ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIыуэпсыр  хъумэным къыхураджэ

2021-02-06

  • Дыкъэзыухъуреихь дуней дахэр Къытщхьэщытыр къызэрытхуэупса хъугъуэфIыгъуэу, ар хъумэныр дэтхэнэми ди къалэну зэрыщытыр сабийхэм къагурыIуэу къэгъэтэджыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. «Урысеймэкъумэшбанк» (РСХБ) IэнатIэм и IэщIагъэлIхэм гулъытэ хэха хуащI абы. Банкым и лэжьакIуэхэр иджыблагъэ хэтащ «Дызэгъусэу щIыуэпсыр тхъумэнщ» социально-экологие акцэм.

  • ЩIыуэпсыр хъумэн зэрыхуейм епха Iуэху щхьэпэхэр ирагъэкIуэкIын мурадыр яIэу, РСХБ-м КъБР-м щиIэ IэнатIэм корпоратив сату лIэужьыгъуэмкIэ и къудамэм и унафэщI Егъэн Ислъам, сатумрэ цIыхухэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI КIарэ Каринэ, банкым Анзорей щиIэ IуэхущIапIэм и пашэ Апекъу Анзор сымэ хьэщIапIэ яхуэкIуащ Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Арщыдан къуажэм дэт сабий сад №4-м и гъэсэн цIыкIухэм. ЗытекIухьа Iуэхум и пэщIэдзэу, а IэщIагъэлIхэм цIыкIухэм драгъэкIуэкIащ ахъшэм зэрыхущытыпхъэм, ар къызэрыгъэсэбэпыпхъэмрэ гъащIэм мыхьэнэуэ щиIэмрэ ятеухуа щIэныгъэхэр зи лъабжьэ дерс хьэлэмэтхэр. Банкым и лэжьакIуэхэм зэрамыгугъауэ, сабийхэм а Iуэхугъуэхэм хъарзынэу хащIыкIыу къыщIэкIащ. Я ныбжьым емылъытауэ цIыкIухэм къызыкъуах щIэныгъэхэр хьэлэмэтт: абыхэм ахъшэ бжыкIэр ящIэ, ар гъащIэм къызэрыщагъэсэбэпми щыгъуазэщ, щэн-къэщэхунымкIи зытепсэлъыхьын я куэдт. Апхуэдэу садым и гъэсэнхэм ящIэ пластик картэхэр зэрыщыIэр, банкоматхэм ахъшэ къизыхыфхэри яхэтт.
  • ХьэщIэхэм зыхуэзыгъэхьэзыра «финансист» ныбжьыщIэхэм абыхэм я пащхьэ щагъэзэщIащ «тыкуэным дызэрыщыIар» теплъэгъуэ цIыкIур. Абы къриубыдэу сабийхэр хунэсащ щэн-къэщэхуным хэлъ щхьэхуэныгъэ куэдым зэрыщыгъуазэр наIуэ къащIыну. Апхуэдэу цIыкIухэр къеджащ финанс Iуэхум теухуа усэхэм, псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ.
  • А псори гъэщIэгъуэн зыщыхъуа банк лэжьакIуэхэр итIанэщ щыхунэсар зытекIухьа Iуэхугъуэм. ЩIыуэп-сым цIыху гъащIэм щиубыд увыпIэм-рэ ар хъумэн зэрыхуеймрэ тепсэлъыхьа нэужь, абыхэм сабийхэм хуагуэшащ Урысеймэкъумэшбанкым и логотипыр, РСХБ хьэрфхэр зытет икIи щIыгулъ зэрылъ кхъуэщын цIыкIухэмрэ абыхэм хасэну удз лIэужьыгъуэхэм я жылэхэмрэ. ХьэщIэхэр я дэIэпыкъуэгъуу сабийхэм хасащ жылэхэр.
  • — Сабийхэм гугъэзагъэу дадэлэ-жьащ нобэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дэтхэнэ цIыхуми, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэм, щIыуэпсым и мыхьэнэр къыгурыIуэу щытын папщIэ, псэкIэ зыхегъэщIэн хуейщ ар езыр дыкъэзыухъуреихь дунейм щыщ зы Iыхьэу зэрыщытыр, — жиIащ Егъэн Ислъам. — ЩIыуэпсыр фIыуэ зылъагъу, ар зыхъумэфыну щIэблэ къызэрытщIэхъуэмкIэ гугъэфIхэр диIэ хъуащ нобэрей зэIущIэмкIэ. Сабий садым и гъэсакIуэхэм я фIыгъэ куэд хэлъщ цIыкIухэр гу зэIухакIэ щIыуэпсым хущыту къызэрыхъум. Ди гуапэ хъуащ ди нэгу щIэкIа псори.
  • ЗэIущIэ хьэлэмэтым и кIэухыу хьэщIэхэр сабийхэм яхуэгуэпащ саугъэт цIыкIухэмрэ IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ. Псоми я нэгум арэ- зыныгъэрэ дэрэжэгъуэрэ илъу зэбгрыкIыжыщ.
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.