ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бжыгъэр  зи  лъабжьэ  зэпыщIэныгъэр  йофIакIуэ

2021-06-29

  • Мы махуэхэм Москва щекIуэкIащ УФ-м и «Диалог» автоном зэгухьэныгъэмрэ (АНО) Ломоносовым и цIэр зезыхьэ МКъУ-мрэ къыхалъхьауэ щыта егъэджэныгъэ программэм къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэ унэтIыныгъэхэм щытепсэлъыхьа курсхэр. Бжыгъэр зи лъабжьэ иджырей медиакоммуникацэхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт IэнатIэхэм зэрызыщаужь щIыкIэхэм тепсэлъыхьащ УФ-м и субъект зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ, ЩIыналъэм унафэр щызегъэкIуэнымкIэ центрхэм (ЦУР) я лIыкIуэхэр.

  • Егъэджэныгъэ курсхэм ЦУР-хэм я IэщIагъэлIхэр щызэдэгуэшащ къыздикIа щIыналъэхэм щекIуэкI Iуэху зехьэкIэ мардэхэмкIэ, утыку кърахьа унэтIыныгъэхэмкIи щIэ куэд къащIащ. Москва щыIа курсхэм ди республикэм щыщу хэтащ КъБР-м и ЦУР-м и унафэщI Дыгулыбгъу Маринэ. Абы зэры- жиIэмкIэ, МКъУ-м щекIуэкIа егъэджэныгъэхэр Iэмал гъуэзэджэщ бжыгъэр зи лъабжьэ зэпыщIэныгъэмкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэхэм хагъэхъуэнымкIэ, щIыналъэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр нэхъри гъэбыдэнымкIэ.
  • — Дызыхэта программэмкIэ псалъэмакъ купщIафIэхэр къыддрагъэкIуэкIащ къэралым и эксперт цIэрыIуэхэм, егъэджакIуэ Iэзэхэм, — жеIэ Дыгулыбгъум. — Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, МКъУ-м журналистикэмкIэ и факультетым и декан, СМИ-м и теориемрэ экономикэмкIэ кафедрэм и унафэщI Вартановэ Еленэ, МКъУ-м экономикэ, финанс зыужьыныгъэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Квинт Владимир, МКъУ-м ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм къэрал унафэ щызегъэкIуэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Макаров Валерий, АНО-м и унафэщIым и къуэдзэ Табак Владимир сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • Псори зэхэту егъэджэныгъэ курсхэм къызэщIаубыдащ сыхьэти 111-рэ хъу дерсхэр, лекцэхэм къеджащ эксперт 31-рэ, зэпэщхьэхуэу лэжьащ курсантхэр зыхэта гупи 5. Курсхэм щекIуэкIа лэжьыгъэ псори къызэщIиубыдэжу, абы хэтахэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ АНО-м и унафэщI Гореславский Алексей.
  • — ЖыпIэ хъунущ курсхэр къыщызэдгъэпэщым щыгъуэ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр, диIа мурадхэр къыдэхъулIауэ. ЩIыналъэм унафэр щызегъэкIуэнымкIэ центрхэмрэ МКъУ-м и унафэщIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ дяпэкIэ нэхъ шэщIауэ зэдэлэжьэнущ, бжыгъэр зи лъабжьэ программэхэри нэхъ шэщIауэ къэдгъэсэбэпынущ, — къыхигъэщащ абы. — А псоми мыхьэнэшхуэ яIэщ мы зэманым: Интернет-технологиемрэ медиакоммуникацэмрэ гъащIэм и унэтIыныгъэ псоми зыщыщаужь лъэхъэнэм.
  • Курсхэр къызэзыгъэпэщахэм абы хэтахэм иратыжащ ябгъэдэлъ щIэныгъэм зэрыхагъэхъуам щыхьэт техъуэ дипломхэр.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.