, бзэхэмкIэ олимпиадэ къызэрагъэпэщынущ, блын газет нэхъыфI гъэхьэзырынымкIи зэхьэзэхуэ екIуэкIынущ. Гъатхэпэм и 26-м анэдэлъхубзэхэр зэрегъэджыпхъэм теухуа конференц щыIэнущ. Абы хэтынущ бзэ щIэныгъэхэм я лэжьакIуэхэр, КъБКъУ-м, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым щылажьэхэр, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Дагъыстэным я лIыкIуэхэр. А махуэм къызэщIакъуэжынущ зэхьэзэхуэхэмрэ олимпиадэхэмрэ кърикIуахэр, къыхэжаныкIахэри ягъэлъэпIэнущ.
- ЕджапIэм щIэс студентхэр адыгэ, балъкъэр, къумыкъу, шэшэн, ингуш бзэхэмкIэ усэхэм гъэхуауэ къеджащ, Бозиев СулътIанрэ («Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым хэтщ) Гергакаевэ Хьэлимэтрэ уэрэд жаIащ.
-
- БАГЪЭТЫР Луизэ.