IуэрыIуатэ — дыщэ пхъуантэ
2021-01-19
- Нарт Ерыгунэрэ
- Зулихъэ-гуащэрэ я зэхуэусэ
- Нарт Ерыгунэ:
- — Зулихъэ-гуащэкIэ жылэр къоджэми,
- Къазыхъуэ ныуэм урипхъущ,
- Уэ пщы-гуащэ щIыкIэу ущысми,
- МастэкIэ уIэпэгуахъуэщ.
- Уэ езыр, гущэ, узыщытхъужми,
- Сытуи, гущэ, ушыпсытхъу,
- Нысашэр, гущэ, къыщыхъукIэ,
- Пхъэ вакъэхэр, уэ, къызэпощIыкI.
- ШыщIафэ шыбэр зи фащэм
- Уэ укъыщиIэт гущэм,
- Уанэ къуапэ гущэхэм уэ къипхащ,
- Хэт мыгъуэми уишэн,
- Хэт гущи къыпхуей,
- Нартхэ я Зулихъэ-гуащэ!
- Зулихъэ-гуащэ:
- — Дызэхуэусэну арамэ, Ерыгунэ,
- Губгъэн къысхуумыщI, зэрыщытыр бжесIэнщ:
- Гъэмахуэр къыщыскIэ,
- Кхъуэлом уетIэхъуу уогъэхъу,
- ЩIымахуэр къыщыскIэ, Ерыгунэ,
- Бгъусым укIуэцIысу цIэр уогъэхъу.
- «Бохъу апщий!» къыщыбжаIэкIэ, Ерыгунэ,
- Былымтыгъуэ псалъэу къыпщохъу,
- Кхъуэлори уи тыгъэу, Ерыгунэ,
- Хэт гущэми уемытэрэт уэ!..
- СыбдэкIуэмэ, сыпшэнти, Ерыгунэ,
- Сигу себгъэIэжащ, Ерыгунэ,
- ЖызмыIэнхэрижызбгъэIащ, Ерыгунэ!
- Гъэсэпэтхыдэхэр
- Дызэныкъуэкъуурэ
- ди тхьэкIумэкIыхьыр
- бажэм идогъэшх
- Дыгъужьымрэ мыщэмрэ дзейуэ зэгухьэри, щэкIуэну ежьащ, къытпэщIэхуэр ди зэхуэдитIщ, жаIэри. Куэд дэмыкIыу зы тхьэкIумэкIыхь къаубыд.
- — Сэ сомэжалIэри, тхьэкIумэкIыхьыр сысейщ, — жи дыгъужьым. — ЕтIуанэу къытпэщIэхуэр ууейщ.
- Мыщэм ар идакъым:
- — Сэ сынэхъыжьщи, мыр сысейщ, — жи. — ЕтIуанэу къэдубыдыр уэ пшхынщ.
- ЗэгурымыIуэу зэщыхьэщ, зызэрадзщ аби, зэзауэурэ ныкъуэтхьэлэ зэрыщIри, тIури укIуриящ, лъыпсыр къапыжу, захуэмыгъэхъеижу.
- Абыхэм къайплъакIуэу пабжьэм хэст, жеIэ, бажэр:
- — Фэ слъагъум щакIуэри фхуэфащэкъым, тхьэкIумэкIыхьми фи Iыхьэ хэлъкъым. Пшэрыхь хъарзынэр щхьэ зыIэщIэзгъэкIын хуей, мес, «сыжьэдэдзэ» жеIэри щысщ хьэзыру. Ар жиIэщ, пабжьэм къыхэкIри, тхьэкIумэкIыхьыр Iуихри ишхащ бажэм. Бажэм тхьэ щиIуэжырт а тхьэкIумэкIыхьым нэхърэ нэхъ IэфI имышхауэ.
- ЛъыкIпсыкIыу зэзэуэжа мыщэмрэ бажэмрэ адыгэхэр дыщрещхь къэмыхъуу пIэрэ, дызэныкъуэкъуурэ ди тхьэкIумэкIыхьыр бажэм едгъэшхыу.
- Фызым едауэр делэщ
- «ЕIым-еIыж, си пIастэм уи бэлагъ къыхоIу!» — жиIэри, Къэзанокъуэ Жэбагъы и фызым щыхьэри, иригъэкIыжын хъущ аби:
- — Уи нэм къыфIэнэу мы унэм илъыр здэщти кIуэж: зи мыIуэху хэIэбэр сэ фыз схуэхъункъым, — жриIащ.
- — Хъунщ, — жи фызми. — СикIыжынщ. Ауэ тхьэмахуэ пIалъэ къызэти, зызгъэхьэзырынщ аби, уи ныбжьэгъухэмрэ уэрэ гукъинэжу фызэхэзгъэсынщи, итIанэ сыкIуэжынщ.
- Жэбагъы абыкIэ арэзы къещIри, фызым махъсымэ ещI, екIурэ-ещхьу мэпщафIэ, лIым и ныбжьэгъухэр къреджэри, ефэ-ешхэ яхуещI аби, нэхъ и благъэIуэ хуэдэм йолъэIу:
- — Тхьэм щхьэкIэ, мы фи ныбжьэгъужьыр фIыуэ евгъафи, псынщIэу чэф схуэфIщ, — жери. — Къандес дызэпихьащи, къыфIэсхьыну сыхуейт.
- Арати, Жэбагъы бжьэ хуашийм, фалъэм нэхъыбэ къыхуранэурэ, чэф ящIри, ягъэукIуриящ.
- Ныбжьэгъухэр зэрызэбгрыкIыжу, фызым гур зэщIрегъащIэ, пIэ ирещIыхь аби, пырхъыжу жей лIыр кърегъэхьри ирегъэгъуалъхьэ. Зы щIали гущхьэIыгъыу дегъэтIысхьэр аби, икIыжыну йожьэж, Къэзанокъуэр дешри. МащIэрэ кIуа, куэдрэ кIуа — сытми зызэман зэ Жэбагъы къызэщоури… здэщыIэр къыгурыIуэркъым.
- — Дэнэ дыздэкIуэр? — мэпапщэ лIыр.
- — СибгъэкIыжащи, си дыщым сокIуэж, — жи фызым.
- — Уэ уизгъэкIыжащи уокIуэж, ауэ сэ мы гум щхьэ силъ? — нэхъри къыпкърошасэ лIым губжьыр.
- — Сыт щхьэкIэ, на-а, «уи нэм къыфIэнэу унэм илъыр здэщти кIуэж», жыпIатэкъэ? Си нэм къыфIэнэу илъыр уэрати, уэ уздызошэ.
- Жэбагъы занщIэу къызэфIотIысхьэ.
- — ЖиIэр сыт фыз делэм! — жери, нэхъри мэгубжь. — Сэ унэм силъ? Унэр зейр сэращ. Хьэмэрэ сэ хьэпшып сыхъуа уи гугъэ?
- — Тхьэ, уэ хьэпи-шыпи я гугъу умыщIа, «уи нэ къыфIэнэр» жыпIати, си нэм къыфIэнар уэращ.
- — Емынэр зи унэм имыхьэн, сэ унэм силъ хьэмэ сис?
- — Тхьэ, укъыщисшым, пырхъыжу уилътэм!..
- «Хэту щытми, фызым едаIуэр делэщ», — жиIащ Жэбагъы игукIэ.
- — УизгъэкIыжами, уизгъэкIыжыркъым, — жиIащ Къэзанокъуэм. — Си напэр тумыхыу псынщIэу нэгъази нэкIуэж.
- КIыхьым и кIэщIыр аращи, фызым пэлъэща щыIэкъым, и пащIэр щIиIуантIэурэ щIигъэджэрэзэжами.
- Къэрабгъэр ныбжьэгъу зэрымыхъур
- Еуэри, цIыхубз гуэрым къуэ закъуэ иIэу къуажэ пхыдзам щыпсэурт. А щIалэм я къуажэгъу гуэр ныбжьэгъу къыхуэхъуащ, зэрымылъагъумэ зэхуэзэшу.
- Зэгуэрым анэр и къуэм йоупщI:
- — Ярэби, цIыху пэжу пIэрэ ар, укъэзымыгъэпцIэжыну пIэрэ а ныбжьэгъу пщIар? — жеIэри.
- — Умыгузавэ, ди анэ, абы нэхъ цIыху пэж къигъэщIам яхэт хъункъым. ИкIи хьэлэлщ, лIыгъи хэлъщ.
- — Сыту фIыт, си щIалэ! — жиIэри анэр нэхъ Iэсэжащ, и къуэм жиIэм и фIэщ зэрыхэлъми щыгуфIыкIащ.
- Анэр щIэгузавэм Iуэху хэлът. И къуэм ныбжьэгъу къыхуэхъуа щIалэр дахэу псалъэрт, цIыхум сыткIи задригъэкIурт, «мопхуэдэ унагъуэм я щIалэр» жригъэIэрт, ауэ уеджэкIи укIэлъыджэкIи, езыр хуэмеяуэ, зыкъыуигъэгъуэтынутэкъым. Мызэ-мытIэу ар анэм игъэунэхуат, ауэ и къуэр гупцIанащэти, абы гу лъитэртэкъым.
- Тхьэмахуэ гуэр докIри, анэр и къуэм йолъэIу:
- — ЩакIуэл сигу къэкIащ, си щIалэ, — жи. — ЗэныбжьэгъуитIыр щакIуэ фыкIуэрэ, фи нэгуи зевгъэужьынт, зы мэз бжэни къэфхьрэ фыкъэкIуэжам хъунт!
- — Ар куэдрэ! — жаIэри, зэныбжьэгъуитIыр щакIуэ макIуэ.
- Мэзыр здыщIащыкIым, щIалэм мыщэ къытоуэри къреуд, ифыщIу хуожьэ. Ар щилъагъум, мэгужьейри, ныбжьэгъур жыг гуэрым дожейри, къаплъэу къытотIысхьэр аби, къоджэ:
- — Ей, — жи, — а мыщэм къыкIэрыкIи мы жыгым къыдэкIуей.
- — Мыщэм сыниутIыпщрэ, къакIуи къыздэIэпыкъу! — жеIэри мэлъаIуэ щIалэр.
- — Iэу, ар дауэ жыпIэфа? Себгъэшхыну ара узыхуейр?
- ЩIалэр зыгуэрурэ мыщэм къыIэщIокI, жыгым пысу къаплъэ ныбжьэгъур къегъанэри, унэм мэкIуэж. Анэм а къэхъуар къыщищIэм:
- — Сыту фIыт а мыщэр къызэрыфхуэзар! — жи. — Ар мыхъуамэ, сыткIэ къэпщIэнт къэрабгъэр ныбжьэгъу зэрымыхъур! Къаджэмэ, шууэ ухуэшэсу, уджэмэ, и кIэм зигъэджэрэзу ныбжьэгъугъэ зэрахьэркъым, щауэгъуи щыIэкъым.
- Абы и ужькIэ ахэр зэныбжьэгъужакъым.
- Ныбжьэгъур — кхъуей хьэлэкъым, ущыхуейм къэбгъуэту, ущыхуейм дэбдзыхыу, ныбжьэгъур дамэщ, ярейм деж зыкъыпщIигъакъуэу. Узыгъэпэжынури уи куэбжэ сэхыр зэрызыгъэжыфырщ, гуауэмрэ гуфIэгъуэмрэ деж къызэрыпкъуэтыр плъагъуу. Гу зыкIуэцIылъыр къэрабгъэ хъунукъым.
- ЛIыр уаем къезыгъэлар
- Зы къуажэ гуэрым дэс лIыхэр зэгуроIуэри, мэзщIэс макIуэ, пхъэ кIыхь хахыну. Апхуэдэ зы махуэ гуэрым уае къатохъуэ, щIэфиежу уэсхъуэтыр къатопщэ, я бынжэм къэсу уэсыр къатосэ. ПщыIэ ягъэувами къихъумэркъым, мафIэми къигъэхуабэркъым. «Дымыдыкъ щIыкIэ дывгъэкIуэж», — жаIэри, я джыдэхэр я кIэпкъым дэIуауэ, къожьэж.
- ЛIыхэм я фызхэр псыхьэ кIуауэ зэхуозэри, гузавэу зэхоувэ. Зы фыз закъуэ, зыри къыфIэмыIуэху хуэдэу, яхэтти, бзылъхугъэ гупыр абы щохьэ:
- — СлIо, уэ мы гузэвэгъуэр уи гузэвэгъуэкъэ, щхьэ умыгърэ, щхьэ умытхьэусыхэрэ? — жаIэри.
- — Тхьэ сэри си гузэвэгъуэм, ауэ сыгузавэркъым.
- — Ар дауэ?
- — Зи дауэращ: си щхьэгъусэр дзажэ дакъэкIэ згъэшхащ, щIэшхыдэн езгъэлъэгъуакъым, и гуэншэрыкъитIыр жэмыщIэ бгъуэщIыфэщ, шэху егъэфауэ вакъэнжьей мыфкIэ дащ… Тхьэ, зылI къэкIуэжмэ, си лIыракIэ къэкIуэжынур!..
- Мэзым къыщIэкIыжа лIы гупыр щIыIэм зэтрисхьащ, зылI псэууэ къэкIуэжати, мо цIыхубзым ейрауэ къыщIэкIащ.
- Ауэ сытми жаIакъым, лIым и зэфIэкIи и лъэкIи щуIэгъэм IэщIэлъщ, жаIэу, узэрищIщ узэрыхъунур, лIыри зэрыхъущ фызым далъагъунур.
- Уи набдзэр зыбзам езгъэбзынщ
- ИпэкIэ хабзэу щытащ нысащIэ къашагъащIэм дын къыхуахьурэ ирагъэбз-ирагъэду — бостей, джанэ-гъуэншэдж, вакъэ хуэдэхэр. IэпщIэлъапщIэу къыщIэкIмэ, щхьэкъэIэт имыIэу ягъэлажьэрт.
- Еуэри, жеIэ, щIалэгъуалэ зэхэс гуэрым хъыджэбз щIалэ дыдэ яхэст щыму, зыри къахимыдзэу, мыгушыIэу. Ар щIалэжь гуэрым игъэщIагъуэри:
- — Уэ зыри жыпIэркъыми, хъыджэбз дахэ, — жриIащ.
- Зы щIалэжь къэпсалъэри:
- — Ар ятауэ дэсщи, дэ тхуэдэу гушыIэну хуиткъым, — жиIащ.
- Япэрей щIалэжьым ар игъэщIагъуэри, хъыджэбзым дежкIэ еплъэкIащ:
- — Iэу, пасэIуэкъэ! — жиIэри. — «Гуэншэрыкъ тхуэбз» жаIэрэ къыпхущIахьэмэ, лIо пщIэжынур?
- Iэдэбу щыс хъыджэбзыр къыхудэплъейри, щIалэжьым и набдзэр щIэупсауэ щилъагъум, щIэдыхьэшхыкIри:
- — А уи набдзэр зыбзам езгъэбзынщ, — къыжриIащ.
- Мы псалъэм къыхэпхынур аращи, «Iэдэбщ» жыпIэу цIыхум утемыгушхуэ, пэбдзыжын умыгъуэту укъигъэнэнщ.
- Зи Iуэху зэфIэкIа адыгэ…
- Еуэри, зыгуэр журтым еупщIат, жи:
- — Хэт нэхърэ унэхъыфI? — жиIэри.
- — Зи Iуэху зэфIэкIа адыгэм нэхърэ сынэхъыфIщ, — къыжриIащ, жаIэ, журтми.
- Адыгэр псэуху Iуэху зэфIэмыхьэщ: бын пIыным хэкIыркъым, унэ щIыныр иухыркъым, ауэ нобэ мыхъумэ, пщэдей зэфIыхьэнщ, жиIэурэ, гугъэурэ мэпсэу. Журтырадыгэм и псэукIэмегъэлеящзэрытезэшэнур, дунейриIыгъпэтми.
- ГушыIэхэр
- ХьэщIэмрэ бысымымрэ зэдошхэ
- Еуэри, зыгуэрым хьэщIэ къыхуэкIуати, бысымыр и хьэщIэм бгъэдэтIысхьащ зэдэшхэну. Яшхыр псыхьэлывэти, хьэщIэм псыхьэлывэр тIурытIу жьэдидзэрт. Бысымым ар игъэщIагъуэри, хуэмышыIэу хьэщIэм еупщIащ:
- — Фи лъэныкъуэкIэ бэным хьэдэр тIурытIурэ далъхьэрэ? — жиIэри.
- ХьэщIэм бысымым жиIэр къыгурыIуащ, дыхьэшхри пидзыжащ:
- — Инмэ, зырызурэ далъхьэ, цIыкIумэ, тIурытIурэ далъхьэ, — жиIэри.
- Узэрамышэн къафэщ абы къибгъэкIыр….
- Еуэри, пхъужь къыдэнэжа гуэр пшынауэти, нэхущ уджым нэсамэ, зигъэгусэ и хабзэт, езыр зыми Iэпэгъу зэримыщIым щхьэкIэ. Зэгуэрым апхуэдэу зигъэгусэри, пшынэр игъэувыIащ. Хэт емылъэIуами, дауэ бгъурымыхьами, къахуищтэжыртэкъым. Щымыхъуххэм, абы и адэ къуэш хьэгъуэлIыгъуэм хэтти, ар къашэри ирагъэлъэIуащ:
- — Мэ, пшынэр къащти, еуэ! — жиIэри. — Зыгъэгусэрейр дэкIуэгъуей мэхъу.
- Хъыджэбзыр абы жиIам фIэкI хъунутэкъыми, пшынэр Iихыжри, фIэмыфIу, и жагъуэу зыгуэрхэр къригъэкIыу щIидзэжащ. Адэ къуэшыр къедаIуэщ-къедаIуэри:
- — Уэлэхьи, узэрамшэн къафэм уэ абы къибгъэкIыр, — жиIэри щIэгубжьат, жаIэ.
- Ефэндым имыщIэу уэ пщIэрэ…
- Фызыжь цIыкIу гуэр жьы хъури земыкIуэжыфу къэнати, и къуэ закъуэм и щIыбым ису кърихьэкIырт, жаIэ. Зы махуэ гуэрым зэанэзэкъуэр апхуэдэу зыщIыпIэ кIуэуэ ефэндыр къахуозэри къадогушыIэ:
- — Уи анэ тхьэмыщкIэр куэдрэ щIыбкIэ зепхьэну? — жи. — Абы нэхърэ лIы етыжи нэхъыфIщ.
- — Сыт хьэдэгъуэдахэ жыпIэр! — зехъунщIэ щIалэм. — Фызыжь кхъахэ хэт къыхуеижыр?
- Ар щызэхихкIэ, анэр къуэм и плъэм итIыхьу хуожьэ:
- — Ефэндым имыщIэу уэ пщIэрэ? — жиIэурэ.
- Илъэсищэ къэзыгъэщIа фызыжь цIыкIур иджыри дэкIуэныгут.
- Гуащэмрэ нысэмрэ
- Гуащэмрэ нысэмрэ зэзэгърэ! Еуэри, цIыхубз гуэр тхьэусыхэрт, жи:
- — Гуащэм я ябгэгъуэм сынысащ, иджы нысэм я ябгэгъуэм сыгуащэщ. Насыпыр щагуэшым, дурэшым сыдэсагъэнщ, — жиIэурэ.
- Нысэм ар зэхихри, куэдрэ пылъакъым, зэуэ къыжьэдэхуащ:
- — Алыхь, уикIыжынумэ, ухуитым, нанэ, — жиIэри.
- ЖыIэгъуэхэр
- Дунейр нэкIэ игъэл фIощIыж
- Арыкъ сабынкIэ тхьэщIи къабзэ пхуэщIыжынкъым (ЩIэпхъаджэ куэд зыщIа цIыхум хужаIэ).
- Бадзэ тIыса игъэтэджыркъым (ЦIыху Iэсэм хужаIэ).
- Бзур IукIэ къеубыд (БзэIэфI зыIурылъым хужаIэ).
- Блэ япщэжа дыжьыныжьщ (ФIым хужаIэ).
- Вэнвей уэшх хэшхащ (Гугъуехь зыхуэмышэч хуэмыхур щыдзыхэкIэ хужаIэ).
- Вындыпэ иIыгъщ (Зяужь ихьэр къохъулIэ, жыхуиIэщ).
- Гъэми щIыми зи павэжь (Зи ныбжьым емыкIуу щIалагъэ зыхэлъым хужаIэ).
- Ди гъунэгъум я джэдыр къаз хуэдэщ (Нэпсейм, фыгъуэнэдым ауаныщIу хужаIэ).
- Дунейр бжьакъуэпэкIэ зэредзэ (Гурбияным хужаIэ).
- Дунейр нэкIэ игъэл фIощIыж (ЗыкъызыфIэщIыжам хужаIэ).
- ЕплъагъулIэр ебгъуэтылIэжыркъым (Зи теплъэмрэ зи лIыгъэмрэ зэхуэмыдэм хужаIэ).
- Зи шыкIэр къурыкъуу зи къэрарыр мащIэ (Зи псалъэ фIэщ хъугъуей, псалъэ быдэ зимыIэ).
- И адэр къалъхури, и къуэм зигъэпсэхужащ (Къуэ щхьэхынэм ауаныщIу хужаIэ).
- И шу дыжьынщ, и жьэгу хьэ гъыпIэщ (Зэрыплъагъум хуэдэкъым, жыхуиIэщ).
- Пащтыхьым и щхьэхынэщ (Щхьэхынэ Iейм хужаIэ).
- Хэмылъ хэлъхьэ кIуэри лъэпхъуамбыщIэ хилъхьащ (И Iыхьэ зыхэмылъым къыхихын и гугъэу кIуэри, хилъхьэри къэкIуэжащ, жыхуиIэщ).
- Хьэ къарэ кIапэ жьэдэлъ хуэдэ (НэкIу фIыцIэ дзэ хужьым хужаIэ).
- ХьэкIэри кхъуэкIэри зэрепх (Iуэху куэд зэпызыщэм хужаIэ).
- Щымысымаджэми бэджынэ и щIасэт (ЗызыгъафIэм хужаIэ).
- ПIастэгъэф уафэлъагъущ (ЦIыху сэбэпыншэм хужаIэ).
- Еджа щхьэкIэ, епщэжакъым (Зи щIэныгъэр зымыгъэщхьэпэфым хужаIэ).
- Нарт пшыналъэхэр
- Нарт Албэч
- Нартыжьу Албэчыр
- ВыщхьэфIэч къыдэкIыу,
- ХьэжьыкIэ къыдыхьэу,
- Убгъужьым къыщихьэм,
- Хьэ самыру и гъусэм
- И гъуэм ис мыщэхъужьыр
- Нэхущым кърихури,
- Албэч кърихулIащ.
- Нарт лIыхъум и бзэр хуигъэпсу
- Мыщэхъужьым къыщеуэм,
- УIэгъей ищIа пэтми,
- Мыщэхъужьыр къэгубжьщ,
- ГъумэтIымэу къепщылIэри,
- Албэчыжьым зыкъридзащ.
- Мыщэр мыувыIэжу гъумэтIымэу,
- Зыкъридзыурэ къыщебэным,
- Албэчыжьыр зэIэбэкIщ,
- И хьэджэсэр кърихщ,
- Мыщэжьым и гум «цIау» жиIэу щыхисэм,
- «ЗэшитIымрэ дзитI зыIутымрэ
- Себэныныр сыту си жагъуэ!» —
- Мыщэм гъуэгыу жезыгъэIар
- НартыжькIэ ди Албэчыжьщ,
- ЛIыхъусэжькIэдиАлбэчщ.
- Агънокъуэ Лашэ и хъуэрыбзэм щыщщ
- Бысымхъуэж
- Лашэ Дохъушокъуэ Кушыку и деж къыдэкIыжауэ ЛIыгъур-хьэжыжьыр къыхуэзащ. Хьэжыжьым Лашэ и шыфэлIыфэр игу иримыхьу къеупщIащ:
- — Мыр слIожь, Лашэ, сыту ущхъуэц тэджа? — жиIэри.
- Кушыкужьыр уи небэ-къебэт,
- Ботэщыжьыр ебэжыпат,
- Бэтокъуи тхьэ кIыхь игъаджэрт,
- Хьэбибэжьи къызэхижыхьт.
- Гуащэнысэм и щхьэр егъэкI,
- КъримыкIами, ар нэжэгужэт,
- Гуащэ жани напIэр игъалIэу,
- ЛIакъуэлIэшкIэ дауэ егъэш.
- Сыдохьэри, хьэр къызаушт,
- Кушыку седжэри — унэм
- джэдэжырт,
- Я Жан къыщIэплъри —
- Ныкъуэ Iуплъэу ари кIуэдыжщ,
- Уирэ-ушткIэ сыкърагъэжьэжащ, хьэжы! — щыжиIэм, Лашэр хьэжым иригъэблэгъащ. Лашэ гуэрым:
- Уэри ухьэжы-молэщ,
- Убылымаблэщ,
- Еблагъэ уощIри,
- Бий уощIыж.
- Си щхьэр сыбгъэщIыжын
- жысIати,
- Утышхуэр къызэрысхуэпщIыр:
- Мырамысэ цIынэ,
- И нэр къитIэтIу шху шыпс,
- Сыпсапэ щIакIуэкъым,
- Сыкъэгъуэтыншэкъым,
- Уи шэри фIыгъуэкIэ ушх.
- Ауэ! Сэ сыбгъэшхэнум:
- НапIэр къищIу,
- ПщIыпщIу Iущащэу,
- Уи гуащэ и IэщIагъэу,
- Сыгъэгъэунэху.
- Хьэжым сыт ищIэжынт, и Iэнэр къызэригъэпэщащ. Махъсымэ пIащIэм ефэу Лашэ щысу, Дохъушокъуэ Пщымахуэ къыщIыхьащ. Лашэ абыи ехъурджэуащ:
- Дохъушыкъуейм фи
- къуажэпщыр нэ хьэхущ,
- Фыз хьэхур егъэпс,
- ЛъэIухуакIэ зепсыжри,
- Жылэжьри зэщIегъавэ!
- Фи старшынэр мэгубжь,
- Дыгъужьыжьри мэдзакъэ,
- Къардэныпхъууи ябгэщ,
- БгынтIэр къощIэ щыхьэкIуэу,
- Сытым щхьэкIэ
- УкъыскIэ лъыкIуа,
- Пщымахуэ нэф?
- Сэ сыфадэ кIуапIэщ,
- Си унапIэр уоцIыхуххэ,
- Ди хэкушхуэри сэ си щIасэщ,
- Уэ ущIасэу угугъэжми,
- Мыжыжьэжу къэблэгъащ
- Фи махуэм и кIуэдыгъуэр.
- Лашэрэ
- Мэзыкъуэ ТIутIэрэ
- Лашэ Iуэхушхуэ дыди имыIэу, ауэрэ къыдэщхьэрыукIауэ, хуэзащ и ныбжьэгъу гуэрым. Ар зэгуигъэпыну мурад ищIри, и гугъам хуэдэу къыщIэмыкIыу, езыр нэхъ Iейуэ къызэгуигъэпащ:
- Ей! Мэзыкъуэ ТIутIэу
- тIэтIэрыкхъужь!
- Кхъужьэ мыжьэ йошажьэри
- уосондэджэр,
- Къэпсондыджэрри Бжейкъалэ
- щоф,
- Уи фэр къыпхуакъури
- укъыдахуж.
- Ху жылэ лъаIуэщи,
- Арщыдан уокIуэ,
- УкъыщыкIуэжкIэ гум утожае,
- Уи вожэ закъуэри щIалэм ирах,
- Хьэхэбасагъэр щIэх зыхэбныну! — щыжиIэм, ТIутIэр къэгубжьри, жэуапыр кIэщIу къритыжащ:
- Агънокъуэ Лашэу пшынауэкIэ
- мыщIэ,
- Iуэху умыщIэн щхьэкIэ,
- уэ къоджэдыхь,
- Сэ къэзджэдыхьми, си Iыхьэр
- солэжь.
- Уэ уи жьэжьыр бгъэджатэу,
- Уи пхэжьри хуэтопу,
- Уи нэкIужьыр топ джэгупIэ
- хуэдэ,
- УдэфагъапщIэу зумыщIэжу
- уоусэ.
- Узыщепсыхыр уи унэщ,
- Унэ-унэми ущохутэ,
- Къуатым щхьэкIэ удалъэу,
- Уи пшыналъэр уогъэву,
- Къэбвууфыр уи былымщ,
- Сумыгъащтэу тIэкIу текIуэти,
- IукIуэтыпи, насып лъыхъуэ.
- Мэзыкъуэ ТIутIэ ар щыжиIэм, Лашэ ар игу техуакъым, асыхьэтым пидзыжын къигъуэтащ:
- Ей, Мэзыкъуэ ТIутIэу
- тIыгурывэжь,
- Вы уэдыжь и хабзэу умыгурым!
- Мэремыр къэсым, сампIэ
- имыхьэ,
- Си насып Iыхьэр Къэбэрдейм
- хэлъщи,
- Сыщымыуэжу къыхызохыж.
- Жыхафэгум утохьэри,
- Хьэлу Iыхьэщ къыуатыр,
- Нэгъуейм къыуата выщIэри
- УхуэпIащIэу пшхыжащ.
- Жэщ къэсыхункIэ сэ софэ,
- Исфу лъэпкъыр уэркъыжь
- мылъкущ.
- Хэт и мылъку ущIэгузавэр?
- Зи вакъэр зэву,
- Вэгъуэм жылэншэу,
- Къэзышэм ехъуапсэу,
- ПсэукIэ мыщIэу
- Зи гъащIэр зыхьын жысIэнти,
- СфIэтхьэмыщкIэ уохъу!
- Хъуэхъу зыжраIэм —
- Хъуанэ къызыфIэщI,
- ХьэщIэ къызыхуэкIуэу
- ЕмыкIу къэзыхь,
- Мухьэдин малъхъэгъу
- зыщIыну,
- Iэминат зэримыпэсыр уэращи,
- Уигъуэгутет!