ЖьэкIэмыхъу Борис Хьэбыж и къуэр
2020-07-18
- Бадзэуэгъуэм и 13-м кэнжэдэсхэм хъыбар гуауэ къахэIуащ — а махуэм дунейм ехыжащ щIэблэр егъэджэным, гъэсэным зи гъащIэр щхьэузыхь хуэзыщIа нэхъыжьыфI ЖьэкIэмыхъу Борис Хьэбыж и къуэр. ЦIыхугъэ мардэ жыхуаIэм къиубыдым зы лъэбакъуэкIи емыбэкъуа, и адэ-анэ Iумахуэхэу Хьэбыжрэ Сарихъанрэ ирагъэлъэгъуа щапхъэм къыпызыща цIыху дахэт Борис.
- ЖьэкIэмыхъу Б. Хь. 1938 гъэм жэпуэгъуэм и 17-м Кэнжэ къуажэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школыр 1956 гъэм къиух-ри, Борис щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым романо-германскэ филологиемкIэ и факультетым. Щытхъу зиIэ студентхэм хабжэу еджапIэ нэхъыщхьэр 1961 гъэм къиухащ абы икIи гурэ псэкIэ къыхиха IэщIагъэм ар ирилэжьащ илъэс 54-кIэ. А зэманым къриубыдэу ЖьэкIэмыхъур IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытащ.
- 1961 — 1978 гъэхэм адыгэ щIалэр Кэнжэ дэт курыт школым щылэжьащ нэмыцэбзэмкIэ егъэджакIуэу, IуэхущIапIэм и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэу. ЩIэныгъэфI зиIэ, хэлъэт зыдалъагъу щIалэр абы ирашри, Налшык къалэм и Ленинскэ районом методисту, методикэмкIэ кабинетым и унафэщIу яшащ, иужькIэ егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым щылэжьащ, илъэсийкIэ и унафэщIу щытащ республикэ школ-интернат №1-м. Къыщалъхуа къуажэм дэт курыт еджапIэм и унафэщIу лэжьэну къелъэIури, Борис къигъэзэжащ икIи илъэсипщIкIэ а къулыкъур хьэлэлу зэрихьащ. 2000 — 2013 гъэхэм и щIэныгъэкIэ, лэжьыгъэ и пIалъэкIэ ядэгуашэу ар щыIащ КъБКъУ-м егъэджакIуэхэм я IэщIагъэм, щIэныгъэм щыхагъахъуэ и институтым.
- Илъэс пщыкIузкIэ ЖьэкIэмыхъур и тхьэмадэу щытащ Хэку зауэшхуэм хэтахэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я къуажэ советым. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, сыт хуэдэ къулыкъу иримыхьэкIами Борис и лэжьыгъэм хуэIэзэу, зыхэтхэм я деж Iулыдж щиIэу, пщIэшхуэ къыхуащIу къэгъуэгурыкIуащ. Игъэлэжьахэм нобэми ягу къагъэкIыж абы хэлъа нэмысыр, цIыхугъэшхуэр, щыпкъагъэр. ЩIэныгъэ куу зрита, гъэсэныгъэ дахэ зыхилъхьа щIэблэми я напщIэ телъщ абы зэригъэсар, зэрыригъэджар.
- ЖьэкIэмыхъу Борис къызэгъэпэщакIуэ Iэзэу, Iулыдж зиIэ унафэщIу, зи Iуэху еплъыкIэ зиIэжрэ ар пхызыгъэкIыфу зэрыщытыр щызэлъащIысат республикэм и адрей жылагъуэхэми икIи абы и деж чэнджэщакIуэ къакIуэрт школ, сабий гъэсапIэ куэдым я унафэщIхэр. Борис хузэфIэкIымкIэ защIигъакъуэрт IуэхукIэ зыкъыхуэзыгъазэ дэтхэнэми.
- Ди къэкIуэнур зыхуэдэнур зэлъыта щIэблэм щIэныгъэ щрат IуэхущIапIэ-хэм я лэжьыгъэр щиунэтIа зэманым сабийхэм ядэлэжьэнухэр къыщыхихым абы псом япэ иригъэщыр, гулъытэ нэхъыщхьэ зыхуищIыр егъэджакIуэхэр щIэблэм зэрадэгуэшэфыну ябгъэдэлъырт — я щIэныгъэ, гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къагъэлъагъуэ зэфIэкIырт. Борис хьэкъыу пхыкIат мыр: сабийм щапхъэ хуэхъур илъагъурщ — дахагъэм щIапIыкIа ныбжьыщIэм гъащIэм гъуэгу захуэ къыщыхех, цIыхубэм яхуэщхьэпэну Iуэхухэр и Iэужь мэхъу.
- ЖьэкIэмыхъур жыла- гъуэ гъащIэми жыджэру хэтащ. Къуажэм и Ветеранхэм я советым абы лэжьыгъэфI щызэфIигъэкIащ, нэхъыжьхэм защIэгъэкъуэным хуэгъэза жэрдэм куэдым я зэхэублакIуэу, унэтIакIуэу щытащ. Апхуэдэуи КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и нэхъыжьхэм я советым илъэс зыбжанэкIэ хэтати, абыи къыщигъэлъэгъуащ ар гъащIэм куууэ пхыплъыф цIыху Iущу зэрыщытыр.
- И къару, и зэман емыблэжу цIыхубэм яхуэлэжьа ЖьэкIэмыхъу Борис къэралым гулъытэншэ ищIакъым — абы дамыгъэ лъапIэ куэд къыхуагъэфэщащ. Абыхэм ящыщщ СССР-м ЦIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм, Егъэджэныгъэ IэнатIэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм пэрытхэм я профсоюзым и Комитет нэхъыщхьэм, КъБР-м и Парламентым, и Правительствэм я ЩIыхь тхылъхэр, УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI ФIыщIэ тхылъыр, апхуэдэуи УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и отличник, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр егъэджэнымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр къыфIащащ.
- И мыхьэнэкIэ къыпхуэмылъытэным хуэдизу ин Iуэхушхуэ яхуилэжьащ Борис къызыхэкIахэм — ЖьэкIэмыхъухэ я тхыдэр щызэхуэхьэсыжа, лъэпкъым щыщхэм я IуэхущIафэхэм ятеухуа тхылъ хъарзынэ къыдигъэкIащ нэгъабэ. Ари Борис и фэеплъу къахуэнащ.
- Унагъуэ дахи иIащ Бо-рис. Абырэ и щхьэгъусэ Лилэрэ бын хъарзынэ ягъэсащ. ЩIалитIрэ зыпхъурэ зэдагъуэтащи, псоми щIэныгъэфI яIэу, зыхэтхэм фIыкIэ къахэщу мэпсэу.
- Губзыгъагъэ къызыхихын псэлъэгъу, чэнджэщэгъу дэтхэнэми хуэхъуф цIыху зэпIэзэрыт яфIэкIуэдащ лъэпкъми, къуажэми, цIыхубэми. «ЦIыху дахэу, щабэу дунейм тетащ, куэдым яхуэщхьэпащ. Дыхуэарэзыщ, Алыхьыр арэзы къыхухъу», — апхуэдэ псалъэхэрщ абы хужаIар иужьрей гъуэгуанэ трагъэувэжыну и пщIантIэм дыхьа цIыхуищэхэми ар дунейм зэрехыжар зэхэзыхахэми. Апхуэдэу ар зигу къинэнур и Iыхьлыхэм, и къуажэгъухэм я закъуэкъым, атIэ къыдэлэжьа, иригъэджа, мащIэ-куэдми зыгуэркIэ къыпыщIауэ щыта дэтхэнэми фIыкIэщ ЖьэкIэмыхъу Борис и цIэр къызэрыраIуэнур. ЖэнэткIэ Тхьэм игъэгуфIэ.
- КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ
- щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм,
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм,
- Кэнжэ къуажэм и администрацэм,
- ЩэнхабзэмкIэ унэм, курыт школ №20-м я лэжьакIуэхэр.