ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мазаем и 21-р Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ

2016-02-20

  • Лъэпкъым  и  гъащIэр  зэлъытар
  •  ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, дунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэщ бзэр. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, илъэс мини 100 ипэкIэ къэхъуу, заужьу хуежьащ япэ бзэхэм. ЦIыхухэр гуп-гупурэ гуэша хъуащ икIи дэтхэнэми я анэдэлъхубзэ къагъэунэхуащ зэрызэгурыIуэн Iэмэпсымэ лъэщу. Иджыпсту щыIэу хуагъэфащэ бзэхэм я бжыгъэр мини 3 — 6 мэхъу. Дуней псом къыщащтауэ щызэрахьэ бзэ нэхъ лъэрызехьэхэм я бжыгъэр 90-м щIигъуу хуагъэфащэ. Абыхэм яхэтщ цIыху куэд къызэщIэзыубыдэ лъэпкъышхуэхэр зэрыпсалъэхэри нэхъ лъэпкъ цIыкIухэм къагъэсэбэпхэри. Бзэхэр апхуэдэуи гуп-гупурэ гуэшащ. Абыхэм къызэщIаубыдэ зи къэпсэлъыкIэкIи я мыхьэнэкIи зэпэгъунэгъу псалъэ куэд къэзыгъэсэбэп лъэпкъхэр. Къапщтэмэ, адыгэбзэр хохьэ Кавказ бзэ гупышхуэкIэ зэджэм и адыгэ-абхъаз къудамэм.
  •  
  • Дэтхэнэ лъэпкъым и дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ и цIыхухэр я анэдэлъхубзэмкIэ зэрытхэфым, къызэреджэфым къадэкIуэу, Iэмал имыIэу а бзэмкIэ гупсысэу, сыт хуэдэ Iуэхури зэрихьэфу щытыным. Апхуэдэу щымытмэ, лъэпкъым езым и щэнхабзи гъуазджи зэригъэпэщын дэнэ къэна, иIэри ихъумэжыфынукъым, зыужьыныгъэшхуэ зыгъуэта нэгъуэщI лъэпкъхэми щапхъэ ятрихыфынукъым.
  • Зи анэдэлъхубзэм пщIэ хуэзыщI, ар зыдж, зэзыгъащIэ лъэпкъым егъэзащIэ къыпэщылъ къалэнхэм я нэхъыщхьэ дыдэр: къыщIэхъуэ щIэблэм анэдэлъхубзэр Iурылъу къегъэтэдж, япэ ита нэхъыжьхэм дуней тетыкIэу, гупсысэкIэу, Iуэху зехьэкIэу, цIыху хэтыкIэу яIахэм, ябгъэдэлъа щIэныгъэм, зэрахьа хабзэмрэ щэнхабзэмрэ, яхэлъа лIыгъэм ар щыгъуазэ хуещI. Апхуэдэу ехъумэ икIи егъэбыдэ и лъэпкъыр, сыту жыпIэмэ бзэращ лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыф, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыф Iэмэпсымэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэри абыхэм я анэдэлъхубзэрщ.
  • Анэбзэр нэсу къэзымыгъэсэбэп лъэпкъым и къарур хуэмурэ щIокIуэсыкIри, ар нэгъуэщI лъэпкъхэм яхошыпсыхьыж. Аращ 1999 гъэм ЮНЕСКО-м анэдэлъхубзэхэр хъумэным хуэунэтIа унафэ щхьэхуэ къыщIищтар. Ар траухуауэ щытащ мазаем и 21-м — 1962 гъэм и апхуэдэ махуэм зи анэдэлъхубзэр зыхъумэжыну къэува цIыху гупышхуэ Бангладешым щызэтраукIауэ щытащ. А махуэр дунейпсо тхыдэм къыхэнащ къарурэ бжыгъэкIэ нэхъыбэ лъэпкъым зи гуащIэр мащIэ, зи хуитыныгъэкIэ дэкъуза лъэпкъыр зыхидзэфынкIэ хъуну бэлыхьым и щапхъэ фIыцIэу. Апхуэдэ афIэкIа къэбгъэхъу зэрымыхъунум, сыт хуэдэ лъэпкъри и бзэм хуэсакъын зэрыхуейм я дамыгъэщ а махуэр.
  • 2000 гъэ лъандэрэ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр къэрал куэдым щагъэлъапIэ, лъэпкъхэр хъума хъунымкIэ бзэхэм яIэ мыхьэнэшхуэм иджыри зэ псори иригъэгупсысыжу, ди анэдэлъхубзэр мыкIуэдыжын, абы зиужьын папщIэ, ди къэралымрэ дуней псомрэ щызекIуэ хабзэхэр ди тегъэщIапIэу, дэтхэнэми ди къалэн дгъэзэщIэным дыкъыхуриджэу. Ди адыгэ лъэпкъым щыщ дэтхэнэми и къалэнщ ди анэдэлъхубзэм и дахагъыр, къабзагъыр, абы и зэфIэкIыр дгъэлъагъуэу, абы пщIэ хуэтщIу, тхъумэу, зедгъэужьу дыпсэуну. Бзэращ лъэпкъым и псэр. Лъэпкъыр лъэ быдэкIэ увыныр, абы и тхыдэм, гъуазджэм, щэнхабзэм зиужьыныр, цIыхухэм я зэхэщIыкIым зиузэщIыныр — лъэпкъым и гъащIэр зэлъытар бзэм и къарур аращ. Апхуэдэу зыIурылъ лъэпкъым емылъытауэ бзэ псори мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ, ди къэралым, щIыналъэм я ехъулIэныгъэм хуэгъэлэжьапхъэщ.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.
  •   
  • Пэрытхэр
  • ЕгъэджакIуэ  IэкIуэлъакIуэ
  • Анэдэлъхубзэр щIэблэм зэрырагъащIэ Iэмалхэр егъэфIэкIуэнымкIэ, дихьэхыу сабийм и бзэр егъэджынымкIэ, лъэпкъым бгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым сабийр ешэлIэнымкIэ, и хабзэр, тхыдэр фIэгъэщIэгъуэну зригъэщIэным хуэшэнымкIэ щапхъэ нэсу къэплъытэ хъунущ Бахъсэн районым хыхьэ Къубэ-Тэбэ къуажэм дэт курыт школ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Пэунэж (Дол) Залинэ и Iуэху зехьэкIэ пэрытыр. Абы фIыуэ къыгуроIуэ егъэджакIуэу иджырей лъэхъэнэм улэжьэныр — ар щIэблэм щIэныгъэ пыухыкIа ябгъэдэплъхьэным и закъуэу зэрыщымытыр. Пэунэжыр йолIалIэ и нэIэм щIэт дэтхэнэ сабийми и псэм дахагъэр къыщыгъэушыным, лъагапIэщIэхэр къащтэфу, щIэныгъэщIэхэр къаугъуеифу ныбжьыщIэр къэгъэтэджынми мыхьэнэшхуэ ирет.
  •  

    Пэунэж Залинэ дерсхэр ирегъэкIуэкI.

  • Ислъэмей жылэм къыщалъхуащ Залинэ. Курыт школыр абы къыщиуха нэужь, ныбжьыщIэр щIэтIысхьащ КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым и адыгэ къудамэм, фIыуэ илъагъу, зыщIэхъуэпс IэщIагъэр зригъэгъуэтыну. 2005 гъэм еджэныр ехъулIэныгъэкIэ зэфIигъэкIа нэужь, ар еувэлIащ зыхущIэкъуа IэнатIэм.
  • Пэунэжыр егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зэрыпэрыхьэрэ илъэси 10 хъууэ арами, а зэманым къриубыдэу хузэфIэкIащ лэжьыгъэм щIэхыу хуэIэижь зэрыхъуар наIуэ къищIрэ и цIэри фIыкIэ игъэIун. Залинэ и Iуэху зехьэкIэм и лъабжьэр иджырей технологиещIэхэм егъэджэныгъэм къыщызэIуах IэмалыщIэхэм тещIыхьащ. Абы егугъуу егъэхьэзыр дэтхэнэ дерсри, сабийхэм бзэм и хабзэхэмрэ лъэпкъ литературэм и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ ятеухуауэ щIэ гуэрхэр къызэращIэным, ахэр хэкупсэу, къыдалъхуа я анэбзэм пщIэ хуащIу зэригъэсэным хущIэкъуу. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ дахэ зыпэрыт лэжьыгъэм хуаIэ хабзэщ зи IэщIагъэр гурэ псэкIэ къыхэзыхахэм.
  • — Зи лэжьыгъэм темызашэу гу къабзэрэ псэ IэфIкIэ бгъэдэт, еджакIуэ цIыкIухэм фIылъагъуныгъэ хуаIэу абыхэм я зэхэщIыкIым сыт щыгъуи зезыгъэужь, щIэныгъэкIи гъэсэныгъэкIи ядэгуашэ егъэджакIуэр дапщэщи щапхъэщ си дежкIэ. Апхуэдэхэщ анэдэлъхубзэр езыгъэдж лэжьакIуэ пашэхэу, цIэрыIуэхэу ДыщэкI Марие, Мэшыкъуэ Iэсият, Нэхущ Залинэ сымэ, нэгъуэщIхэри, — и лэжьыгъэм топсэлъыхь Пэунэжыр. — Курыт школым сабийм къыщIихын хуейщ, щIэныгъэфIым къыдэкIуэу, цIыхугъэ нэс, лъэпкъ гъэсэныгъэ, хабзэ екIу, хьэл-щэн дахэ. Ахэр егъэджэныгъэм хэзухуанэурэ дерсхэр изогъэкIуэкI.
  • Апхуэдэу Iуэху еплъыкIэр зи гъуазэ Залини абы иригъаджэхэри сыт щыгъуи жыджэру хэтщ школым, районым, республикэм анэдэлъхубзэмкIэ щекІуэкІ зэхьэзэхуэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм. Нэгъабэ ехъулIэныгъэ къыщихьащ адыгэбзэмкIэ раойнпсо зэхыхьэм. Нэхъ иужьыIуэкIэ хэтащ Мэхъэчкъалэ щекIуэкIа щIыналъэпсо мастер-классым. Абы къыщратащ 2-нэ нагъыщэ зиIэ щIыхь тхылъыр.
  • «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэпеуэм жыджэру хэтхэми ящыщщ Залинэ. Мыгъэрей апхуэдэ зэпеуэм пашэ щыхъуащ ар икIи Москва ягъэкIуащ Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ Урысейпсо мастер-классым хэтыну. Залинэ абы хэта къудейкъым, атIэ япэ увыпIэр къыщихьащ «Бгъэдэлъ педагогикэ Iэзагъ лъагэм папщIэ» жыхуиIэ унэтIыныгъэм. Пэунэжым къыхуагъэфэщащ УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ ЩIэныгъэм зегъэужьынымкIэ абы и федеральнэ IуэхущIапIэмрэ къабгъэдэкI щIыхь тхылъыр, нэгъуэщI саугъэт лъапIэхэри тыгъэ къыхуащIащ.
  • Зи IэнатIэм гурэ псэкІэ бгъэдэт бзылъхугъэм унагъуэ дахи иІэщ. Абырэ и щхьэгъусэ Арсенрэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу мэпсэу, бынитI зэдапI, фIым хуаущийуэ.
  • ЩIэблэм анэдэлъхубзэр егъэджыным, хэкупсэу гъэсэным псэ хьэлэлу пэрыт егъэджакIуэм ехъулIэныгъэщIэхэр иIэну ди гуа- пэщ.
  •  КЪАРДЭН  Маритэ.
  •  
  •  ЩIэблэ
  • МурадыщIэхэр  зи  куэд  пщащэ
  •  Иджырей щIалэгъуалэм я нэхъыбэр къалэм щыпсэуну я гур хуеIэми, Щоджэн Эммэ и псэм нэхъ дыхьэр къуажэращ. Ар Налшык къыщалъхуа пэтми, зыщыпсэур Лэскэн куейм хыхьэ Ерокъуэ жылэрщ. Абы фIы дыдэу елъагъу гум къедэхащIэ къуажэ акъужь щабэр, гуакIуэр, нэри псэри дэзыхьэх дыкъэзыухъуреихь щхъуантIагъэ дахэр, апхуэдэуи, узыIэпызышэ хьэуа къабзэр.
  •  
  • Щоджэн Эммэ и псы къэжэгъуэщ.

    Эммэ 1991 гъэм Налшык къалэм къыщалъхуащ. Иджыри сабий дыдэу ар и унагъуэр щIыгъуу Ерокъуэ къуажэм мэIэпхъуэ. А жылэм дэт, Мэсей Аслъэнджэрий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэр абы фIы дыдэу къиуха нэужь, КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым и адыгэбзэ къудамэм щIотIысхьэ. Анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъу, ар екIуу зыIурылъ пщащэм еджэныр негъэс, школ лэжьыгъэми и къарум щоплъ.

  • — Нобэр къыздэсым IэфIу си гум илъщ курыт еджапIэм щызгъэкIуа лъэхъэнэр, — игу къегъэкIыж Эммэ. — А зэманырщ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм гу щыхуэсщIари. Курыт еджапIэм щызиIащ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ егъэджакIуэ ахъырзэманхэр. Апхуэдэхэщ, школ унафэщIым и къуэдзэ, биологиемкIэ дезыгъэджа Сомгъур Людмилэ, урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Вындыгъу Леммэ, адыгэбзэмрэ литературэмрэ сыдезыгъэхьэха, абы и IэфIыпIэр зыхызэзыгъэщIа Безрокъуэ Аринэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Аринэщ зи фIыщIэр адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ егъэджакIуэ сызэрыхъуар. Абы и дерс егъэкIуэкIыкIэхэр хуабжьу гъэщIэгъуэнт. Зыми емыщхьу, махуэ къэскIэ нэхъри нэхъ щIэщыгъуэ, хьэлэмэт ищIурэ абы ахэр егугъуу зэхигъэувэрт. Анэдэлъхубзэм, литературэм къищынэмыщIауэ, абы хабзэм, нэмысым, тхыдэм я хъыбар гъэщIэгъуэнхэми щыгъуазэ дыхуищIырт. Къуажэ школым сыщезыгъэджа IэщIагъэлI нэсхэм къызбгъэ-далъхьа щIэныгъэ куум, абыхэм къызата чэнджэщ щхьэпэхэм я фIыщIэкIэ сэ схузэфIэкIащ конференц, олимпиадэ, зэпеуэ, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм сыхэтын. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, адыгэ усакIуэ ныбжьыщIэ Бэлагъы Любэ и творчествэм теухуауэ Налшык щекIуэкIа щIэныгъэ конференцым, апхуэдэуи адыгэ усыгъэм лъэужь дахэ къыщызыгъэна усакIуэ телъыджэ КIуащ БетIал и творчествэм теухуауэ Черкесск къалэм къыщызэрагъэпэща пшыхьым сызэрыхэтар, нэгъуэщIхэри.
  • — Компьютерхэм Iэмал хъарзынэхэр къуат анэдэлъхубзэм, литературэм, тхыдэм, щэнхабзэм лъэщу заужьынымкIэ. Апхуэдэуи, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэри IэщIагъэлIхэми ныбжьыщIэхэми къащегъэпсынщIэ. АбыкIэ къызэдгъэпэщ слайдхэм, презентацэхэмкIэ сабийхэр псынщIэ дыдэу къыдохьэх. Электрон учебникхэри псынщIэу, Iэрыхуэу, хуиту, щIэблэм дежкIэ къэгъэсэбэпыгъуафIэу щытщ, — жеIэ егъэджакIуэм.
  • Иджырей еджакIуэ цIыкIухэм уадэлэжьэныр языныкъуэхэм гугъусыгъу гуэру къафIощI. Абыхэм акъылэгъу ядэхъуркъым пщащэр. ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэм зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ щхьэусыгъуэхэр лэжьыгъэм зыщIегъэхынымкIэ Iэмал къудейуэ щыту аращ. Абы къызэрилъытэмкIэ, дэтхэнэ зы еджакIуэ цIыкIуми псынщIэ дыдэу угурыIуэфынущ.
  • — НыбжьыщIэ къэс бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуэгъуэтын хуейуэ аркъудейщ. ГъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэхэр тегъэщIапIэ пщIыуэрэ, абыхэм цIыкIухэм дерс щхьэпэхэр къахебгъэхыу, тхыдэм лъэужьыфI къыщызыгъэна цIыху Iущхэр щапхъэ пщIыуэ, чэнджэщ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ псалъэ щабэхэмрэ къэбгъэсэбэпу уахэтмэ, псынщIэ дыдэу ахэр къыпхудэхьэхынущ, — йогупсыс егъэджакIуэр. — КлассщIыб лэжьыгъэр, зэпеуэ зэхуэмыдэхэр сэбэп мэхъу сабийм и къэухьым зиужьынымкIэ. Ахэр нэгъуэщI зэпеуэшхуэхэм я къежьапIэу щытщ.
  • Щоджэныр яужь итщ дэтхэнэ зы дакъикъэри пщIэншэу зэримыгъэкIуэдыным. Тхылъыр зи Iэпэгъу пщащэр и щIэныгъэм нэхъри зэрыхигъэхъуэным ерыщу пылъщ. Еджэным къыдэкIуэу ар Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэми дахьэх. Ар дахэу къофэ, адыгэ макъамэ, пасэрей уэрэдыжьхэм щIэдэIун фIэфIщ. Адыгэ уэрэдыжьхэм едаIуэ къудейм къыщымынэу, абыхэм япкърылъ псалъэхэм къарыкI мыхьэнэ куур нэсу зэрызыхищIэным хущIокъу. КъимыдэкIэ, абы унагъуэ къалэнхэри егъэзащIэ. Пщащэ жыджэрым псом хуэмыдэу фIэфIщ удз гъэгъа зэмылIэужьыгъуэхэр игъэкIын. Абы зэрыжиIэмкIэ, адыгэ уэрэдыжьхэмрэ удз гъэгъахэмрэ Iэпкълъэпкъ ешам къаруущIэ къыхагъэхьэж.
  • Щоджэн Эммэ гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр зиIэ егъэджакIуэ ныбжьыщIэщ. Мурадхэр зи куэдым нэхъыфIу икIи нэхъ псынщIэу зиузэщIу жаIэ. Ди гуапэщ пщащэм и зэфIэкIхэм нэхъри хигъэхъуэну.
  • ПЩЫХЬЭЩIЭ Хьэмзэт.
  •   
  • ГуфIэгъуэ  зэхыхьэхэр
  • Псэхэр  зэпызыщIэ,  гугъэр  зыгъэнэху
  • Езауэ Мадинэ зэIущIэм къыщопсалъэ.

     Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу ди республикэм зэхыхьэ купщIафIэ куэд щокIуэкI. Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ къыщызэрагъэпэща щэнхабзэ пшыхь дахэр. ЕджапIэ нэхъыщхьэм ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэмкIэ и центрым и утыкур а пщыхьэщхьэм зыIэтыр псэхэр зэпызыщIэ, гугъэр зыгъэнэху лъэпкъ макъамэрт. ЕгъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ я хьэщIэт Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Ингуш республикэхэм щIыхь зиIэ я артист Лосэн Тимуррэ абы и нэIэм щIэт «Бзэрабзэ», «Джэраджэ» уэрэджыIакIуэ гупхэмрэ.

  •  
  • Уэрэдус Iэзэ икIи уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Лосэным и гупхэр йолэжь ди адыгэбзэр егъэфIэкIуэным, абы адэкIи зегъэужьыным хуэгъэпса я проект хэхар гъащIэм хэпщэным. БлэкIа илъэсым и гъэмахуэ лъандэрэ артистхэм къуажэхэр, жылэхэр къызэхакIухь, концерт программэ убзыхуам тету. Абыхэм ягъэзащIэ адыгэ уэрэдыжьхэр, апхуэдэуи Лосэн Тимур итха уэрэдхэр.
  • Университетым и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ Уэлджыр Аринэ зэрыжиIэмкIэ, къахуеблэгъа хьэщIэ лъапIэхэм я гуапэ ящIын папщIэ, студентхэр къеджащ Лосэным и усэхэм, абы и уэрэдхэм ящыщи ягъэзэщIащ. Пшыхьым щагъэлъэпIащ «Адыгэ IуэрыIуатэ» предметымкIэ экзаменыр фIы дыдэу зыта студентхэр. ЕджакIуэхэу Мокъуэ Лаурэрэ ПщыхьэщIэ ФатIимэрэ иратащ ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэкIэ ягъэува стипендиер.
  • — Адыгэ макъамэмрэ адыгэ пшынэмрэ къапкърыкI дахагъэр, гуакIуагъэр щIалэгъуалэм я деж нэтхьэсыным, абыхэм гурэ псэкIэ зыхедгъэщIэным дыхущIэкъуащ артистхэр, — къыхигъэщащ Лосэным. — ДыщогуфIыкI хэкупсэ гупсысэ зыбгъэдэлъ, анэдэлъхубзэм, щэнхабзэм пщIэ хуэзыщI, ахэр фIыуэ зылъагъу щIалэгъуалэ екIу лъэпкъым къызэрытщIэхъуэм.
  • Махуэшхуэ концертым хэтащ режиссёр-постановщик ЕмкIуж Андзор, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ адыгэ театрым и артист Хьэмырзэ Ахьмэд, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэу ДыщэкI Артуррэ ЗэкIурей Азэмэтрэ.
  • Адыгэ щэнхабзэмкIэ центрым и унафэщI Езауэ Мадинэ фIыщIэ ин яхуищIащ пшыхьым къахуеблэгъа хьэщIэ лъапIэхэми ар къызэзыгъэпэщахэми. Ар адыгэ джэгу дахэкIэ зэхуащIыжащ.
  • ТАМБИЙ  Линэ.
  •  
  • Ди бзэм  теухуауэ
  • Пасэрей  дыдэ
  •  
  • Адыгэхэм я бзэр дуней псом щынэхъ пасэрей дыдэхэм, гъэщIэгъуэныщэхэм, купщIафIэхэм ящыщщ. Шэч хэмылъу, а зырауэ щытынкIэ мэхъу Азие Ипщэм щыIауэ кIуэдыжа бзэхэм я щэхухэр къэхутэнымкIэ «IункIыбзэIух» хъуфынури. Зэгуэр лъэщ дыдэу щыта бзэ зэлъэпкъэгъухэм я зы пыудахуэ абхъаз-адыгэхэм я бзэм къыпкърыкI къарум къуегъащIэ ахэр зыхэпсэукI дунейр зэхэзыщIыкIыфынур акъылкIэ даIуэ цIыхурауэ зэрыщытыр.
  •  
  • МЕССАРОШ Лайош,
  • мэжэр щIэныгъэлI. 1839 гъэ.
  •  
  • Дакъикъэ  IэфI
  •  
  • Си лэжьыгъэр щыщIэздзэм, хьэкъыу спхыкIауэ си фIэщ хъурт бгырыс Iэлыр гурыщIэ телъыджэм — гъащIэм и нэхугъэ IэфIым — щIэныгъэм къызэрыщIэтэджэнур; щIэныгъэмрэ тхыбзэмрэ ди гур къыщауIэн зэман дэр папщIи къэсынщ.
  • Сэ сымылъагъункIи хъунщ а дакъикъэ IэфIыр — си лъахэм щIэныгъэншагъэр IэщIыб щищIыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщIэнт сэ абы щыгъуэ!..
  • СлъэкIым хуэдиз сщIащ сэ, фIыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ Къэхъугъэр зи Iэмырымрэ солъэIу анэдэлъхубзэм хузиIа лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щIэблэ си ужь къихъуэну.
  •  
  • НЭГУМЭ Шорэ.
  • 1836 гъэ.
  •  
  • Къэхутэныгъэ  гуэри  схуэщIакъым
  •  
  • Адыгэбзэр адрейхэм куэдкIэ къащхьэщокI. Абы иропсалъэ Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъстэнеймрэ щыпсэухэр, Лабэ Iуфэ Iус беслъэнейхэр.
  • Псыжь адрыщIкIэ щегъэжьауэ хы Iуфэм нэс щыпсэу адрей адыгэ лIакъуэхэм я псэлъэкIэр абы мащIэу къыщхьэщокI. А бзэмрэ абы и диалект зыбжанэмрэ хэтщ макъ пIытIахэр, жьгъыжьгъхэр, бзэгупэмрэ бзэгу лъэдакъэмрэ къыщыхъу макъхэр. Абыхэм бзэр нэхъ къулей, дахэ ящI, ауэ хамэ лъэпкъ щыщхэм дежкIэ къэпсэлъыгъуейщ. Сэ къэхутэныгъэ пыухыкIа гуэри схуэщIакъым а бзэ телъыджэм ехьэлIауэ, ауэ сощIэ абыхэм къызэрыгуэкI, псоми зэдащIэ псэлъэкIэм нэмыщIи «щакIуэбзэ» (щIагъыбзэ) зэраIэр.
  •  
  • КЛАПОРТ Генрих,
  • урыс академик. 1807 гъэ.
  •  
  • ДжэгуакIуэм  и  зэфIэкIыр
  •  
  • Кавказым, Къэбэрдейм джэгуакIуэ екIуэлIапIэншэхэм уащрихьэлIэу зэрыщытрэ куэд щIакъым. Мис абыхэм ящыщ зым и псалъэм и къарур здынэсыр къызэригъэлъэгъуар: «Сэ зы псалъэкIэ къэрабгъэр хахуэ, хэкум и хъумакIуэ сощIыж, дыгъум и хьэлыр зыхызогъанэ; си пащхьэ къиувэфынкъым цIыху бзаджэр, сэ цIыхугъэншагъэм, икIагъэм срабийщ».
  •  
  • ГОРЬКИЙ Максим.
  • 1933 гъэ.
  •  
  • Дэтхэнэ  макъми
  •  
  • Пасэрей кавказ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ адыгэхэр. Абыхэм я бзэр адрей кавказыбзэхэм псалъэкIи ухуэкIэкIи къащхьэщокI, я макъхэр апхуэдизкIэ къэпсэлъыгъуейщи, сэ сызыщыгъуазэ алфавитхэм псори къыпхуигъэтIэсэнукъым. Дэтхэнэ макъми къэпсэлъыкIэ зыбжанэ иIэщ, зы европеи бгъуэтынукъым ахэр къыхуэпсэлъыну.
  •  
  • БЛАРАМБЕРГ Иоганн,
  • нэмыцэ генерал. 1834 гъэ.
  •  
  • Усэхэр
  • Уахътыншэ
  •  
  • Ди Iуащхьэмахуэ
  • Уафэм ныщIоуэ,
  • Бахъсэн уэрыжьыр
  • КъуакIэм щызоуэ,
  • Мы ди хэкужьыр
  • Дуней телъыджэщ,
  • Ди адыгэбзэр
  • Абы и гъуджэщ.
  • Зи бзэр зыфIэдахэр
  • Ар лъэпкъ узыншэщ,
  • Зи бзэм хуэлажьэр
  • Ар лъэпкъ уахътыншэщ,
  • Адыгэ лъэпкъыр
  • Дызэкъуэтынщ,
  • Ди бзэм и щIыхьыр
  • Лъагэу тIэтынщ.
  • Ди адыгэбзэр
  • Мывэ джей быдэщ,
  • Илъэс мин куэдхэр
  • Абы и тхыдэщ,
  • Псыкъелъэм хуэдэу
  • Ар къарууфIэщ,
  • Ди лъэпкъ гъэфIэну
  • ДызэрыгуфIэщ.
  • Зи бзэр зымыдэу
  • Зы лъэпкъ щымыIэ,
  • Зи хэку епцIыжу
  • Зы лъэпкъ щымыIэ,
  • Зи бзэр зыхъумэр
  • Мис ар лъэпкъ къабзэщ,
  • Бзэм пщIэ хуэщIыныр
  • Лъэпкъхэм я хабзэщ.
  • Мы дунеишхуэм
  • Лъэпкъ куэд щызокIуэ,
  • Зи бзэм хуэсакъхэр
  • Зэманым токIуэ,
  • ГъащIэ хъуэпсэгъуэр
  • ЩIылъэм щаухуэ.
  • Апхуэдэ щапхъэм
  • Дэ дегъэгушхуэ.
  • Ди адыгэбзэм
  • Лъэпкъыр зэпещIэ,
  • БлэкIа зэманхэр
  • Дэ къыдегъащIэ,
  • Ди нартыжь лъэпкъым
  • Уэрэд хуеусыр,
  • Ди лъэпкъ хъыбархэр
  • Дэни нехьэсыр.
  • Зи бзэр зыфIэдахэр
  • Ар лъэпкъ узыншэщ,
  • Зи бзэм хуэлажьэр
  • Ар лъэпкъ уахътыншэщ.
  • Адыгэ лъэпкъыр
  • Дызэкъуэтынщ,
  • Ди бзэм и щIыхьыр
  • Лъагэу тIэтынщ.
  • ЩОДЖЭН  Леонид.
  • Зыми  хуэмыдэ
  •  
  • Адэжь щIыналъэ,
  • Си нэр зыгъаплъэ,
  • Си лъэр здэбыдэ,
  • Зыми хуэмыдэ,
  • Уэ уи жьэгу дыщэм
  • ЩызекIуэ хабзэм,
  • Анэдэлъхубзэр
  • Ныдобзэрабзэр.
  • Дэ ди гуфIэгъуи
  • Ди нэщхъеягъуи,
  • Тхузэбгъэзахуэу
  • Утетщ гъуэгу махуэ,
  • Анэдэлъхубзэ,
  • Адыгэ жьабзэ,
  • УздэщымыIэ
  • СыщремыIэ.
  • Уэ ди нэ, ди псэ,
  • Лъэпкъым и гупсэ,
  • Анэм и жьабзэ,
  • Анэдэлъхубзэ,
  • Уэ узижагъуэр
  • Хэтми мыщIагъуэ,
  • УзыгъэикIэр
  • Акъыл тхьэмыщкIэщ.
  • Си гум и хущхъуэ,
  • Псэм и IэфIыщэ,
  • ПхузощI сыт щыгъуи
  • Адыгэ фIыщIэ,
  • Анэдэлъхубзэ,
  • Анэм и жьабзэ,
  • УздэщымыIэ
  • СыщремыIэ.
  •  
  • ХЬЭНФЭН Алим.
  •