Лэжьыгъэр щызэпыуркъым
2021-07-20
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым лэжьыгъэр зэпымыууэ щекIуэкIыу зы щIэныгъэ лъэщапIэ гъэщIэгъуэн иIэщ — щIыуэпсым и музейм геологие хуэIухуэщIэхэмкIэ и къудамэр. Къызэрызэрагъэпэщрэ куэд мыщIами, абы и къэхутэныгъэхэм щIэупщIэ яIэщ, иригъэкIуэкI лэжьыгъэм пщIэ игъуэтащ.
- Къудамэм и унафэщI Шамаринэ Иринэ зэрыжиIэмкIэ, щIыуэпсым и музейм и лэжьыгъэр къызэрыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэ къудейкъым зытещIыхьар, абдеж къыщыхалъхьэ сыт хуэдэ теплъэгъуэри щIэныгъэм и зы хэхыпIэщ, химиемрэ биологиемрэ зэзыпх къэхутэныгъэхэм я къэкIуапIэщ. «ЩIыуэпсым и музейм 2018 гъэм лэжьэн щIидзащ, — жеIэ Шамаринэ Иринэ, — «КъБКъУ-м и Ботаникэ жыг хадэ» еджапIэ-щIэныгъэ центрыр зи къежьапIэ, абы иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зи Iуэхум и лъабжьэу щыт ди музейр щIэныгъэ-къэхутакIуэ, еджэныгъэ-методикэ, щIэнхабзэ-узэщIакIуэ IуэхущIапIэу къогъуэгурыкIуэ, и къалэн нэхъыщхьэри бгылъэхэм къыщIах мывэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ минералхэмрэ зэхуэхьэсынырщ, хъумэнырщ, джынырщ, гъэлъэгъуэнырщ.
- Музейм и щхьэхуэныгъэхэм ящыщщ абы и лэжьыгъэр еджэныгъэм гуэх имыIэу пыщIауэ зэрыщытыр, химиемрэ биологиемкIэ къудамэхэм курс щхьэхуэхэр къыщызэрагъэпэщрэ абыхэм къызэщIаубыдэ Iуэхугъуэ куэдыр ди музей гъэтIылъыгъэхэр щапхъэу щагъэлъагъуэкIэрэ щызэпкърахыу. Абы и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, ди университетым иIэ Iэмалым хуэдэ зыбгъэдэлъ еджапIэ куэд щыIэкъым. Ди щIыналъэм и щIыуэпсым и щхьэхуэныгъэхэм я тхыдэр джынымрэ къэхутэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ геологие, геоморфологие, палеографие щIэныгъэхэр, жьэрыIуатэ къудей мыхъуу, нэрылъагъуу еджакIуэхэм ябгъэдэтлъхьэну Iэмал хъарзынэхэр диIэщ. Абы къищынэмыщIауэ, щIыналъэм и пкъымрэ зэрызэхэлъымрэ къэзыхутэ географие щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыбджыфынущ.
- Къыхэзгъэщыну сыхуейт ди музей гъэтIылъыгъэхэм бгылъэхэм къыщIах, жьымрэ псымрэ япхъэха мывэ лъэпкъыгъуэхэр, щIым хыхьэу зи уней нэщэнэхэр зыхъуэжа мывэ зэмылIэужьыгъуэхэр, щIымафIэм къызыхидза мывэ зэхуэмыдэхэр къызэрыщыгъэлъэгъуар, зэрызэхэлъкIи къызэрыхъуакIи зэрызэхуэмыдэм гъэщIэгъуэнагъ куэд къазэрылъыкъуэкIым къыхэкIыу щIыпIэ жыжьэхэм къикIыурэ ахэр къызэрахутэр, зэрызэрагъащIэр.
- Ди музейр КъБКъУ-м химиемрэ биологиемкIэ и институтхэм я щIэныгъэ лэжьыгъэм куууэ зэрыхэпщIам и мызакъуэу, еджакIуэхэми Iэмал ярет а мывэхэмрэ минералхэмрэ къэхутэныгъэхэр драгъэкIуэкIыну, методикэ и лъэныкъуэкIэ щIэгъэкъуэн яхуохъу, щIэныгъэ унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм дедгъэхьэхыу ахэр куууэ щрагъэдж центрхэм щапытщIэфри мащIэкъым. Апхуэдэу, музейм щIэх-щIэхыурэ къыткIэлъокIуэ ди щIыналъэм и географиер курыт еджапIэхэм щезыгъэдж егъэджакIуэхэр, абыхэм я гъукIэгъэсэнхэм щхьэкIэ IэщIагъэм хуэзыунэтI Iуэхугъуэхэри къызыдогъэпэщ».
- Музейм и лэжьыгъэм дихьэхауэ тепсэлъыхь Шамаринэ Иринэ къыхигъэщащ дунейм зэрехыжрэ куэд мыщIа щIэныгъэхутэ телъыджэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат Емуз Людмилэ и цIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсым теухуа музейм и гъэтIылъыгъэхэм я курыхыр зэзыгъэпэщар аращ. Музейм зиубгъуным, щIэныгъэ унэтIыныгъэ игъуэтыным щхьэусыгъуэфI хуэхъуар абы Кавказышхуэр къызэхикIухьурэ иригъэкIуэкIа геологие щIэныгъэ зекIуэхэм, практикэхэм къриха хъугъуэфIыгъуэхэрщ. Емуз Людмилэ КъБР-м и щIыналъэ географием хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэр къыхощ дэтхэнэ зы мывэ лIэужьыгъуэми минерал лъэпкъыгъуэми я фIэщыгъэр, къыздикIар, и уней нэщэнэхэр, и хьэлъагъ-псынщIагъым, химие и лъэныкъуэкIэ зэрызэхэлъыр зыубзыху тхыгъэ зэрыхуищIыжам. Музейм и лэжьыгъэр абы куэдкIэ игъэпсынщIащ.
- Музей гъэтIылъыгъэхэм ноби зэпымычууэ къахохъуэ. Мызыгъуэгум ар нэгъуэщI зы Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн йолэжь — цилиндр теплъэ яIэу щIы яубрууам къыщIэкI мывэ лъэпкъ быдэхэр, щIэныгъэр «керн»-кIэ зэджэр, къахутэ, лъэпкъыгъуэхэр зэхагъэкI. Зэ еплъыгъуэкIэ къызэрыгуэкI мывэ лIэужьыгъуэу къэлъагъуэми, щIым и ныбжьри, къат-къатурэ зэтелъ щIыгулъым и зэхэлъыкIэри кърипхутэну ар Iэмал гъуэзэджэщ.
- Музейм и лэжьыгъэр зэи зэпыуркъым, дыкъэзыухъуреихь дунейм и ублапIэр теплъэгъуэрэ пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ егъэлъагъуэ, и щэхухэр къетIэщI.
- ШУРДЫМ Динэ.20