ЩIалэгъуалэр драгъэхьэх
2021-02-09
- Ди къэралым и щIыналъэ куэдым мы зэманым щокIуэкI щIэныгъэм зегъэужьыным, IэнатIэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэр къэпщытэжыным хуэгъэпса зэIущIэхэр. Ахэр епхащ Урысей щIэныгъэм и махуэшхуэр гъэлъэпIэным, апхуэдэуи щIэныгъэ-къэхутэныгъэ Iуэхум щIалэгъуалэр нэхъ куууэ хэшэным.
- КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм къыхилъхьауэ, мазаем и 1-м къыщIэдзауэ и 8 пщIондэ ди республикэми щекIуэкIащ щIэны-гъэм и тхьэмахуэ. Абы къриубыдэу еджапIэ нэхъыщхьэхэм къыщызэрагъэпэщащ конференцхэр, «стIол хъурейхэр», симпозиумхэр, гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтхэр. А зэхуэзэхэм я мурад нэхъыщхьэу щытащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт школхэм я класс нэхъыжьхэм щIэс ныбжьыщIэхэр къэхутэныгъэ лэжьыгъэм нэхъри дегъэхьэхыныр, къэкIуэныр зиIэу къалъытэ щIэныгъэ-техникэ проектхэмрэ инновацэ лэжьыгъэхэмрэ наIуэ къэщIы-ныр, абыхэм гъуэгу етыныр.
- КъБР-м и унафэщIхэм гулъытэ хэха щIэныгъэм зэрыхуащIыр зэрыбелджылыр къагъэлъагъуэу, щIэныгъэм дихьэх щIалэгъуалэм мылъкукIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъу зэпытщ. Апхуэдэ щIалэгъуалэ зэчиифIэхэм утыку кърахьэ инновацэ проектыщIэхэр ядэIыгъыным хуэгъэпсауэ куэд щIакъым КъБР-м и Iэтащхьэм саугъэт зэригъэуврэ, унэтIыныгъи 5-кIэ зэщхьэщы-хауэ. КъищынэмыщIауэ, яубзыхуащ КъБР-м ЩIэныгъэмрэ техникэмкIэ и къэрал саугъэт, сом мелуан хъууэ. ЩIэныгъэм япэ лъэбакъуэр щызыч щIалэгъуалэм къахьу щыта стипендиери хуэди 5-кIэ хагъэхъуащ: сом мини 2-у щытар иджы хъуащ сом мини 10. ЩIэныгъэ IэнатIэр псынщIэ дыдэу зызыужьу, щIэ куэд зыхыхьэу зэрыщытыр къыгурыIуэу, ди щIыналъэм и пашэм зи щIалэгъуэхэр апхуэ-дэ щIыкIэхэмкIэ нэхъри трегъэгушхуэ я зэфIэкIхэр, жыджэрагърэ жанагъыу, акъылыфIагъыу яхэлъыр щалъхуа щIыпIэм и зыужьыныгъэм ирахьэлIэным.
- ЩIэныгъэм и тхьэмахуэм кърикIуа IуэхугъуэфI псори къызэщIакъуэжынущ мыгувэу. А махуэ зыхыблым екIуэкIа зэхуэзэхэм жыджэру хэтащ ди республикэм щылажьэ федеральнэ щIэныгъэ IэнатIэу 3-м, къэрал еджапIэ нэхъыщхьэу 5-мрэ уней еджапIэу щыт 1-мрэ я студентхэр, аспирантхэр, курыт школхэм щIэсхэр. Я Iуэху зехьэкIэхэмкIэ, зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмкIэ, къэкIуэнум хуаIэ мурадхэмкIэ щызэдэгуэшащ щIалэгъуалэр а зэIущIэхэм. Ахэр ехьэлIат щIэныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу мы зэманым къалъытэхэу IэрыщI интеллект, робототехникэ, полимерхэм я химие, биомедицинэ хуэдэхэм, нэгъуэщIхэми.
- ТАМБИЙ Линэ.