Iэмал закъуэу щыIэри
2021-02-06
- Астрономхэм иджыщ япэ дыдэу къыщалъэгъуар «мащэ кIыфIым» (чёрная дыра) гъунэгъу зыхуэзыщIа вагъуэм и зэпкърыхукIэр зыхуэ-дэр.
- Къэрал зыбжанэм я щIэныгъэлIхэр, ди планетэм нэхъ лъэрызехьэ дыдэу къыщалъытэ телескопхэр къагъэсэбэпкIэрэ, зы зэманым къриубыдэу зэуэ щыхьэт техъуащ, зэрыщытыпхъэм теорие и лъэныкъуэкIэ щыгъуазэ зыхуащIа пэтми, абы ипэкIэ зэи ямылъэгъуа къэхъукъащIэ телъыджэр зэрекIуэкIым — мащэ кIыфIым (гъуэдыдж кIэуфIы-цIым) гъунэгъу зыхуэзыщIа вагъуэр щызэщикъузэкIэ, иужьрейм, къигъэщIам кIэ зэригъуэтар «зыхищIа» фIэкIа умыщIэну, «гужьеигъуэ» иныр къылъэIэсауэ бзий гуэрэнышхуэхэр нурыбэу къызэрызыхиутIыпщыкIым.
- Астрофизикэ щIэныгъэм зэрыщыгъэбелджылащи, мащэ кIыфIым и гравитацэм зыкъызэрызэкъуих къару шынагъуэрщ гъунэгъу зыхуэзыщI псори зэзылъэфалIэр, абы къыхэкIыуи зэпкърызытхъыр. Мы зи гугъу тщIы вагъуэми къыщыщIар аращ.
- Европей ипщэ обсерваторием и телескопхэу VLT (Very Large Telescope), NTT (New Technology Telescope) зи фIэщыгъэхэмкIэ мазэ бжыгъэм къриубыдэу мащэ кIыфIым зыщIи- ша вагъуэм и кIуэдыжыкIэм кIэлъыплъа щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, зи гъащIэр абдежым къыщызыуха уафэщI зэщIэлыдэр и инагъкIи, и гуащIагъкIи ди Дыгъэм хуэдэнт.
- Ауэ щыхъукIи, оптикэ, рентген, ультрафиолет, радио диапазонхэм-кIэ и чэзууэ икIи зыубгъуауэ ирагъэкIуэкIа кIэлъыплъыныгъэхэм къарикIуэу, астрономхэр иджыщ япэ ды- дэу щыхьэт щытехъуар, мащэ кIыфIым, и къару абрагъуэр къигъэсэбэпу, вагъуэ жьэражьэм къыкIэрифыщIыкIа пытхъахуэхэм къызэрымыкIуэу нур зэщIэлыдэ иныщэ, зэман кIыхьым къриубыдэу, къазэрыпхивым. ИкIи, вагъуэ жыжьэм и кIуэдыжыкIэр зылъэгъуахэм зэрыжаIэмкIэ, и хьэлъагъым нэхърэ мелуан бжыгъэкIэ нэхъыбэ къэзышэч мащэ кIыфIым ар щызыщIилъафэм, абы «нэрылъагъуу» фIэкIуэдащ езым и пкъым щыщу и Iыхьэ ныкъуэм нэблагъэр.
- Уеблэмэ, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, ди планетэр здэщыIэ щIыпIэм илъэс мелуан 215-кIэ пэжыжьэ (нэхум зэрызидзым тригъэкIуадэ зэманым тещIыхьауэ) Эридан вагъуэ зэрыбыным хыхьэ галактикэ «шыхьам», астрономхэм AT2019qiz нагъыщэр зратам, далъэгъуа къэхъукъащIэм хуэдэхэращ куэду тпэжы-жьэ галактикэхэм якухэм зыщызыудыгъуа «мащэ кIыфIхэр» здэщыIэмрэ абыхэм гъунэгъу захуэзыщI уафэщIхэм я зэпкърытхъыкIэр зыхуэдэмрэ зэрызэхэбгъэкIыфыну Iэмал закъуэу щыIэри.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.