ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'ЩIэныгъэ'

Адыгэ еджагъэшхуэхэм я пщIэ лъагэр

2019-09-20

  • УФ-м и Правительствэм иджыблагъэ щIэуэ иубзыхужащ УФ-м ЩIэныгъэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм къепхауэ лажьэ Аттестацэ комиссэ нэхъыщхьэм (ВАК) хэтхэр. ИпэкIэ зэи къэмыхъуауэ, ВАК-м и Эксперт советхэм мы гъэм япэ дыдэу хагъэхьащ адыгэ щIэныгъэлIхэр. Апхуэдэхэщ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и IэщIагъэлIхэу, щIэныгъэхэм я докторхэу къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ къудамэм и унафэщI БищIо Борис, къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ къудамэм и пашэ ТIымыжь Хьэмыщэ, пасэрей тхыдэмрэ археологиемкIэ къудамэм и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Барэсбий сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

КъБКъУ-р къыхах

2019-08-17

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентхэм куэду яхэтщ хамэ къэралхэм къикIа щIалэгъуалэ. Абыхэм я бжыгъэр зы илъэсым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъыбэ хъууэрэ макIуэ. Ди гуапэ зэрыхъущи, абыи къегъэлъагъуэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтыну щIэхъуэпсхэм а еджапIэ нэхъыщхьэр къызэрыхахыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

Дыщэм и пщIэр къаIэтыж

2019-08-01

  • Япэм кIуэрыкIуэм тету зэрыжаIэу университетым тыншу щIэтIысхьэфу щытащ курыт еджапIэр дыщэ медалкIэ къэзыухахэр. Илъэс 20 ипэкIи балл зы — тIу зыхуримыкъухэр япэ курсым щIэтIысхьэрт, дыщэ медалым пщIэ иIэти. Иджы псори ЕГЭ-м теухуа хъуащ. НыбжьыщIэм спортымкIэ ехъулIэныгъэ иIэми, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр и куэдми, дыщэ медаль иIэми — а псоми зэхэту балли 10 къахуэлэжьу аращ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

Псалъалъэ  телъыджэр къащтэж

2019-06-22

  • Кавказыбзэхэм я нэхъ хьэлэмэтхэм икIи гъэщIэгъуэнхэм халъытэ адыгэбзэм и зэхэлъыкIэм игъащIэ лъандэрэ дехьэх щIэныгъэлIхэр, къэхутакIуэхэр. Абы елэжьащ къэрал куэдым щыщ лингвист цIэрыIуэхэр, и грамматикэр, тхэкIэ хабзэхэр, псалъэхэм я мыхьэнэр яубзыхуу, а псори щызэхуахьэсыж тхылъ щхьэхуэри къыдагъэкIыжу. Ди лъэпкъ щIэныгъэлIхэм иджыблагъэ гулъытэ хуащIыжащ 1904 гъэм Австро-Венгрием къыщыдэкIауэ щыта апхуэдэ лэжьыгъэ хьэлэмэтым — «Къэбэрдей-мэжэр-латин псалъалъэм». А псалъалъэ телъыджэр щIэныгъэ дунейм «къызэрыхашэжам» теухуат Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхэта зэIущIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

Зеикъуэ къыщагъуэта «Нартхэм я кхъэр»

2019-04-13

  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхашащ Кавказ Ищхъэрэ археологие экспедицэ зэгуэтым Зеикъуэ и бгылъэхэм щригъэкIуэкIа илъэситху лэжьыгъэм щриплъэж зэхуэс ин. Абы хэтащ экспедицэм и унафэщI, ТхыдэмкIэ къэрал музейм и щIэныгъэ лэжьакIуэ Кадиевэ Аннэ, ди лъахэгъу, хэкурыдж цIэрыIуэ Котляров Виктор, КъБКъУ-м и IэщIагъэлIхэр, аспирантхэмрэ студентхэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

Бзэмрэ хабзэмрэ ялъытэ

2019-04-02

  • «Зи школ щIэтIысхьэгъуэ нэмыса сабийм и гуфIэгъуэ махуэ» фIэщыгъэм щIэту илъэс кIуам яубла щIэныгъэ программэм къырикIуа Iуэхугъуэхэм хоплъэж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

КъыхэжаныкIахэм  гулъытэ   хуащI

2019-01-22

  • ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ Федеральнэ агенствэм (Росмолодёжь) къыдиIыгъыу КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым проект 30-м щIигъу иригъэкIуэкIащ гъэ еджэгъуэщIэр къызэрихьэрэ. Лэжьыгъэр нэхъыбэу зи пщэ дэлъар еджапIэ нэхъыщхьэм и студент зэгухьэныгъэмрэ экономикэмрэ _управленэмкIэ факультетымрэщ. Проектхэр къызэгъэпэщыным, егъэкIуэкIыным зи гуащIэ хэзылъхьахэмрэ зэпеуэхэм къыхэжаныкIахэмрэ иджыблагъэ КъБКъМУ-м щагъэлъэпIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

Къэрал  куэдым  щыцIэрыIуэ  Шыхъуэстэн  Владимир

2018-11-08

  • Адыгэхэм, Тхьэм и фIыщIэкIэ, мымащIэу къытхэкIащ лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ цIыху щэджащэхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ ди тхыгъэр зытеухуа Шыхъуэстэн Владимир КIысту и къуэр. Еджагъэшхуэм и зэфIэкI куэд ирихьэлIащ техносферэ унэтIыныгъэм ди къэралым зыщиужьыным. РАЕН-м и академик, абы и къудамэм и унафэщI, профессор, физикэ щIэныгъэхэм я доктор Шыхъуэстэныр дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ къэхутакIуэщ, зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI щыпкъэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

Илъэс 85-рэ къызэщIэзыубыдэ  гъуэгуанэ

2018-06-15

  • КъБКъУ-м и медицинэ колледжыр ди республикэм щыцIэрыIуэ еджапIэ лъэрызехьэхэм ящыщщ. Мы махуэхэм университетым щагъэлъэпIащ колледжыр къызэрызэIуахрэ илъэс 85-рэ зэрырикъур. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэм теухуа гуфIэгъуэ пшыхь щызэхэтащ Сокуров Александр и цIэр зэрихьэу КъБКъУ-м иIэ творческэ мастерскойм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

ПщIэ лъагэ

2018-03-13

  • Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ иджыблагъэ щыIащ КъБКъУ-м и Попечительскэ советым хэт, РАН-м и академик, РАН-м Температурэ лъагэхэмкIэ и институт зэгуэтым и унафэщI, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Фортов Владимир. Университетым и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы къызэхикIухьащ ди щIыналъэм и еджапIэхэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

Iэтауэ ягъэлъапIэ

2018-02-15

  • Мы гъэм илъэс 19 мэхъури, ди къэралым щагъэлъапIэ Урысей щIэныгъэм и махуэр. Лъэпкъ щIэныгъэм адэкIи зегъэужьыным, а унэтIыныгъэм и IэщIагъэлIхэр гъэпэжэнымрэ яхуэфэщэн къэрал гулъытэ егъэгъуэтынымрэ зи къалэн нэхъыщхьэ махуэшхуэм теухуа зэхуэс куэд щекIуэкIащ ди республикэми.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

Сыт Мурадин дэзыхьэхыр?

2018-01-18

  • Джэрмэшык Мурадин Дулыхь и къуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа «ЩIыуэпсым и зэхэлъыкIэм теухуауэ» фIэщыгъэр зиIэ тхылъыр дунейм къызэрытехьам иращIылIа пшыхь Инарыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар къыщыдэкIащ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

Кавказыр куууэ ядж

2017-11-25

  • Дон Iус Ростов къалэм дэт Ипщэ Федеральнэ университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказыр зыдж щIэныгъэлIхэм я 1 Дунейпсо конгресс. «Кавказ Ин: щIыналъэм и зыужьыныгъэмрэ щыпсэу лъэпкъхэмрэ» фIэщыгъэр зиIа а зэхуэсым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым икIа гуп. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Кузьминов Пётр зи пашэ гупым хэтащ доцентхэу Щоджэн Мурат, Чемаев Назир, Локъуэ Марианнэ, студентхэу Къардэн Къантемыррэ Къущхьэ Анзоррэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

НэхъыфIу къалъытэ

2017-11-21

  • Дагъыстэн къэрал университетым (ДКъУ) иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ «ЩIэныгъэмрэ щIалэгъуалэмрэ — щIэм и лъыхъуакIуэ жылагъуэ ухуэным и тегъэщIапIэхэр» фIэщыгъэр зиIэ, Урысей Ипщэм ЩIэныгъэмкIэ и фестиваль. Абы хэтащ КъБКъУ-м икIа аспирантхэмрэ магистрантхэмрэ зыхэт гуп: КIасэ Оксанэ, Узденовэ Аминэ, Гогие Ахрэ, КIэрэф Къантемыр сымэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

Тхыдэдж цIэрыIуэ

2017-11-16

  • Ди щIыналъэм и тхыдэр джыным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэм ящыщщ КъБКъУ-м и профессору, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикыу щыта, тхыдэ щIэныгъэм я доктор Быж Алий (Алик) Хъутат и къуэр. КъэхутакIуэ IэкIуэлъакIуэм и къалэмыпэм къыпыкIащ адыгэхэм ди тхыдэ гъуэгуанэм епха щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр. Псэужамэ, Быжым и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

« Раньше