КIуэцIылъыр зыхуэдизыр ящIатэмэ…
2022-06-15
- Дуней щэхубэм я ІункІыбзэІухыр Кавказым щыгъэпщкІуауэ игъащІэми къалъытэу къэгъуэгурыкІуэрт, зыплъыхьакІуэхэмрэ къэхутакІуэхэмрэ уэру щыпэкІурт. Ятхыжыр лъэпкъ щэнхабзэм щыщ теплъэгъуэхэрами, къахьыр ІуэрыІуатэм щыщ щапхъэхэрами, ди щІыналъэм къихьахэм гу зылъата куэдым адыгэр лъэ быдэкІэ дуней жылэм хагъэуващ, мыхьэнэшхуэ зиІэ хъугъуэфІыгъуэхэр зэракъуэлъри къагъэлъэгъуащ.
- Зыми хуэдэжкъым хамэщІ щыщ щІэныгъэлІхэм адыгэбзэм драгъэкІуэкІ къэхутэныгъэхэр. Адыгэ бзэхабзэр щызэпкърыхауэ сыт хуэдиз грамматикэ дунейм къытехьар, бгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэм ятещІыхьауэ сыт хуэдиз лэжьыгъэ хэІущІыІу хъуар, бзэр къахутэурэ ди тхыдэр иризэфІэбгъэувэжыну сыт хуэдиз зэгъэпщэныгъэ ящІар… Куэд мэхъу ахэр. Апхуэдэу Норвегием щыпсэуа Фогт Ганс, франджы Дзюмезиль Жоржрэ Пари Катринрэ, Голландием щыщ Куйперс Аерт, куржы Рогавэ Георгийрэ Ломтатидзе Кетеванрэ, Канадэр зи хэщIапIэ Коларуссэ Джон, нэгъуэщІ куэдми адыгэбзэм и джыным хэлъхьэныгъэ хуащІар къыпхуэмылъытэну инщ. Абыхэм я цІэмрэ я ІуэхущІафэхэмрэ ищІэн хуейщ зыхуэлэжьа лъэпкъым.
- ЩІэныгъэ гъуэгур
- Адыгэ-абазэбзэхэм я зэгъэщІэным и мызакъуэу, Кавказым щекІуэкІ гъащІэм фІы дыдэу щыгъуазэщ дуней псом щыцIэрыIуэ бзэщIэныгъэлэжь Коларуссэ Джон. Ар 1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м Америкэм и Штат Зэгуэтхэм хиубыдэ Калифорние щІыналъэм щыщ Сан-Диегэ къалэм къыщалъхуащ. ЩІэныгъэм пасэу гу хуэзыщІа щІалэм 1967 гъэм Корнеллэ университетым гъуазджэмкІэ бакалавр цІэр къыщыхуагъэфэщащ, 1969 гъэм Норт-Вестерн гъуазджэмкІэ магистр щыхъуащ. И цІыкІущхьэр щигъэкІуа щІыпІэхэм пэмыжыжьэу щыІэ Гарвард университет цІэрыІуэм и аспирантурэми щеджащ, 1975 гъэм бзэщІэныгъэм тещІыхьа доктор диссертацэр абдеж щыпхигъэкІащ.
- Гарвард нэужьым Коларуссэ Джон Венэ дэт университетым зы илъэскІэ щригъэджащ. Канадэ къэралыгъуэм хиубыдэ Онтарио щІыналъэм хыхьэ Гамильтон къалэм и Мак-Мастер университетым антропологиемкІэ къудамэм щрегъаджэ 1976 гъэм щегъэжьауэ. Мы зэманым Джон антропологиемкІэ профессорщ, бзэщІэныгъэмрэ иджырей бзэхэмкІэ департаментым и щІэныгъэ лэжьакІуэщ.
- Коларуссэ Джон 1993 гъэм щегъэжьауэ 2000 гъэ пщІондэ Клинтон Билл и администрацэм чэнджэщэгъуу щылэжьащ. Ар хуэзащ икІи дэлэжьащ Урысейм и япэ президент Ельцин Борис и чэнджэщэгъуу щыта Паин Эмиль, и нэІуасэу щытащ Къалмыкъ Юрэ, Ардзинбэ Владислав сымэ. Коларуссэ Джон игу къызэригъэкІыжымкІэ, администрацэм щылажьэу Вашингтон щыдэса илъэсхэращ хьэкъыу щыпхыкІар къэрал къулыкъущІэхэм Кавказым теухуауэ зыри зэрамыщІэр (е ящІэр хьэдэгъуэдахэу зэрымащІэ дыдэр). Къэрал департаментым и лэжьакІуэхэр Коларуссэ щІэх-щІэхыурэ чэнджэщ къыпахыну зыкъыхуагъазэрт, Кавказым и ухуэкІэ-зэхэлъыкІэм ехьэлІауэ мызэ-мытІэу «щІэныгъэ» ябгъэдилъхьэнуи къыхуихуэрт.
- ИлъэсиблкІэ зыхэта политикэ лэжьыгъэм Коларуссэ къыгуригъэІуащ сыт хуэдэ Іуэхуми, щІэныгъэ лъабжьэ имыІэмэ, жыжьэ зэрынэмысынур. Канадэм Іэпхъуэжа нэужь, Коларуссэ щІэныгъэм зритыжауэ щытащ.
- 1971 гъэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым абы иригъэкІуэкІ щІэныгъэ лэжьыгъэр зыхуэунэтІар адыгэбзэмрэ убыхыбзэмрэщ, ІуэрыІуатэрщ. «КIуэцIылъыр зыхуэдизыр ящIатэмэ, адыгэбзэр зэрыдунейуэ зрагъэщIэнт», – жеIэ щIэныгъэлэжьым. Коларуссэ Джон щІэныгъэ статья къудейуэ 100-м щІигъу и Іэдакъэ къыщІэкІащ, адыгэ-абазэ лъэпкъхэм я щэнхабзэми куууэ тетхыхь зэпытщ.
- И ублапІэм зыщыхуэбгъазэкІэ…
- Кавказым и гугъу Коларуссэ япэ дыдэу щызэхихар Гарвард университетым и аспирантурэм щыщІэсырщ. Урыс литературэмкІэ курсым, езым фІэфІу къыхихам, куэд къыщищІащ Кавказым теухуауэ. Дихьэхыу зыщигъэгъуазэрт Достоевский Федор, Толстой Лев, Маяковский Владимир сымэ я ІэдакъэщІэкІхэм. Зэгуэрым Коларуссэ ирихьэлІащ Эйзенштейн Сергей Бгырыс шуудзэм теухуауэ триха кинофильмым, дагъыстэнхэр къафэу абы хэт теплъэгъуэри и гум итІысхьащ. КъэфакІуэхэм я лъэм къыщІидз хъуаскІэр арами, я нэгум къищ нэхугъэр арами, абдежым Коларуссэ Кавказым малъхъэдисым хуэдэу зыІэпишащ, и гъащІэми щыщ хъуащ.
- Коларуссэ Джон адыгэбзэм и джыным иужь щихьар 1971 гъэрщ, ауэ бзэщІэныгъэм нэхъ пасэу дихьэхащ – 1967 гъэм. ЯпэщІыкІэ абы зригъэщІащ пасэрей алыджыбзэмрэ пасэрей ермэлыбзэмрэ. ИтІанэ абы зритащ пасэрей къэжэрыбзэмрэ пасэрей куржыбзэмрэ. ЩІэныгъэгу зыкІуэцІылъ щІалэм а бзэхэр зэрищІэм иригъэувэлІащ нэхъ куууэ еІэбыхыну, бзэ зэлъапсэгъухэм я къежьапІэм и лъыхъуакІуи ищІащ.
- Коларуссэ и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр къыдежьащ Инджылызым дэт Кембридж университет ехьэжьам и профессор цІэрыІуэ, абазэбзэм лэжьыгъэшхуэ езыщІэкІа Аллен Вильям Сидней (1918 — 2004) тришауэ абазэ текстхэр зытет кассетэр Гарвард университетым и егъэджакІуэ Уоткинс Кэльверт къызэрыритам. Абы макъ и лъэныкъуэкІэ лэжьыгъэ дригъэкІуэкІыну къелъэІуат. Абы иужькІэ кІэщІу Коларуссэ Новергием и къалащхьэ Ослэ дэт университетым и профессор Фогт Ганс зыпищІэри, убыхыбзэм ехьэлІауэ ищІа Іэрытххэмрэ кассетэхэмрэ къритащ, убыхыбзэм елэжьын щыщІидзари абы щыгъуэщ. Абазэбзэм и макъхэр зэрызэхицІыхукІыфам Коларуссэ зэрытхьэкІумафІэр и фІэщ ищІри, убыхыбзэм гушхуауэ зритащ, ауэ, езым зэрызиумысыжымкІэ, макъ и лъэныкъуэкІэ нэхъ бзэ бей дыдэхэм ящыщ убыхыбзэм абы иужькІэ щыдэлажьэм, ар апхуэдэ дыдэу гугъу къыщыхъужакъым.
- Гугъур зищІысыр Коларуссэ щызыхищІар бжьэдыгъубзэм пыхьа нэужьщ. Коларуссэ Джон жеІэ: «ГъэщІэгъуэныщэу зы адыгэ диалектщ бжьэдыгъухэм я бзэр. Макъ дэгури, макъ жьгъыжьгъри, макъ пІытІари зэуэ къыхэбубыдыкІыфми, бзэ куэдым ущримыхьэлІэу макъ дэгу къыщиуд лІэужьыгъуэ гуэрхэр хэтщ абы, зэхэпхыу, ауэ къыпхуэмыубыду. Ар ебгъэщхь хъунущ «къыттебэнащ», «къыппэрыІэбащ» хуэдэ псалъэхэм тІуащІэу щызэтрихьэ макъ дэгухэм, ауэ зэхэжыхьарэ макъым иІэн хуей нэщэнэхэр псори пкърыту, мыхьэнэкІи нэгъуэщІ макъхэм япэувэу щыту. Арыххэуи, адыгэбзэр щызджым, сэркІэ нэхъ гугъу дыдэу къыщІэкІар бжьэдыгъубзэрщ, итІанэ убыхыбзэрщ, абы иужькІэ абазэбзэрщ».
- Коларуссэ зэрыжиІэмкІэ, абхъазыбзэр иригъэкІуэкІ къэхутэныгъэхэм уэру хилъхьэн хуэдизу фІы дыдэу ищІэркъым, абы нэхъ мащІэрэ зэрыдэлэжьар щхьэусыгъуэ ещІ. Ауэ къэбэрдеибзэр хъарзынэу егъэшэрыуэ. Адыгэ-абазэбзэхэм ящыщу ар псом нэхърэ нэхъ псынщІэу икІи нэхъ къэщтэгъуафІэу къелъытэ. Къэбэрдеибзэм зэрызилъэщІар, стиль и лъэныкъуэкІи зэрызиужьар, Іуэхугъуэ зэхуэмыдэ куэди кърипІуэтэфыну зэрыщытыр Коларуссэ къыхегъэщ. Пасэрей адыгэбзэжьым ижь зыщІихуа осетиныбзэм и дигор диалектыр зригъащІэмэ зэран зэрымыхъунури къыгурыІуащ Коларуссэ. Ар сытым хуэдэуи къыщыхуэщхьэпэжащ иужькІэ кърихьэжьа хъуа лэжьыгъэшхуэм! Адыгэ- абазэбзэхэм дэтхэнэми, жеІэ щІэныгъэлІым, егъэлеяуэ гъэщІэгъуэн куэд яхэущэхуащ, бзэр зэзыгъащІэхэм я дежкІи, абыхэм и тхыдэхэр къэзыхутэхэм я дежкІи къызэрымыкІуэу хъугъуэфІыгъуэшхуэщ.
- Сыт хуэдиз интервью имытми, адыгэбзэр зэрызригъэщІам и гугъур дэнэ щимыщІми, Коларуссэ фІыщІэгуапэ яхуищІу игу къегъэкІыж бжьэдыгъубзэр я анэдэлъхубзэу Кавказым икІауэ щыта щІалитІыр – Дахэбзу Рашидрэ Тхьэркъуахъуэ Хьисэрэ. Ахэр ЕтІуанэ дунейпсо зауэм гъэр хъууэ къаутІыпщыжахэм ящыщт, иужькІэ Нью-Джерси псэупІэ ящІауэ абдеж адыгэхэм яхэсу щыпсэурт. ЩІалитІми я хэщІапІэр Гарвард университетым пэжыжьэтэкъыми, Коларуссэ Іэмал хъарзынэ иІэт абыхэм щІэх-щІэхыурэ якІэлъыкІуэну. «А тІум къысхуащІар дунейм сытетыхукІэ сщыгъупщэнукъым, – жеІэ Коларуссэ, – шыІэныгъэ яхэлъу къызэрызбгъэдэсами, щымысхьу я зэманыр къызэрыстрагъэкІуэдами папщIэ фІыщІэшхуэ яхузощІ».
- Къэбэрдей адыгэбзэр къызыбгъэдиха Хьэвжокъуэ Мажди фІыщІэ мылъытэ хуегъэфащэ Коларуссэ. «Бжьэдыгъубзэр зэгъэщІэным яужь сихьэу илъэс 15 дэкІыжа нэужьщ къэбэрдеибзэм и къэхутэным сыщыхуежьар икІи къыхэгъэщын хуейщ ар нэхъ псынщІэу къызэрысщтари. Маждэ и адыгэбзэм хэхэс гъащІэм ижь къыщІихуами, Кавказым щыпсэу адыгэхэм я бзэм ебгъэпща нэужь, макъ, псалъэ, псалъэуха я лъэныкъуэкІэ абыхэм зэрамыхьэж, адыгэбзэм и тхыдэм дежкІэ хуабжьу мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэ куэд къыхэщырт», – игу къегъэкІыж абы.
- Дапщэрэ адыгэхэм яхэмыхьами, къыкІэлъызэрахьэ адыгагъэм, кърах хьэщІагъэм и гуапэу топсэлъыхьыж. Адыгэхэм къадэгъуэгурыкІуэ щэнхабзэри сыт и лъэныкъуэкІи фІэхьэлэмэтщ. «ГъэщІэгъуэныщэщ икІи зэтепщІыкІыу апхуэдэщ адыгэхэм я зауэ щэнхабзэр, – къыхегъэщ зэпыт Коларуссэ, – демократием и хуэмэбжьымэ къыхихымрэ уэркъыгъэмрэ апхуэдизкІэ телъыджащэу щызэхэухуэнащи, нэгъэпщІыпщІу фІэкІа къыпщыхъуркъым. Я ІуэрыІуатэр, я нарт тхыдэжьхэр, къаІуэтэжу уедэІуэныр, ятхауэ уеджэныр мащІэІуэщ, я къуэпсыр апхуэдизкІэ куууэ макІуэри. Я щэнхабзэр лъагэщ. Узыдрегъэплъей, узыІэпешэ».
- Мы зэманым Коларуссэ адыгэ псалъэухам и синтаксисым йолэжь. Къэбэрдей адыгэбзэм и грамматикэм тІэуней монографие тритхыхьащ. Коларуссэ къызэрилъытэмкІэ, адыгэбзэр, убыхыбзэр, абазэбзэр къызытекІыжа пасэрей бзэмрэ (абы понтиибзэкIэ йоджэ) индоевропей лъэпкъыбзэхэр къызытепщІыкІыжа бзэмрэ зэбгъапщэ хъунущ, щІызэбгъэпщэн щхьэусыгъуи щыІэщ, уеблэмэ ахэр зэрызэунэкъуэщым тещІыхьауэ къэхутэныгъэхэр ебгъэкІуэкІ хъунущ. Абы хуэгъэза лэжьыгъэ зыбжани иІэщ Коларуссэ.
- Адыгэбзэмрэ тхыбзэмрэ
- Коларуссэ Джон адыгэ-абазэбзэхэм я гугъу щищІкІэ, а бзэхэр зезыхьэу щыта лъэпкъхэм тхыбзэ зэраІам, тхэкІэ Іэмалхэр къагъэІурыщІэу зэрыщытам шэч къытрихьэркъым. А гупсысэм и щыхьэту адыгэбзэм хэт «тхэн», «тхылъ», «тхыгъэ» псалъэхэр щапхъэу къехь, ахэр ауэ сытми щІыІэнэщІым къызэримыхъукІари жеІэ. «Тхыдэ щхьэусыгъуэхэм понтийхэм я тхыбзэр яІэщІигъэхуами, – гу лъетэ Коларуссэ, – абыхэм я тхэкІэ хабзэхэр пасэрей алыджыбзэм е пасэрей къэжэрыбзэм я тхыбзэм тещІыхьауэ щытагъэнущ».
- ЩІэныгъэлІыр пасэрей бзэхэмкІэ дуней псом щыцІэрыІуэ ІэщІагъэлІ Майор Адриеннрэ гъуазджэм и тхыдэмкІэ профессор Сондерс Дэвидрэ куэд щІакъым зэрадэлажьэрэ. «Зыми щымыщу», «купщІэншэу» къалъытэу къекІуэкІ тхыгъэжьхэу пасэрей алыдж кхъуэщынхэм тетхэм я щэхур къахутэу, тетхам къеджэу лэжьыгъэ зэдрахьэкІащ. КъызэрыщІэкІамкІэ, абы тетт пасэрей адыгэбзэм, убыхыбзэм, абазэбзэм яІа щытыкІэр къызытещ цІэхэр, псалъэхэр, псалъэ зэрыІыгъ гуэрхэр. Мыхьэнэ зимыІэу къалъытэу щыта тхыгъэжьхэр понтиибзэкІэ къэпсэлъащ. Ари, езы адыгэ-абазэбзэхэм я щыхьэтыгъэхэри къелъытэри, Коларуссэ понтийхэм зи ныбжьыр илъэс 2500-рэ хъу я тхыгъэжьхэр адыгэбзэм ІэщІэхужа тхыбзэм и щапхъэу егъэув.
- Зыуэ щыт тхыбзэмрэ лъэпкъ щІэжымрэ
- Лъэпкъ щІэжым и инагъыр бзэм и щытыкІэмкІэ къыпхуэщІэнущ. «Адыгэм и щІэныгъэмрэ и щэнхабзэмрэ лъэпкъ хъугъуэфІыгъуэм щыщу къилъытэмэ, а псор и бзэкІэ къызэриІуэтэным икІи зэрихъумэным иужь итынущ», – жеІэ Коларуссэ. Адыгэ псэлъэкІэхэм ящыщу литературэбзэм и лъабжьэ хъун хуеймкІэ адыгэхэм я зэхуаку нобэ илъ зэныкъуэкъум Коларуссэ щыгъуазэщ. «СызэреплъымкІэ, тхыбзэ хабзитІ зэфІэувауэ хъарзынэу заужь. Зыр Кавказым и КъухьэпІэм щыпсэу адыгэхэм зэрахьэ, адрейри КъуэкІыпІэмкІэ щызокІуэ. ТІуми заужь, тІури къызэдэгъуэгурыкІуэ хъунущ. Ауэ Іэмалыншэу зы бзэ щыІэн хуейуэ лъэпкъым иукъуэдиймэ, сэрамэ, нэхъ гугъу дыдэр къыхэсхынт – шапсыгъыбзэр е бжьэдыгъубзэр. ЩІэныгъэ еплъыкІэу сыхэплъэуи къыщІэкІынущ. Псалъэм щхьэкІэ, бзэм ирипсалъэм зэригъэзэхуэн хуейкъым жиІэр е къипсэлъыр апхуэдэу щІыжиІэр е къыщІипсэлъыр. Зэрыщытын хуейр ещІэри аращ апхуэдэу щІыжиІэр е къыщІипсэлъыр. Бжьэдыгъубзэм пэзгъэув къэбэрдеибзэм ирипсалъэм езым и къэпсэлъыкІэм темыхуэ жыІэкІэ лІэужьыгъуэр къемызэгъ гуэру е пхэнжу къилъытэнурэ, къигъэсэбэпынур езым и диалектращ. Ар елІэлІэнукъым бжьэдыгъум и жыІэкІэ хабзэхэм, тхыбзэр игъэІэкІуэлъакІуэу щытми. Апхуэдэ щапхъэхэр щыгъунэжщ урысыбзэм щегъэжьауэ инджылызыбзэм щыщІитІыкІыжу. Нэхъ нэрылъагъу хъун щхьэкІэ, инджылызыбзэм ирипсалъэхэм «w»-м къигъэлъагъуэ макъыр «write» икІи «what» псалъэхэм зэрыщыІур щапхъэу къэтхьынщ. Япэ псалъэм ар «rayt» щохъу, етІуанэм дежкІэ «wat»-у укъоджэ. Апхуэдэ зыгуэрщ къыщыщІынур зыуэ щыт тхыбзэ адыгэхэм зыІэрагъэхьэми. Абы шэч хэлъкъым».
- Коларуссэ къихьа щапхъэм ипкъ иткІэ бжьэдыгъубзэмрэ къэбэрдеибзэмрэ бзэ зэпэщхьэхуэу къызэримылъытэми трегъэчыныхь. «Зэми согупсыс абыхэм португалыбзэмрэ испаныбзэмрэ е нидерландыбзэмрэ нэмыцэбзэмрэ яІэ зэщхьэщыкІыныгъэм хуэдиз яІэу къэплъытэ хъуну, зэми, ари дэлъу къыщІэкІынкъым, жызоІэ, – йогупсыс Коларуссэ. — Хэбгъэзыхьыпэмэ, арауэ къыщІэкІынущ нэхъ сыкъызытеувыІэри, сыту жыпІэмэ, зы лъэпкъыцІэ зэрахьэ, зы бзэ ирипсалъэу жаІэ. ЩыІэр зы адыгэбзэщ, жысІэнт, фІыуэ зэщхьэщыкІ диалектхэр иІэу: къэбэрдеибзэ, беслъэнеибзэ, хьэтыкъуеибзэ, бжьэдыгъубзэ, абазэхэбзэ, шапсыгъыбзэ, нэгъуэщІхэри. Убыххэм я бзэри адыгэбзэм хызогъэхьэ. Ар къэлъытауэ, мыр букъуэдий хъунущ: зи цІэ къисІуахэр псори зы лъэпкъыу нобэ къадэгъуэгурыкІуэ адыгэбзэмрэ щымыІэж убыхыбзэмрэ ирипсалъэу къекІуэкІауэ».
- Ныбжьэгъу сиІэщ, Оксфорд университетым щригъаджэу. Зэгуэрым абы и тхылъ тыгъэу къысхуигъэхьат. ФІыщІэ хуэсщІыжу нарт тхыдэжьхэм ятеухуауэ къыдэзгъэкІагъащІэ тхылъыр кІэщІуи хуезгъэхьыжат. Еджа нэужь хъыбар къызитат нартхэр телъыджэлажьэ къызэрыщыхъуар. Апхуэдэ хъыбар къэІуэтэкІэр щІэщыгъуэ дыдэу къызэрилъытэр, дунеймкІи ар гъэщІэгъуэн дыдэ зэрыхъунур. Кавказым и кІуэцІым къихъукІа нартхэм я бзэр, адыгэбзэр, уэрэд мыужьыхыжу, дунейм щыІун хуейщ, жиІат. Хэкужь щалъытэ, хамэщІ щахутэ адыгэбзэм къаруушхуэ иІэщ, зэхэтщІыкІын хуейуэ аращ.
- «ФІыщІэ жыг хухэсапхъэщ», жаІэ адыгэхэм. Апхуэдиз лъытэныгъэ адыгэм къыхузиІэ щІэныгъэлІым и цІэм пщІэ хуэщІын, лъэпкъми игъэлъэпІэн зэрыхуейм шэч къытетхьэркъым. И гуащІэр хурикъуу зыщІэхъуэпс псори къыдэхъуну, адыгэбзэм теухуауэ ирихьэкІ лэжьыгъэхэр дунейм къытехьарэ щІэныгъэм зэрыхуэщхьэпэр илъагъуу ди япэ узыншэу куэдрэ итыну дыхуохъуахъуэ нэхъыжьым!
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.