ЛъагапIэщIэхэм хущIокъу
2021-09-07
- УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ щекIуэкI лэжьыгъэхэм якIэлъыплъынымкIэ и къулыкъущIапIэм (Рособрнадзор) и къалэнхэм ящыщщ еджапIэхэм я пщэрылъхэр зэрагъэзащIэр къипщытэныр. Апхуэдэ мурад яIэу «Рособрнадзор»-м и лэжьакIуэхэр иджыблагъэ щыIащ КIуэкIуэ Валерий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым. Ди гуапэ зэрыхъущи, КъБКъМУ-р къалъытащ зи къалэнхэм къызыхуэтыншэу пэлъэщ еджапIэ нэхъыщхьэу икIи адэкIи лэжьэну хуит зыщI дэфтэрри къратыжащ.
- Ди республикэм и мэкъумэш еджапIэ нэхъыщхьэм къэрал аккредитацэ къызэрыратамкIэ унафэм, «Рособрнадзор»-м и унафэщIым и къуэдзэ Кочетовэ Светланэ и Iэр зыщIэлъым, къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, КъБКъМУ-м щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэр йозагъэ къэралым щызекIуэ хабзэхэмрэ егъэджэныгъэ мардэхэмрэ. Ахэр я тегъэщIапIэу лэжьа эксперт къэпщытакIуэ гупым зэфIаха лэжьыгъэм ипкъ иткIэ, а еджапIэ нэхъыщхьэм къэрал хуитыныгъэ иратащ IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэхэр лъэпкъ экономикэм хуэгъэхьэзырынымкIэ и пщэрылъ къалэнхэр адэкIи зэфIихыну. Аккредитацэм и пIалъэр къэкIуэну илъэси 6-м тещIыхьащ.
- Аккредитацэм ипкъ иткIэ, КъБКъМУ-м нэхъапэкIэ зыщыхурагъаджэу щыта унэтIыныгъэхэм, IэщIагъэхэм иджыри къахэхъуащ: «Экономикэмрэ управленэмрэ», «Юриспруденцие». КъинэмыщIауэ, къэпщытэныгъэхэм къарита хуитыныгъэмкIэ университетым щагъэхьэзырынущ «Ветеринарие» IэщIагъэм хыхьэ унэтIыныгъэу 22-мкIэ бакалаврхэр. Магистратурэм я щIэныгъэм щыхагъэхъуэфынущ унэтIыныгъэу 17-мкIэ, аспирантурэм — унэтIыныгъи 6-мкIэ. Университетым Тэрч щиIэ къудамэм унэтIыныгъи 5-мкIэ IэщIагъэлI-хэр щагъэхьэзыр.
- — Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъу-мэш университетыр аккредитацэм ехъулIэныгъэ иIэу зэрыпхыкIыфар я фIыгъэщ щылажьэ щIэныгъэлIхэм, профессорхэм, доцентхэмрэ аспирантхэмрэ — егъэджакIуэ псоми, апхуэдэу ди деж щеджэ студентхэм, — жеIэ еджапIэ нэхъыщхьэм и ректор Апажэ Аслъэн. — Нобэ КъБКъМУ-р Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и мэкъумэш-промышленнэ IэнатIэм папщIэ IэщIагъэлIхэр зыгъэхьэзыр IуэхущIапIэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ. Ди еджапIэм щекIуэкI Iуэху зехьэкIэр дунейпсо мардэхэм, щIэныгъэ-инновацэ лъабжьэ зиIэхэм, худогъакIуэ. ЛэжьыгъэкIэ дапыщIащ ди къэралым, хамэ щIыпIэхэм я еджапIэ нэхъыщхьэхэм, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм, мэкъумэш-промышленнэ IуэхущIапIэхэм. А псори тегъэщIапIэ быдэ хуэхъуащ ди деж щекIуэкIа иужьрей къэрал къэпщытэныгъэм дыпхыкIыфыным.
- IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымкIэ зыбжанэу зэщхьэщыха егъэджэныгъэ мардэр къагъэсэбэпу, КъБКъМУ-м гулъытэ хэха хуещI мэкъумэш щIэныгъэм адэкIи зегъэужьыным, ар бизнесымрэ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ проектхэмрэ япыщIэным. Езым хуэдэ IуэхущIапIэхэм зэрапыщIам университетым и IэщIагъэлIхэми абы щеджэ студентхэми Iэмал къарет нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкI егъэджэныгъэ мардэхэм, Iуэху зехьэкIэхэм щыгъуазэ зыхуащIыну, абыхэмкIэ зэдэгуэшэну. ЕджапIэм Iэмал псори иIэщ квалификацэ лъагэ зиIэ, XXI лIэщIыгъуэм къигъэув къалэнхэм пэлъэщыфын IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымкIэ. А Iуэхум ар тэмэму зэрыхуэлажьэр, къэрал стандарт лъагэхэм хуэкIуэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэр, щIэныгъэ-къэхутэныгъэр ехъулIэныгъэ пылъу зэрыщекIуэ-кIыр къигъэлъэгъуащ аккредитацэм.
- Дэтхэнэ еджапIэ нэхъыщхьэри зрихьэлIэ а къэпщытэныгъэм къызыхуэтыншэу пхыкIауэ, КъБКъМУ-м и унафэщIхэми, егъэджакIуэхэми, студентхэми ехъулIэныгъэщIэхэм, текIуэныгъэ инхэм ухуэзышэн гъунэхэр иралъ. Зи лэжьыгъэм «фIы дыдэ» нагъыщэр хуагъэфэща университетыр лъагапIэщIэхэм хущIокъу, къаруущIэхэр иIэу, мурадыщIэхэр и куэду.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.