Дамыгъэхэр щызэхуехьэс
2021-01-19
- Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ КъБР-м и коллекционерхэм я зэгухьэныгъэм хэт Тхьэкъуахъуэ Iэуес игъэхьэзыра «Кабардино-Балкария в период Великой Отечественной войны в предметах коллекционирования» буклетыр. Ар абы триухуащ ТекIуэныгъэ Иныр къызэрытхьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъуам.
- Тхылъ пIащIэ цIыкIум къыщыхьащ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм ди щIыналъэм, ди лIыхъужьхэм къыхуагъэфэща дамыгъэхэм я сурэтхэмрэ ахэр къыщыдагъэкIа илъэсхэмрэ, ныпхэр, пощт карточкэхэр. Псалъэм папщIэ, купщIафIэу абы щытопсэлъыхь «Кавказыр зэрахъумам папщIэ» медалыр 1944 гъэм зэрагъэувауэ щытамрэ абы и теплъэр сурэтыщI Москалёв Николай зэрищIамрэ.
- Кавказым щекIуэкIа зэхэуэр къыщыгъэлъэгъуащ соми 5 хъу ахъшэ жьгъейми (2014 гъэм къыдагъэкIауэ), пощт маркэми (2018 гъэм), махуэшхуэхэм яубзыхуа нэгъуэщI дамыгъэхэми.
- Тхылъым дыщегъэгъуазэ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ 1985 гъэм накъыгъэм и 7-м Налшык къалэм Хэку зауэшхуэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщауэ зэрыщытам, Урысей Федерацэм и Президентым 2010 гъэм гъатхэпэм и 25-м къыдигъэкIа унафэм тету Налшык «Дзэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр къызэрыфIащам.
- Хэку зауэшхуэм и зэманым мыхьэнэшхуэ иIащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм. Абы хэтахэм я щIыхькIэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес бгъэхэIу дамыгъэхэр къыдигъэкIащ.
- ТекIуэныгъэ Иныр къызэрытхьрэ илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу Iуащхьэмахуэ дэкIа цIыху гупышхуэм Урысейм альпинизмэмкIэ и федерацэм и правленэм и унафэкIэ иратауэ щытащ «ТекIуэныгъэр илъэс 70 ирокъу» фэ-еплъ дамыгъэр. Ари къыщыхьащ тхылъым.
- Хэку зауэшхуэм совет цIыху мелуан 27-рэ хэкIуэдащ. Абы къыхэкIыу мы гъэм «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр» урысейпсо зэгухьэныгъэмрэ Дзэзешэхэм я фэеплъ фондымрэ я жэрдэмкIэ, къэрал псом щыхасащ жыгыщIэ мелуан 27-рэ.
- — «Фэеплъ жыг хадэр» щыхьэт хъунущ унагъуэм и тхыдэр къыщIэхъуэ щIэблэм щыхуиIуэтэжкIэ», — жеIэ лэжьыгъэр къыдэзыгъэкIам.
- Тхьэкъуахъуэ Iэуес фIыщIэ яхуещI КъБР-м и коллекционерхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэу Къуэкъуей Эдуард, ХьэщIэрылI Арсен, Блий Iэдэм, Деваев Марат сымэ буклетыр щызэхигъэувэм зыкъызэрыщIагъэкъуам папщIэ, апхуэдэуи Волков Андрей чэнджэщэгъу къызэрыхуэхъуамкIэ. Тхьэкъуахъуэр щогугъ ди щIыналъэм и тхыдэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэми коллекционерхэми и IэдакъэщIэкIыр сэбэп яхуэхъуну.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.