КъэхутэныгъэщIэхэр лъабжьэ мэхъу
2021-02-06
- КъБКъУ-м и щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа иужьрей къэхутэныгъэхэр зэман кIэщIым къриубыдэу гъащIэм хапщэн хуей технологиехэм ящыщу къалъытащ. Ахэр ехьэлIащ мы зэманым цIыху куэдым зэрахьэ нэкIуIупхъуэхэр фIей хъуа нэужь, адэкIэ къызэрыбгъэсэбэпыну щIыкIэм.
- ЕджапIэ нэхъыщхьэм и пашэ Алътуд Юрэ зэрыжиIэмкIэ, къагъэсэбэпа нэкIуIупхъуэхэр композиту зэхэбгъэткIухьыж хъунущ. ИужькIэ ахэр полимерхэм халъхьэ икIи абыхэм я фIагъыр нэхъ лъагэ ещI.
- — Университетыр махуэрыеджэ мардэм теувэжа нэужь, псэщIэ къахыхьэжащ ди къудамэ, IуэхущIапIэ псоми. ЕгъэджакIуэхэми студентхэ-ми гукъыдэж яIэу зрапщытащ иджырей зэманым нэхъыбэу дызыхуэныкъуэ къэхутэныгъэхэм, — жеIэ ректорым. — КъБКъУ-м технологие лъагэхэмкIэ и центрым и IэщIагъэлIхэр пэрыхьащ къагъэсэбэпа медицинэ нэкIуIупхъуэхэм адэкIэ зэрелэжьыпхъэм епха проектхэм. Антисептикхэмрэ композит пкъыгъуэхэмрэ я технологием пыщIа къэхутэныгъэщIэхэр Урысейм и щIэныгъэм и махуэм еджапIэм къыщызэдгъэпэщыну гъэлъэгъуэныгъэм япэу утыку къыщитхьэнущ. Ахэр инновацэ проектыфIхэмкIэ цIэрыIуэ хъу ди щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я иужьрей ехъулIэныгъэщ. А къэхутэныгъэмкIэ патентхэр диIэщ.
- Кърахьэжьа IуэхугъуэщIэм епха къэхутэныгъэхэр ехъулIэныгъэ яIэу щрагъэкIуэкIащ КъБКъУ-м и щIэныгъэ лабораторэхэм. Къагъэсэбэпа медицинэ нэкIуIупхъуэхэм адэкIэ сэбэп къахьу елэжьыжын техноло-гиер ди къэралым и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми къапэщылъ, щIыуэпсыр хъумэным епха Iуэхугъуэхэр тэрэз зыщIынухэм халъытэ. Къапщтэмэ, университетым и закъуэ мазэм и кIуэцIкIэ щызэхуэхьэса мэхъу тонни 3-м щIигъу хьэлъагъ зиIэ санитар-медицинэ пхъэнкIийхэр. «Плъыр удзыфэ» волонтёр экологие гупым зэхуахьэс апхуэдэ хьэпшыпхэр. Ахэр дяпэкIэ композитхэр щащIкIэ халъхьэну я мурадщ.
- ТАМБИЙ Линэ.