Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2021-02-13
- ГушыIэ
- Хъуэжэ езым зыкъигъэпцIэжащ
- Хъуэжэ пIащIэу унэм кIуэжырт. Уэрамым щызэхэт цIыху гупым щаблэкIым, зыгуэр къеупщIащ:
- — СлIожь, Хъуэжэ, уи кIэм мафIэ щIэна, дэнэ апхуэдизу упIащIэу уздэжэр? — жиIэри.
- Хъуэжэ и кIэм еплъыжри:
- — Хьэуэ, мафIэ лъэпкъ слъагъуркъым, — жиIащ.
- — АтIэ дэнэ уздэжэр? — къеупщIащ аргуэру а зэгуэпыгъуэр.
- Хъуэжэ къызэтеувыIащ, лIыр гъунэгъуу къызыбгъэдишэри, щэху дыдэу жриIащ:
- — Хъурмэ куэд къашауэ къалэжьыщхьэ деж пщIэншэу щат, си хъуржыныжьыр цIыкIуIуэ къысщыхъужауэ чыматэри къэсщтэну сокIуэж, зыми жумыIэу уи закъуэ къыдэкI, — жиIэри, Хъуэжэ ежьэжащ.
- Зы тэлай дэкIауэ, Хъуэжэ щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъри къилъэгъуащ пэгун, матэ, хъуржын яIыгъыу хъурмэхьэ пхъэра цIыхухэр.
- — Алыхь-алыхь, зыхэзгъэкIыжырти пщIэншэу ят хъурмэм, — жиIэри, и хъуржыныжьымрэ зы чыматэрэ къищтэри, езыри якIэлъыдэжащ бгым.
- КъэпцIа цIыхухэр бгыщхьэм щызэрызехьэу тетт, къэзыгъэпцIам лъыхъуэхэу. Япэ зыхуэзауэ щыта лIым Хъуэжэ къызэрилъагъуу, къепхъуэри утыкум ирилъэфащ:
- — Мис а пцIыр зыгъэIуар, — жиIэри.
- — Хэт жысIэу зэхиха? КъызэфшалIэ мыдэ! — къахуикIуэтакъым Хъуэжэ.
- — Сэ щэхуу къызжепIащ, — жиIэри лIы зэгуэпыгъуэр къэуващ.
- — Си шыдыр хьэм щишхым щыгъуэ си макъым къызэрикIкIэ сыкIиияти, зыми зэхихакъым, иджы уэ зым щэхуу бжесIар сыту псынщIэу къуажэ псом щызэлъащIыса? — жиIэри яхуидакъым Хъуэжэ «пцIы» къытралъхьэу.
- КъардэнгъущI Зырамыку.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу
- Агънокъуэм и хъуэрыбзэхэр
- Лашэ уэркъыжьхэм йохъурджауэ
- Зеиншэу, анэшым япIыжауэ, щIалэ закъуэ къуажэм дэст. Ар зылъэкIхэм ягъэлIыщIэрт, щхьэгъусэ къодгъэшэнщ, жаIэурэ. АрщхьэкIэ сыт щыгъуи къагъэпцIэжырт. Апхуэдэу щыхъум, ар нэхъыбэу зыгъэлIыщIэ Фомытхэ я пщIантIэдэту, Къуэжьокъуэхи, Къэзаншхи, Щоджэнхи ящыщ уэркъ щауэхэри щыту, Агънокъуэ Лашэ мы усэр жиIащ:
- — Фомытхэ нэхърэ,
- Зы фо шынакъ.
- Къуэжьокъуэхэ нэхърэ,
- Танэ къуэлэн.
- Щоджэнхэ нэхърэ,
- Хъарбыз ныкъуэхъу.
- Хъурзанхэ нэхърэ,
- Зы хъыджэбз нашэ.
- Шыпш и къуэм нэхърэ,
- Зы шабий пхыр.
- Трамэхэ нэхърэ,
- Чэсей хъар IэлъэщI.
- Лъэпкъ мащIэщ Къэзаншхэ,
- Зы шатэ шхыгъуэ.
- Гъуэлэжьым нэхърэ —
- Зы жьэгу къылыш.
- Къылышхэ нэхърэ,
- Зы дэджхъущIэ Тхьэм къызит!
- — Си щIалэ!
- Iыхьэлейуэ согузавэ,
- Уи вы цIыкIуитIри — мес, зэмыгуэгъущ.
- Гугъу зыпхуезгъэхьынщ,
- Си ныуэжьым и гъуэншэджыжьым
- къыщыщIэдзауэ
- Уэ пхуэзгъэкIуэдынщ.
- Бадзэ зыщымыдымыр
- уи унэжь тIэкIурщ.
- НэкIухуу нысащIэр щIэсамэ,
- Убгъэдэсын гущэт угуфIэжу.
- И щхьэцыр гъуэуэ,
- И нэжьгъуцыр тIэрэзауэ,
- Хуэрэзэжу унэ гунэсу,
- УнэсыжыхукIэ уэ къыпхуэпIащIэу,
- И Iупэ пIащIэр балий ныкъуэхъуу,
- Дарий Iэщхьэхур жьым щIихурхукIыу,
- И бостеикIэр къыдэкIэрахъуэу,
- Щауэхъурылъхуу,
- Къилъхуу илъэпкъыр зэду,
- И дыгъи мытIэпIу,
- Тхьэр пхузоIуэ, къозгъэшэнмэ.
- ИкIи, а зэрыжиIам хуэдэуи, щIалэм фыз къыхуишэри, игъэтIысыжауэ щытащ.
- Къуажэхьхэр
- Псы зымыдэ данагъуэ
- Ди щхьэгъубжэ дыщэ тхьэгъу къыдоплъ.
- Уеджэмэ, къоджэж.
- Зэшищ зы пыIэ ящхьэрыгъщ.
- Псы зымыдэ данагъуэ.
- Ди пщIантIэ щоудж, ди Iэнэм тоджагуэ, быныр егъэгуфIэ.
- Жэуапхэр:
- МазэщIэ. Джэрпэджэж. Iэнэ. МафIэ бзий. Гуэгуш.
- Гукъинэж
- Топджэгум
- Нобэрей топджэгуркъым зи гугъу сщIынур. 1965 гъэм ди «Спартак» дуней нэхум РСФСР-м пашэныгъэр щиубыдауэ щыщытам щыгъуэ къэхъуа тIэкIущ. Топджэгу Iуэхуи зесхуэркъым, абы къыщыхъуа гуэр сигу къэкIыжауэ аращ.
- Си гукъэкIыжыр нэхъыщхьэу зэхьэлIари псоми фIыуэ тлъагъу, фIыуи тцIыхуу щыта, Совет Союзым и ЛIыхъужь щыхуэфащэм къылъамыгъэсауэ мо гъэ дыдэм цIэр къызыфIащауэ щыта Къуэныкъуей Назирщ. Абы куэд щытхъуащи, сэ къытезгъэзэжынкъым, ауэ зы псалъэу жысIэнщи, Назир гуимыкIыж цIыху гуапэу, хьэлэлу, щэныфIэу, ныбжьэгъу пэжу щытащ. И лIыгъэм и гугъу пщIымэ, лIыгъэ зыхэмылъ лIыхъужь ящIыркъым, ауэ щыхъукIи, зауэр зэфIэкIа нэужь, илъэс куэд дэкIыжауэ, ар зыфIащыжыр зырызыххэт.
- А зырызхэм ящыщ Назир си гъунэгъуу зы лъэхъэнэ псэуащ. СэзыгъэцIыхуауэ щытари си малъхъэгъу, МВД-м щылажьэ полковник Дудар Мухьэмэдт. А тIур зауэм ипэхэм еджапIэ городокым щызэрыцIыхуауэ зэныбжьэгъути, уэрамым щызэхуэзауэ Назирым мобы жриIащ пэшиплI хъу фэтэрым щыщу зы пэш къызэрыратыр. Фэтэрыр зыхуэзэр къыщыжраIэм, сэри абдеж сызэрыщыпсэур жиIащ Дударым.
- А зэманым фэтэрхэр хуабжьу зэпэубыдат, ауэ итIани обкомым и инструктор къызэрыгуэкIри унагъуитI зыщIэс фэтэрым зы пэш цIыкIу щиIыгъыу пхущIэсынутэкъым. Ауэ лъыр къыпыжу зауэм хэта, Дыщэ вагъуэм щIыгъу нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэри зи бгъэм къыхэлыдыкI Къуэныкъуей Назир а пэш закъуэм щыгуфIыкIыу щIэст.
- АтIэ, Назир ехьэлIа гукъэкIыж тIэкIур мы къезгъэкIуэкI къомым хэмызэрыхьыж щIыкIэ вжесIэнщи, махуэ гуэрым дызэгъусэу а гуимыхуж 1965 гъэ топджэгум дыкIуат. ДыздэкIуэм, гъуэгум дащыхуозэ ди адыгэ театрым и артист цIэрыIуэ гуп: Сонэ Мухьэрбий, Болэ Мурат, ТIыхъужь Алий, сымыщIэж нэгъуэщI гуэрхэри, ди режиссёр цIэрыIуэ Ерчэн Леонид я пашэу. Назиррэ абыхэмрэ си гуапэу зэрызогъэцIыху, ахэр зэрызиныбжьэгъум срипагэу, Назир деж лъапIи сыщрихъуу.
- ДыздэкIуэм, Назир моуэ гузавэу, Iэнкун къэхъуа хуэдэу къысфIощIри соIущащэ:
- — Сыт, Назир, щхьэ упIейтейрэ, си ныбжьэгъухэр уигу иримыхьауэ ара?
- — СыкъэпщIащ, Мухьэмэд, сыпIейтейщ. Ауэ сыбгъэцIыхуахэр сигу иримыхьауэ аракъым — хуабжьу гуапи сщыхъуащ, ауэ садемыкIункIэ, садэмыхъункIэ сошынэ, ахэр нэмысышхуэ, щэнхабзэ ин зыхэлъ цIыхушхуэхэщ. Сэ адыгэм куэд лъандэрэ сахэтыжакъыми, абыхэм я деж емыкIу къыщысхьмэ жызоIэри согузавэ. КхъыIэ, закъыкIэрыдгъэгъэхуж.
- — Сыт жыпIэр, Назир, ахэр щIалэжьщ, цIыху фIыуэ ялъагъу, ныбжьэгъур яфIэфIщ…
- — Сэ сщIэ мыгъуэрэ, сэ дзэ къулыкъу ткIийм куэдрэ сыхэтащ, адыги сымылъагъуу, мыхъун гуэр къызжьэдэкIрэ емыкIу къэсхьмэ…
- — ХьэIэ, хьэIэ, апхуэдэ щыIэкъым.
- — АтIэ, зыгуэркIэ сыкъыщIэхуэмэ, уэ уи Iуэхущ, Мухьэмэд.
- — Дэгъуэщ, гумызагъэ, — жызоIэри, Назир и гур фIы хуэсщIауэ стадионым докIуэ. ЗэкIэлъхьэужьу дотIысэкI, сэ нэхъыщIагъэкIэ ижьырабгъу кIапэр зылъызгъэсауэ, адыгэ хабзэмкIэ апхуэдэу щытын зэрыхуейри зыгуэрым къыжеIэри, ари имыщIэу къызэрищIар Назир и гуапэ мэхъу. ИтIанэ, абы къыпищэ щIыкIэу, Мухьэрбий къеIуэтэж зауэм и пэкIэ мыпхуэдэ топджэгум къыщыхъуауэ щытар: Къалмыкъ БетIалрэ абы къыкIэлъыкIуэ унафэщIышхуэмрэ зэбгъурысу топджэгум здеплъхэм, къулыкъущIэшхуэр зыбгъурыс нэхъыщхьэжым йоупщI, жи: слIо, товарищ Калмыков, мы къомым зы хьэфэтоп зэпаубыдауэ къызэремыхьэкIыу, я топ зырыз къахуэдмыщэхуфу Къэбэрдей-Балъкъэрыр апхуэдэу дыкъулейсыз?
- А гушыIэ тIорысэр Мухьэрбий апхуэдизкIэ гъэщIэрэщIауэ жиIати, Назир фIэгъэщIэгъуэн дыдэ хъуащ, ар зэхэтхыурэ дужэгъужа пэтми, дэри дридыхьэшхащ… Арати, Назир игурэ и щхьэрэ гъэтIылъауэ гупым къызэрытхэзэгъар солъагъури, сэри согуфIэ, топджэгури, зэрыхабзэу, хэт кIийуэ, хэт гуоуэ йокIуэкI. А лъэхъэнэр псоми дащытекIуэ ди гъэти, а махуэри арат.
- Топищ дэдгъэкIа пэтрэ, мо адыгэ нэпсей къомыр кIийрт: еуэ, еуэ, еуэ! Аргуэру топищ дагъэкIми, аргуэру щы жызыIэнухэрт кIийр. Адыгэм ягъафIэ Iэпщэ Александр а зэманым и уэлиигъуэти, абы топыр къыIэрыхьэху Мухьэрбий къызэфIэувэрти и Iэшхуэр игъэдалъэрт: «Еуэ, Сашэ, уащымысхь!» Сашэ топыр яфIыкIуэцIрихри, гъуащхьэм нэхъ пэгъунэгъу и джэгуэгъум иритащ. Зритам ихъу-илъ зищIри топым еуащ, арщхьэкIэ гъуэм хуэмызэу ищхьэмкIэ щхьэпрылъэтащ. Абдежым Мухьэрбий къыщылъэтащи, и макъ лъэщым къызэрихькIэ мэгъуахъуэ. «А зи анэр ауэ, моуэ хъун лъакъуэIушэжь…» жиIэу ирекъутэкI.
- Назир, а махуэм хьэрэм-хьэлэлкIэ зыхезгъэлъхьа Дыщэ вагъуэр и Iэ лъэныкъуэмкIэ игъэпщкIущ, адрей Iэ лъэныкъуэр и нэкIум Iуилъхьэри къыткIэщIэкIуэсыкIыжащ…
- Сэ зыкъомрэ селIэлIащ Назир а гупым яхэсшыжыну, ауэ схузэфIэкIакъым. Иужьым сэрыншэу зэныбжьэгъу хъужхэри, Назирри яхэзэгъэжащ, уеблэмэ, къыщылъэтрэ кIийуэ ирагъэсащ, ауэ яхуэхъуэнакъым, топджэгум щыкIуэкIэ, и Дыщэ вагъуэри зыхилъхьэжакъым.
- Къэрмокъуэ Мухьэмэд.
- ЖыIэгъуэхэр
- Хасэм зыхамыгъэхьэр унэм щосэхъу
- Хамэхьэ гъэбани, унэхьэ гъэплъыр.
- ХамэщI гъэмахуэ нэхърэ — хэкужь щIымахуэ.
- ХамэщIыр щIы хьэхущ.
- ХамэщI щылъэщри хэкужь щIобэг.
- Хасэм зыхамыгъэхьэр унэм щосэхъу.
- Хахуэр утыку щыщэбэху, щабэм утыкур иIыгъщ.
- Хэкужь пщIыхьым хамэщI ущигъэжейркъым.
- Хэти шы дахэ мыжэщ, хэти шыд жэрщ.
- Хэти и гъащIэр пцIащхъуэщ, хэти и ахъшэр пшахъуэщ.
- Хуэмыхур игъэIуэхутхьэбзэщIэн хьэщIэ пэплъэ зэпытщ.
- ХьэщIэр шхамэ, бысымыр бжэм йоплъ.
- КIэрэф Хьэсэнбий.
- Псалъэжьхэр
- Узигъусэм и фэ къуаплъ
- Дзыгъуэ пэтрэ щIымахуэм хуогъэтIылъэ.
- Зи жьэ куэд жиIэм и Iэ куэд ищIэркъым.
- Акъылым и анэр гупсысэщ.
- Гум илъыр фэм къеIуатэ.
- Ныбгъуэр бгъасэми, хьэсэр и плъапIэщ.
- Хабзэр фIымэ, бзыпхъэфI трах.
- ЗэгурыIуэ я Iуэху псынщIэщ.
- Зы пцIым пэжищэ егъэулъий.
- Узигъусэм и фэ къуаплъ.
- Уи жьэ зэсэмэ, уи нэмыс мэкъутэ.
- Зы гъэр тIэу къакIуэркъым.
- Лэжьыгъэм уегъэлъапIэ, щхьэхынагъэм уегъэпуд.
- Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
- Былымыл гъэва
- Былымылым щыщу нэхъ ягъавэр блатхьэ, тхы, дзажэ хуэдэхэрщ. Ахэр япэ щIы-кIэ Iыхьэ-Iыхьэу зэпаупщI е зэпауд, псы хуабэкIэ ятхьэщI, шыуаным иралъхьэри, псы щIакIэ, и щхьэр тепIауэ зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрах, мафIэр цIыкIу ящIри тхъурымбэмрэ дагъэмрэ къытрахыурэ ныкъуэвэфI хъуху трагъэт. ИтIанэ шыгъу хадзэ, бжьыныщхьэ укъэбза, пхъы халъхьэри хьэзыр хъуху ягъавэ.
- Лы вар тепщэчым иралъхьэ, шыгъу щабэ трагъэщащэри и щхьэр тепIауэ дакъикъи 5-6-кIэ щагъэт. Лыр къызыхахыжа лэпсым шыгъу хадзэри дакъикъэ 20-25-кIэ къагъавэ. Лэпсыр тIэкIу щагъэт, итIанэ языж. Лы вар пIащIэ цIыкIуурэ яупщIатэри, тепщэчым иралъхьэ, абы лэпскIэ щIа бжьыныху шыпс тракIэж е фалъэ цIыкIукIэ дытрагъэувэ. ПIастэ, щIакхъуэ дашх, лэпс пщтыр, тепхъэ тепхъауэ, трафыхьыж.
- Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ): былымылу — г 1000, зэрагъэвэну псыуэ — г 1500, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 150, пхъы укъэбзауэ — г 70, шыгъуу, бжьыныху шыпсу — узыхуейм хуэдиз.
- ДжэдыкIэжьапхъэ, пхъы гъэва хэлъу
- ДжэдыкIэр фалъэм иракъутэ, шатэ халъхьэри, тхъурымбэ хъуху фIыуэ яудэ. ИтIанэ шыгъу хадзэ, тыкъыр цIыкIуурэ упщIэтауэ пхъы гъэва халъхьэ, зэIащIэри тхъу къэплъа зэрыт тебэм иракIэ. Тебащхьэр трапIэжри, и лъабжьэм вэгъу пIащIэ трищIэху, тхъуэплъ хъуху ягъажьэ. ЗэрагъэдзэкIри и щхьэр техауэ етIуанэ лъэныкъуэмкIи хьэзыр хъуху ягъажьэ.
- IупщIэурэ зэпыупщIауэ Iэнэм тепщэчкIэ трагъэувэ. Бжьын цIынэ зэпыгъэлъэлъа трагъэщащэ. ЩIакхъуэ, лэкъум докIу. Мы ерыскъыр витамин А-кIи къулейщ, сабийхэми фIыуэ ялъагъу.
- Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): джэдыкIэу — 3, шатэу — г 40, пхъы гъэвауэ — г 50, зэрагъэжьэну тхъууэ — г 30, бжьын цIынэу — г 10, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:1. Жызум гъэгъуа. 3. Школ унафэщIу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 7. Кхъуейлъалъэ дэлъу ягъэва адыгэ шхыныгъуэ. 8. Бригадэ зэпеуэм щытекIуэм ирату щыта щэкI плъыжь цIыкIу. 10. БгитI зэхуаку. 11. Пхъэмбейм нэгъуэщIу зэреджэ. 14. Гъэ кIуам зи ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъуа, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 15. Уи … еплъи уи лъэ укъуэдий. 17. И кIэр бжыхьым … («унэхъуащ» къикIыу). 19. Плъыжьыфэ. 22. Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ. 24. УзыншагъэмкIэ зэраныгъэшхуэ къахуихьми, цIыху куэд абы йофэ. 27. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, абы щыкъун и пщIыхьэгъущ. 28. Зэпымыууэ уэс зытелъ бгы абрагъуэхэр. 29. Ди республикэм щыщ хьэрычэтыщIэ, Къэрал Думэм и депутат. 33. ПхъэIэщэм зэригъэдзэкI щIы Iыхьэ. 34. Жьы къабзэ, жьы щIыIэтыIэ. 35. ХадэхэкI.
- Къехыу:1. ЩэкI Iув пхъашэ. 2. Къуаншагъэ зылэжьа цIыху. 4. Псыхъуэм ар щыкуэдщ. 5. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэ хьэрып къэрал къулейсыз. 6. Пхъэщхьэмыщхьэ быдэ. 9. Къэрал командэ къыхэхам хэту дуней псом щэнейрэ и чемпион хъуауэ щыIэр Бразилием щыщ а футболист закъуэрщ. 11. Сабий цIынэ гъыринэр зэрагъэудэIу. 12. Уафэм къех мыл тыкъыр цIыкIу. 13. Егъэлеяуэ пшэр, зэпэхъурей. 16. Сату щIапIэ. 17. Вакъэдыж Iэмэпысмэ. 18. Хьэл- … 20. Зи нэхэр куууэ ис цIыху. 21. ЩIым гъуэ куу къыщизытIыкI псэущхьэ цIыкIу, хьэпIацIэ, хьэмбылу хуэдэхэр зи шхыныгъуэ. 23. … вы бжьакъуэм къокI. 25. Таурыхъхэм узыщрихьэлIэ фызыжь бзаджэ. 26. Махъсымэ къызыхащIыкI зэхэгъэва. 27. Щхьэл мывэр зэкIэрэхъуэкI гъущI. 30. ДжэдыкIэ гъэва укъэбзам телъ фэ пIащIэ. 31. Ди щIыпIэм щыIэ псыежэх. 32. ЩIы щхьэфэ тещтыкIа.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Мазаем и 6-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:2. Пощт. 5. Абдулчэрим. 8. Лъэпщ. 9. Жумэ. 10. Хущхъуэ. 13. Шыгу. 14. Шыцуэс. 15. Ибэ. 16. Шэд. 17. Гъунапкъэ. 18. Уае. 19. КIэщт. 21. Шыпхъу. 23. Шыхъуэ. 24. Мысостышхуэ. 25. Хахуэ.
- Къехыу:1. Бабыщ. 2. Прунж. 3. ТхэкIэ. 4. Бзииху. 6. Дзэлыкъуэдэс. 7. Тхъуэбзащхъуэ. 11. Пшагъуэ. 12. Аслъэн. 20. Тхыдэ. 21. Шхошх. 22. Хъурыфэ. 23. Шэхудэ.