ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Илъэсым и проректор» адыгэ бзылъхугъэ

2022-02-05

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Хьэшыр Светланэ Урысейм и профессор зэхуэс лъагэм и «ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ илъэсым и проректор нэхъыфI дыдэ» лъэпкъпсо саугъэтыр иджыблагъэ къыхуигъэфэщащ.

  • «Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ» унэтIыныгъэмкIэ зи лэжьыгъэрэ зи зэфIэкIрэ къыщыхэща ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэр щIэныгъэ дунейм фIыуэ къыщащIэ, и къэхутэныгъэхэми ди къэралым и мызакъуэу, щIыпIэ жыжьэ куэдми щIэупщIэ щаIэщ. «Урысейм и профессор зэхуэс лъагэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэр ди къэралым хыхьэ хэгъэгу 41-м щылажьэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щIэныгъэ центрхэмрэ щылажьэ профессор 500-м я жэрдэмкIэ 2017 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ. НобэкIэ абы хэтщ Урысейм и щIыналъэ 80-м щылажьэ университетрэ щIэныгъэ институти 170-м я профессор мини 5-м щIигъу. «ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ илъэсым и проректор нэхъыфI дыдэ» фIыщIэгуапэ саугъэтыр къыхэзылъхьар Урысейм и профессор зэхуэс лъагэм и хасащхьэрщ, еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щIэныгъэ центрхэмрэ я къэхутэныгъэ зэфIэкIыр къэIэтыным, щIэныгъэ-техникэ зыужьыныгъэм хуэгъэпса проектхэм зегъэужьыным хуэунэтIащ.
  • Химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м ЩIэныгъэмрэ техникэмкIэ и Къэрал саугъэтым и лауреат Хьэшыр Светланэ КъБКъУ-м щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректор къулыкъум илъэсищым щIигъуауэ пэрытщ. Абы и жьауэм щIэту университетым къыщызэрагъэпэщащ зи хуэдэ щымыIэ полимер къабзэхэмрэ аддит технологиехэмкIэ центр.
  • Хьэшыр Светланэ и къэхутэныгъэхэр ди къэралми хамэ хэгъэгухэми къыщыдэкI щIэныгъэ журнал 300-м щIигъум къытехуащ, дунейпсо щIэнIуатэ пщIы бжыгъэхэм хэIущIыIу щыхъуащ.
  • Полимер къызэрыкIуэхэмрэ полимер пкъыгъуэ зэхэлъхэмкIэ Хьэшырым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм Урысей Федерацэм и патент 60 яIэщ.
  • Хьэшыр Светланэ и унафэм щIэту цIыху 15-м я кандидат лэжьыгъэхэр ягъэхьэзырри пхагъэкIащ. Светланэ «Молекулэ пкъыгъуэ хьэлъэхэр» 02.00.06 унэтIыныгъэмкIэ кандидат икIи доктор лэжьыгъэхэр щыпхагъэкI КъБКъУ-м и диссертацэ советым и унафэщIщ, «Урысейм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр» къэралпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэщ, а зэгухьэныгъэм ди щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщIщ.
  • Хьэшырыр КъБР-м и Правительствэм деж щыIэ, ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ я советым и пашэу 2008 гъэм щегъэжьауэ 2018 гъэ пщIондэ щытащ, 2010 — 2013 гъэхэм УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и щIэныгъэ-чэнджэщакIуэ советым хэтащ, 2004 гъэм щегъэжьауэ 2018 гъэ пщIондэ КъБКъУ-м и ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я советым и унафэр зэрихьащ.
  • 2019 гъэм Хьэшыр Светланэ КъБКъУ-м щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректорым и къалэныр и пщэ къыдалъхьащ. Абы лъандэрэ университетым и щIэныгъэ зэфIэкIхэм хохъуэ, къэхутэныгъэхэр нэхъ лъэщ хъууэ йокIуэкI.
  • Хьэшырыр проректор IэнатIэм зэрыпэрыувэрэ университетым и лэжьакIуэхэм традзэ къэхутэныгъэхэм я бжыгъэр зырэ ныкъуэкIэ нэхъыбэ хъуащ, щIэныгъэ лэжьыгъэу екIуэкIым я куэдагъэр мелуан 400-м щIегъу, патенти 180-рэ зыIэрагъэхьащ. А псом, зэрыгурыIуэгъуэщи, университетым и цIэр жыжьэ егъэIу, зыхыхьэ щIэныгъэ хэдэрыхэплъэхэм къыщыхегъэжаныкI, ирагъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэм къыщыхегъэщ.
  • Ди университетыр зыхэт дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм я бжыгъэми хэхъуащ, фIыщIэ саугъэтибгъуи къыщыхуагъэфэщащ. Апхуэдэу КъБКъУ-м и къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэм кандидат икIи доктор диссертацэхэм елэжьын, ахэр пхагъэкIын папщIэ тезыгъэгушхуэ Iэмалхэр нэхъыбэ хъуащ. КъБКъУ-м щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэу иригъэкIуэкIым пыщIа техникэ лъабжьэр зэрыщыту къэщIэрэщIэжащ, сом мелуани 100-м щIигъу и уасэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэща хъуащ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ Пётр Еза- нэм и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт къэрал политехникэ университетымрэ зэгъусэу 2019 гъэм «Iуащхьэмахуэ» зыфIаща Инжиниринг центрыр къызэрагъэпэщащ. Илъэсищым къриубыдэу центрым хузэфIэкIащ полимер пкъыгъуэщIэхэмрэ аддит технологиехэмрэ епха къэхутэныгъэ проектищым елэжьын. Зыужьыныгъэ зыгъуэтыну къэхутэныгъэхэмкIэ Фондымрэ «2014 — 2020 гъэхэм щIэныгъэмрэ технологиемрэ заужьыным, унэтIыныгъэ щхьэхуэхэмкIэ къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIыным теухуауэ» къэрал программэмрэ япкъ иткIэ зэлэжьа а проектхэр хуэдэ лэжьыгъэхэм я нэхъыфIу къалъытауэ щытащ.
  • КъБКъУ-р 2021 гъэм «ГъащIэм теухуа щIэныгъэ» («Life Sciences») унэтIыныгъэмкIэ япэ дыдэ дерс рейтингхэм, «ТулатТех» дунейпсо щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм, «Производствэм щызекIуэ иджырей технологиещIэхэр» щIэныгъэ-технологие жэрдэмщIакIуэхэм я гупым хыхьащ, «Водород технологием и Iэхэлъахэхэр» дунейпсо консорциумым и щIэнIуатэм хэтащ.
  • «Мыпхуэдиз ехъулIэныгъэ диIэну къыщIэкIынтэкъым, университетым и унафэщI Алътуд Юрэ щIэныгъэм хуищI гулъытэр мыхъуамэ, техникэ унэтIыныгъэхэм заужьыным къару ирихьэлIэу щымытамэ», — жеIэ Хьэшыр Светланэ.
  • Урысейм и профессор зэхуэс лъагэм «ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ илъэсым и проректор нэхъыфI дыдэ» саугъэтым епха зэIущIэр ма- заем и 8-м ирагъэкIуэкIынущ, Урысей щIэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу. «ЩIэныгъэхутэ: дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» зэхуэсышхуэм хыхьэу екIуэкIыну гуфIэгъуэ зэIущIэр мазаем и 2-м Урысейм егъэджэныгъэмкIэ и академием и унэм щызэхэтынущ.
  • Хьэшыр Светланэ къыхуащIа гулъытэр хуэфащэщ. И гуащIэ емыблэжу щIэныгъэм хьэлэлу хуэлажьэ, щIэблэм жану ядэлажьэ, зи зэхэщIыкIымрэ зэфIэкIымрэ жылагъуэмрэ пщэдейрей махуэмрэ яхуэзыгъэлажьэ адыгэ бзылъхугъэм и Iуэхур нэхъри ефIэкIуэну, и цIэр нэхъ жыжьэж Iуну ди гуапэщ.
  • ШУРДЫМ Динэ.