Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым къудамэщIэ къыщызэIуах
2020-07-16
- КIуэкIуэ Валерий и цIэ зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш къэрал университетымрэ антимонопольнэ IэнатIэм и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ Iуэху зэрызэдащIэнумкIэ иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэ зэраухылIащ. Абы ипкъ иткIэ университетым экономикэмрэ управленэмкIэ и къудамэм хы- хьэу «Антимонопольное регулирование» кафедрэщIэр къызэIуахащ.
- Мы Iуэхум теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIат УФ-м и антимонопольнэ IэнатIэм жылагъуэхэм ядэлэжьэнымкIэ и Управленэм и унафэщI Кашунинэ Иринэ, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ Анзор, КъБМКъУ-м и ректор Апажэ Аслъэн, антимонопольнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Пщыншэ Казбек, нэгъуэщIхэри.
- ЗэIущIэр къыщызэIуихым Апажэ Аслъэн къыхигъэщащ кафедрэ-щIэм и фIыгъэкIэ университетымрэ управленэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр дяпэкIэ нэхъ куу зэрыхъунур:
- — Экономист IэщIагъэр къыхэзыха ныбжьыщIэхэм куэду къахуэщхьэпэжынущ къудамэщIэм абыхэм щрагъэгъуэтыну щIэныгъэхэр: а унэтIыныгъэмкIэ IэнатIэ пэрыувэнухэми, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ езыгъэкIуэкIыну мурад зыщIахэми.
- Апхуэдэу, зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, управленэм и къулыкъущIэ- хэр кафедрэм иригъэкIуэкI Iуэхухэм жыджэру хэтынущ: диплом лэжьыгъэхэр унэтIынми, студентхэм я практикэми теухуауэ.
- УФ-м и антимонопольнэ IэнатIэм и унафэщI Артемьев Игорь къыбгъэдэкI фIыщIэ псалъэхэр утыкум щигъэIуащ Кашунинэ Иринэ. Абы къыхигъэщащ мы Iуэхугъуэр управле-нэр къызэрыунэхурэ илъэс 30 зэрырикъум зэрытраухуар.
- — Илъэс щэщIым къэралым куэ-дым зыщихъуэжащ, апхуэдэу IэнатIэм и къалэнхэми щIэ куэд къыхыхьащ. Ди зэманым къигъэув къалэнхэр зыгъэзэщIэфын IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыныр зэрыIуэху щхьэпэр къыдгурыIуэу абы дезышэлIар аращ, — жиIащ Кашунинэм.
- Езауэ Анзор къыхигъэщащ университетымрэ Управленэмрэ зэман куэд щIауэ зэпыщIэныгъэ зэраIэр, еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыуха куэд IэнатIэм зэрыщылажьэр:
- — А зэпыщIэныгъэхэр нэхъри быдэ, нэхъ куу хъуну дыщогугъ кафедрэм и лэжьыгъэмкIи, адэкIэ цIыхухэм ядэлэжьэн и лъэныкъуэкIи.
- Щоджэн Iэминат.