ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Уафэбгыкъу  и нэлат

2020-07-18

  • МэшбащIэ  Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48,
  • 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68,
  • 70 — 72, 74, 77, 79, 81- 83-хэм итщ).
  • — Куэдыщэрэ дыгупсысащ. ПIалъэу щыIэри икIащ, ауэ апхуэдизу къэбэрдейхэм а пIалъэм щытевгъэчыныхькIэ… дыныфпэплъэнщ. Зи дахагъэм нурыр къыщхьэщих хъангуащэ Алсу къыфIэвдыгъуа Налмэс унэIутыр къытхуевгъэшэжмэ, иджыри махуитI ныфхутетлъхьэжынщ.

  • — ГурыIуэгъуэщ, хъан.
  • — ФытIыгъыжкъым дэри. Къэбард жыхуэпIа фи уэркъ щIалэри анэмэту къытхуэвгъэнэнщ. Мыбдеж щыфлъэгъуар а фыкъытхуэзыгъэкIуам щывмыбзыщI: си дзэр зэрыщэджащэр, си топ пэщхъынхэр шэрыуэу зэрыфтегъэпсар, си зауэлIхэр зэрынэкIущхьэплъыр, зауэ Iэжьэкъур зэрысфIрачыр! — Къаплъэн-Джэрий щхьэхынафэу Уракъым хуопсэлъэкIри, зи гугъу ищIхэр и щхьэ иримыпэс щIыкIэу:
  • — ЩIэфшыжыт мыхэр…
  • XXXIV
  • ФокIадэ пщэдджыжь пшагъуэбэм къыхэкIуэтурэ Ашабэ Миншакърэ Мамсыр Нэкъаррэ Уафэбгыкъу и ищхъэрэ лъапэм щIыхьэрт.
  • ДэнэкIэ уплъэми, шэхувэ щхъуафэти, къуршыщхьэ папцIэхэр зыщIэтIысыкI пшагъуэ псыIалъэм къущхьэхъущIыр жейбащхъуэу есырт.
  • — Пщэдджыжьыпэ пшагъуэр махуэ уэфI нэщэнэщ, — зи гугъу ищIым ещхьу, зэхэуфа макъкIэ къопсалъэ Мамсыр Нэкъар.
  • — Сыт хуэдэ уэфI лIэужьыгъуэт нэхъ узыщыгугъыр, жаней?
  • — Сыт хуэди… Ди лIыкIуэхэм къыздахьынури абы къыхэтыжу.
  • — ХъыбарыфIкIэ уапоплъэ?
  • — Сыт хуэдэ хъыбарри — мыхьэнэ гуэр зиIэщ, Ашабэ.
  • — Дэтхэнэ мыхьэнэми, Нэкъар, и пIалъэ иIэжщ…
  • ЛIитIри щым гупсысалэт. ТIури зэпэщхьэхуэу тегузэвыхьырт лIыкIуэхэм пщы уэлийм къыхуахьыжа жэуапым. ТIури щыгъуазэтэкъым ЛIыгъур кърым хъаным къыпигъэтIылъахэм. Миншакъ гуауэщхьэуэт: и гур Мамсырым хузэIуихыну хъуапсэрэ пэт, зишыIэрт. ЗэуапIэ губгъуэм мывэри и хашэщ. Апхуэдэм деж зигу зезыгъэIэжьэурэ, зи жьэ зыхуэубыдыр лIы бэшэчщ. Ашабэм хуэдэт-тIэ ар зымышэчыр!
  • Нэкъарщи, игу ущIауэ, псэ къабзэщ. ИбзыщIын иIэххэкъым. Зауэр мыхъуатэмэ, и насыпыр изт, и дахэр ист.
  • — Уэмыр зэщIиуду, моуэ зы жьапщэфIи къызэрыкъуэмыу? Мы пшагъуэ псыIэр псыхъуэ къуэкIий лъэгумкIэ ирихухыжынут, — жиIэурэ Нэкъар зеплъыхь. АрщхьэкIэ жыгхэр зэрызэ-хэтщ, зы пщIащэ япымыхъаеу. Бжьыхьэ дыгъэ къарууншэр къыщыкъуэплъынум заудыгъуауэ щIодэIу жыгхэр.
  • — Мыпхуэдэ пшагъуэ Iувым къыщIэплъыжыну махуэм, мыдыгъэпсу щытми, нэху псыпсу зыкъыпщигъэхъунщ, — подыхьэшхыкI Миншакъ.
  • Нэкъари и шугъусэм нэгу зэIухауэ хупогуфIыкIри:
  • — Зыгуэр гугъу уехьу уобзыщI, Миншакъ… Зы жыжьэ гуэрым укъысхухопсэлъыкI, мыбдеж ущыIэкъым.
  • — Согузавэ, Нэкъар. Си щхьэм зы псалъэ къимыхьэу арщ.
  • — Сыщыабрэджым згъэунэхуащ а зи гугъу пщIыр. ПщIэрэт зэрызытезгъэужыр? Адыгэ псалъэжь, псалъэ шэрыуэ, нэщэнэхэмкIэ… Мыдэ: «Пщыхьэщхьэ пшэплъыр махуибл уэфIщи, пщэдджыжь пшэкIэплъыр махуибл уэлбанэщ». Уэри къызжеIэт апхуэдэ гуэр…
  • — УэфIыр уэлбанэм и табыщэгъукъым.
  • — Жэп къемыхауэ уэс къесыркъым.
  • — Щыблэ махуэ къэс уэркъым.
  • — МафIэ зэрызэщIагъэстыр мафIэщ.
  • — МафIэм псыр къегъавэри, псывэм мафIэр егъэужьых.
  • — МафIэсым псы зэхэгъэж ищIыркъым.
  • — МафIэпсэм дэп щIэлъщ.
  • — А дэпыр яжьэ сахуэу щIощэщыж… Уэ сэ слъагъур нэщэнэкIэ уIэзэ гуэрщ, Миншакъ! Сэ къызгурымыIуэр: пшагъуэр щэхущ, махуэр нэхущ, жэщыр кIыфIщ, уафэ мамырым гъуагъуэ къыхохьэ — ахэр псори уафэ хьэкъщ. КъызгурымыIуэр цIыхухэрщ — я бзэр зырызщ, ягухэр зырызщ, зыр гумащIэщ, адрейр гу бзаджэщ…
  • — Дунейр езыр апхуэдэкъэ? Пшагъуэхэри, махуэхэри, жэщхэри зэхуэдэкъым, зэщхькъым.
  • Нэкъар пIащIэу Ашабэм пэроуэ:
  • — ЦIыхум, Миншакъ, акъыл бгъэдэлъщ. Абы шыIэныгъи гущIэгъуи щыхуейм деж къыхузыкъуэхынут. ЦIыхур мэгупсысэ, мэпсалъэ. Бзэ къыщIыIурилъхьар иризэгурыIуэн папщIэщ, зыр зым егуэуэжын щхьэкIэкъым.
  • — ЦIыхухэри зэхуэдэкъым, Нэкъар. Дэ тIури дахэтыжу, зэхуэдэкъым… ИтIани, цIыху гуапэхэр нэхъыбэщ. Ахэращ мы дунейр щIызэрыIыгъыр. Ахэращ Iейр зыпэмылъэщыр.
  • — Сэри апхуэдэу согупсыс. Iейр щытепщэ дунейр щIэх дыдэ мэкъутэж. Дэ къыттекъутэр Iуэхут? Ди бынхэр…
  • Нэкъар жиIэм здыщIэдэIум, Миншакъ и гур Налмэсрэ Мэремрэ дежкIэ йокIуэсэкIыж. А тIум я хьэгъуэлIыгъуэри — Налмэс и щыгъуэ пIалъэщ… Пщащэр иджы Ашабэм и унагъуэ исщ. Мэмыху дапхуэдизу химыгъэзыхьами, емыущиями, Налмэс адэ-анэм яхуэщыгъуэну иукъуэдийри, яхутечакъым. Мэрем игу щIогъу езы Миншакъи… ЦIыхум Iэджэ кърахьэкI: Налмэс и пщащэ къабзагъэм хуопсалъэ, кърым хъаным и хьэрэмым хъыджэбзыр зэрыщIэсам шэч иращIэкIыжу ирохъуцацэ. Дэтхэнэм и жьэр вакъэнжейкIэ щыбдэжын? Жэбагъы и жыIэкIэу: «Псэжьым уфIэпсэжьщ». Миншакъ а псом иробампIэ, гупсысэ мыщхьэпэр зэуэ зыкIэредзыжри:
  • — Сурэтрэ ХьэтIатIрэ дауэрэ псэурэ, Нэкъар?
  • — Дауэрэ псэун?.. Адрейхэми ещхьу… — Мамсырым гуапэ щыхъуат Ашабэр езым и унагъуэм къызэрыщIэупщIар. — Си щыкъу адэ IэубыдыпIэншэр жаней шу гуп щIы- гъуу Къэбэрдейм щыIэу зэхэсхащ. Ахэри ди дзэм къыхыхьауэ жаIэ. Мы пшагъуэр зэ щхьэщыкIмэ, сыкIуэцIрыкIынщи, сыщIэупщIэнщ, езыр хамэхэм я деж къыщысщIэмыуп-щIэ щIыкIэ. Сурэти хъарзынэщ. Унэгуащэщ.
  • — УнэгуащэфIри фIы дыдэщ, ауэ гущэ фхуэтщIыну иджы и чэзукъэ?
  • Нэкъар кърата упщIэр зэхимыхаифэ зытрегъауэри, шхуэмылакIэр зэригъэзахуэ хуэдэу зещI. Ашабэри щIалэр зэрыукIытам хупыгуфIыкIыурэ:
  • — Алыхьым и фIым фыхимыныну солъэIу. Насып защIэ фыхъу!
  • ШууитIыр иджы щым хъужауэ кIуэрт. Пшагъуэри а зэрыIуву къащхьэщылът. А пшагъуэм нехьэкъехуэу уэф хьэлъэт Мамсырым и гупсысэ кIэтхыр. Ашабэр зэрыпсалъэншэм дэпIейтейуэ Нэкъар:
  • — Си гур, Миншакъ, абрэдж Iыхьэм мэгъу дэхъуащ. Кърымхэмрэ дэрэ дяку илъыр абыхэм деубзэкIэ тщхьэщыкIыжыну гуауэхэм ящыщкъым. КъызгурыIуэркъым ХьэтIохъущокъуэпщым хъаным хуищIа лIыкIуэ лIэужьыгъуэр. Апхуэдэм уекIуж хъурэ-тIэ? Зауэмэ — зауэщ! Сыт ди щхьэр кърымхэм деж щIыщыдгъэпудын хуейр?! Хьэуэ… пщы уэлийм лIыкIуэ щIахуищIам зыгуэр хэлъщ нэхъ бзыщIауэ… Си псэм ар ещIэ. Си псэр зэи къапцIэркъым, Миншакъ.
  • — БзыщIа псори зэгуэр нахуэ мэхъуж. Апхуэдэщ дызытет мы дунейр. Тлъагъункъэ… — Миншакъ зыщыгъуазэ псор иджыпсту иIуэтэну къезэгъыртэкъым. Жаней щIалэр зэрыжьэнахуэр, зэрыпсэкъабзэр игу дыхьа пэтми, Ашабэм псалъэмакъыр лъэныкъуэкIэ иришэкIмэ нэхъ къищтащ.
  • — Мыдэ зы хъыбарыжь укъезгъэдэIуэнщ, нахуэ хъужа щэхум теухуауэ…
  • Куэд дыдэ щIащ, Нэкъар, ар къызэрыхъурэ. Адыгэхэм жыIэгъуэ гуэр къадокIуэкI: «Жьуджалэ хашэмэ…» Зэхэпхагъэнщ. ГъащIэм къыщыхъуащ, къагупсысакъым а хъыбарыр.
  • … ЗэныбжьэгъуитI псэурт. Языхэзым и фызым етIуанэр ехъуэпсэжащ. Фызыр зейм нэгъуэщI IэмалкIэ къытрихыу, жылэм нэлат кърах нэхърэ, Iуэхур щэхуу зэфIигъэкIмэ, нэхъ къабыл ещI лIы хъуэпсам: гъуэгуанэ зэдытету иукIыжынщи, лъэужьри щэхуу кIуэдыжынщ. Я Iуэху хуэкIуэри, гъуэгу зэдытехьащ зэныбжьэгъуитIыр. Бэлэрыгъауэ къыбгъурыт лIым зытришэщIащ мурад егъу зыщIам. ИукIыну къамэр щхьэщызыхьа и ныбжьэгъум фызыр зейр къыхудэплъейри: «Сыхейщ, къыпхуэгъунукъым», — щыжиIэм, лIыукIыр дыхьэшхащ:
  • — Хэт сиIуэтэжын, мо жьуджалэр мыхашэмэ…
  • Фызабэу къэнар, зэмани дэкIыжауэ, къылъыхъуа лIыукIым докIуэ.
  • Зы махуэ гуэрым лIыри унэм ису, унэгуащэри жьэгум щыпэщащэрэ пэт, бжэ Iухар жьым къызэIуедзыпэри, жьуджалэ къуэпсыр джэрэзу жыхафэгум къытрехьэ. ЛIыр удзым йоплъри, гурымыхьу подыхьэшхыкI.
  • — УщIэдыхьэшхыр къызжеIэ, — къыхегъэзыхь фызым. Зэрызэдэпсэуа илъэс зыбжанэм къриубыдэу лIым хьэкъ щыхъуат фызым и псэр къызэрихьэхупари, зы щхьэкIи къыхэмыщтыкIыжу: — Укъэсшэн папщIэ, си дахэ, уи лIыр — си ныбжьэгъур — сукIыжауэ щытащ, — жеIэри утыкум илъ жьуджалэ къуэпсым и нэр теплъызэурэ фызым псори хуеIуэтэж. ХуиIуэтэжрэ пэт нэхъри трегъэчыныхь бзылъхугъэм хузэрихьэ гухэлъ куум…
  • Фызыр щыму щIэдэIужащ и щхьэгъусэу щытар зытекIуэдам.
  • Жэщыр хэкIуатэу етIуанэлIыр жейм щыхилъэфэжым, бзылъхугъэм лIыукIыр и ныбжьэгъум зэрепыджа къамэр а зыукIам и бгъэм хухиIужри, къемыплъэкIыу пщIантIэр ибгынащ.
  • … ИжьрабгъумкIэ къыбгъэдэту пшагъуэм хэущыкI Ашабэм игъэщIагъуэу еплъурэ Мамсырым и щхьэр ищIырт:
  • — ЩхьэлъащIэм хузэфIэкIар плъагъуркъэ…
  •  — ПыIэ зезыхьэм къилэжьар Iэригъэхьэжауэ арщ!
  • — Упсэу! Пэжщ ар… ПщIэрэ, Миншакъ, уэрэ сэрэ иджыпсту дызэ- щхьыр?
  • — СощIэ. Выбжьэм фIэс бжьыдзэм дрещхьщ.
  • — Ари пэжщ… Iуэхуншагъэр Iуэху Iэтыгъуейщ, — мэщатэ Мамсырыр.
  • Миншакъ жаней щIалэм зыри пидзыжакъым. Ашабэм хьэкъыу ищIэрт нобэ-ныжэбэ а Iуэхуншагъэм кIэ зэригъуэтынур. ЛIыр фIыуэ щыгъуазэт, а выр губжьмэ, ищIэфынур зыхуэдизми.
  • «КъэбэрдеилIу зи лъэ лъэрыгъ нэсым зыкъаIэтарэ, адыгэгу зыкIуэцIылъ и лIакъуэгъухэр зылIу къыкъуэувэжамэ, адэкIэ къикIуэт щыIэнукъым! Адыгэхэм зэгухьэжу зэфIадза лэгъупышхуэр къавэурэ нобэ-пщэдей къикъуэлъыкIынущ. Мо псыхъуэ къуэкIий шынагъуэ-хэрщ а лэгъупым и лъэхъшлъащIэ пщтырыжьэр. КъуакIэбгыкIэхэм даубыда а хьэщхьэвылъэм кIуапIи жапIи игъуэтыжынукъым иджы. ПсэхэлIэщ абы къыпэплъэр. Уафэбгыкъущхьэ Iэджэрэ щхьэщытынущ а хьэрэмыл гущыкIыгъуэм и бамэ гъуэз Iувыр. Мы пшагъуэм ещхьу гуэрэныжьу щхьэщытынущ. АдыгэлI Iэджэм яшхэр уанэгу нэщIу дыхьэжынущ я пщIантIэхэм. Адыгэ бзылъхугъэхэм Iэджэрэ Iэгу нэщI IэщI джафэу ягъеижынущ я адэхэр, я щхьэгъусэхэр, я къуэхэр. Яусыжынущ тхыдэжь гъыбзэхэр. Хухасэжынущ мывэжь сынхэр. Зыгъеижахэри щIым хыхьэжынущ, мывэ сыныжьхэри псымрэ жьымрэ япхъэхыжынущ… къэнэнущ уардэу лъэпкъыр! Мэлым хуэдэу ирашурэ ящэу щыта адыгэ щIэблэр я лъахэ исыжу лъхуэнущ, пIэнущ. Гъатхэм гъавэ ящIэнущ, хуэщыгъуэу я нэхъыжь щIалъхьэжынущ. Лъэпкъыжь гъыбзэмрэ уэрэдымрэ лIэщIыгъуэкIэрэ зэIэпахыурэ адэкIэ псэунущ адыгэ лъэпкъыр. Аращ къикIуэт щIыщымыIэр. Аращ «Е дылIын, е дылIэн» пасэрей уэсяту зыхузетхьэр».
  • Ашабэм зэригъэзахуэ гупсысэхэм апхуэдизкIэ дэгушхуэжати, гуфIэу жаней щIалэм еплъри:
  • — НакIуэ, Нэкъар! Хьэм нэщI хьэIуа дызэрыщеуар куэдщ. Адыгэхэр къытпоплъэ.
  • Ашабэм игу щывэм зыкъыдищI нэхъей, пшагъуэр псыхъуэмкIэ екIуэсэхри, дыгъэр лыдыжу къыщIэкIат. НетIэ гъуэз утхъуар зыщхьэщылъа къуршыдзэхэр иджы пщIыпщIу уафэ нэзым къызэпхыплъырт. Жьыбгъэ щабэм дыщIэхъаерт бэрэтIинэ тIыгъуэжар. Мэзыщхьэм данагъуэ бащлъыкъ къыфIаупцIа хуэдэ, дыгъэпс нэхунэм зыхуигъафIэурэ зыхишытIэрт. Бзухэр иджыри щхьэукъуэрт, я закъуэтIакъуэхэм щтэIэщтаблэу пшыналъэ укIытэх ягъэIурт. Къыр дза-кIэ-ри, мывэхэплъ ищIурэ, къуэкIий лъащIэ зэвым Iуэщхъуу дэгъуэ-щыхь псы мылщIэжхэм зимыгъэщхъыу якIэлъыдыкъырт.
  • Шыхэр зэрылъэхъулъэущым щIэдэIужурэ Нэкъар зэхэзоплъэ.
  • — Уи щыпэлъагъут къущхьэхъущIыр? — йоупщI абы Миншакъ.
  • — Дапщэрэ сымылъэгъуами, щыпэлъагъу сыт щыгъуи схуохъу. Ар пхуэIуэтэнукъым…
  • — Мо кърым шэтырхэр-щэ?
  • — КъызжумыIэт, кхъыIэ, Мин-  шакъ… СыIуумыгъаплъэ адыгэ гущхьэм и гуэрэфыжь шынуапIэм. СекIужынт-тIэ сэ абыхэм?! ХьыIы!..
  • — Мамсыр, зэхэпхакъэ Къэзанокъуэм жиIэр? «ЯщIэ псори яIуатэркъыми, жаIэ псори ялэжьыркъым…»
  • — Сыту фIыт, ярэби! Нэхъыбэ къызжумыIэми, си гум жьы дебгъэхужащи, сыпхуэарэзыщ. Зэхэсхакъым зыри…
  • Нэкъар а «зэхимыхар» гурыIуэгъуэу къриIуэкIыж нэхъей, Уафэбгыкъу лъапэ зэуэзэпсэу кърымхэм я зы топ къыщогъуагъуэ. А гъуа- гъуэр къурш джэрпэджэжхэм зэпэжьыуэурэ мэзыщхьэхэм щхьэдахьэх.
  • — Зэхэпхрэ? Дагъэшынэну топ тхуагъауэ, — погуфIыкI Нэкъар.
  • — Щыблэри мауэ, сыт-тIэ иджы?
  • — Ахэр здэтIысар щыблэ уапIэ дыдэщ езыр, — IурыуфIыцIыкIауэ мэдыхьэшх жанейр.
  • XXXV
  • ФокIадэм и фIыгъуэ дыдэщ. Къущхьэхъу хъуныр иджыри а зэрыщхъуантIэ уэрщ. IэгупIэ хэчыхьауэрэ щIэужьыхыкIащ губгъуэ джэдгыныр, гъуатIэ-щхъуафэу зызэтралъэщIащ фоукухэм. Дыгъэ нэпс ткIуаткIуэм зыщызымыгъэнщIа шэдзыджым иджыри щхъухь зэхуехьэс. Гъэм и махуэ кIыхьхэм тIыгъуэжурэ ягъэфIа шэмэджгъэдыргъыр хущхъуэ къуэпстхьэмпэу гъупцIащ.
  • Мэзылъэ къуршхэм я плъыфэбэр къущхьэхъу жьантIэм къыдэлъщи, жьыбгъэ лъэкъуапцIэрыхьым хэпщIыпщIэу доджэгу. Зи щIалэ делэгур зэи имыкI жьыбгъэ уджым иджыри хупогуфIыкI уэгу джащIэ купраузым шэджагъуакIуэ щызыщI дыгъэ дахэшхуэр.
  • Къаплъэн-Джэрий дэнэкIэ зимыгъазэми, зыIуплъэ мамыр щэджащэр и псэм абрэмывэу къытохьэлъэри, зыздихьынур имыщIэу уафэм доплъей. Мы лъагапIэм къыщитIысхьа махуэ лъандэрэ кърым хъанымрэ Уафэбгыкъурэ ажалыфэ набжьэу зызэпэщIагъэкъуат. Къаплъэн-Джэрий Iэмал зэриIэкIэ Iумыплъэну хэтщ бгыжьым и бжьэпэ натIэм. Хъаным зэм и шыпхэр УафэбгыкъукIэ гъэзауэ мэув, зэми нэрэ псэкIи бгым зыпыIуедз, итIани, ар къызэрыхуеплъых нэрыщхъуэр зыхимыщIэу дакъикъэ блэкIыркъым. Хъаным хуэдэ шу минищэхэр зи нэгу щIэлъ езы бгыжьым къыфIэIуэхуххэкъым зэдэвынейрэ зэхэвэзэхэжьэ шухэр, мэскъал хищIыкIыркъым кърымхэм я хъаныр къызэребийм! Уафэбгыкъущ ар… И къалэныр — уафэм уардэу кIэщIэтынырщ. Адрейуэ мы лъахэм сыт щыземыкIуэми, ар езы Уафэм зэригъэзэхуэнущ. Псоми щхьэж и лъагъуэ яIэжщ. Езырщи, гъадэжь сыну, Уафэбгыкъущ. Гъадэ къутахуэщ…
  • … Къэзыухъуреихь дахагъэм хуэнабгъэу, зи куцIыр бампIэм ишх лIы тхъуэплъышхуэм нобэ гуэрыр и махуэтэкъым. Сыт апхуэдизу хъаным иджы къеныкъуэкъур? «Зыгуэр щыщыIэщ мы адыгэхэм я екIужыпщIэ Iуэхум… Зауэм дыкъыхуэкIуащ. Си зауэлIхэр илъын хьэзырщи зэтызоIыгъэ… Сыт-тIэ иджы къызыкъуаудыжу лIыкIуэ кIэлъэф къыщIысхуащIыр? Дзэпщхэмрэ зауэлIхэмрэ я гупсысэр ялъахъэу зэщхьэщахури, зэуэн-мызэуэну гугъэндыгъэн ящI. Дымыбэлэрыгъыу пIэрэ ярэби? Сыт щIауэ дыкъызэрелъэфэкIрэ? Зэм къыдэфыщIауэ защI, адрейм къыдэкIуж хуэдэурэ къытпокIуатэ. Ди дзэри мы къуршым исурэ щIыIэр къытлъихьэмэ, сытхэр фейдэ тщIыну? Хьэуэ, ди тIасхъэщIэххэр дутIыпщынщ аргуэру! Адыгэ жылэ къэс унагъуэщхьэрыкIыу цIыху яхуэзгъэкIуа папщIэ, мыбыхэм я пэжым и нэгу сыщIэплъэнщ. Псом жаIари зэдгъэкIэсрэ зэдгъэпщэжмэ, пцIыуи ар щрырет — пцIышхуитIым яку зы пэж гъуабжэ налъэ къыдэху хабзэщ.
  • Къигупсысам хуэпIащIэу Къаплъэн-Джэрий шэтырым щIохьэжри, Уракъ мырзэр къреджэ.
  • — Къысхуэшэт а ди анэмэт щIалэр!
  • Къэбард Iэхъулъэхъу пщIэхэлъу шэтырым къыщыщIашэм, лъэхъур езым и унафэкIэ зэрыралъхьам игукIэ иридыхьэшхыжурэ, хъаным и нэхэр хъурей ещIри:
  • — Сыт мы сывгъэлъагъу хьэдыгъуэдахэр?! Анэмэтыр Iэхъулъэхъу ящIрэ? ПщIэхэфх!
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).
  • Адыгэхэр псым зэпрокI. Сурэтыр 1896 гъэм ящIащ.