ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм теухуа IэIэтыр егъэкIуэкIыныр жылагъуэ  кIэлъыплъыныгъэм  щIэтыным и IуэхукIэ

2020-06-10

  • БРОД Александр,ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ советым хэт, «Граждан кIэлъыплъыныгъэ» зэгухьэныгъэм и унафэщI:
  • Урысей Федерацэм и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа законым УФ-м и Жылагъуэ палатэмрэ къэралым и щIыналъэхэм я Жылагъуэ палатэхэмрэ хуитыныгъэ къарет IэIэтыр щекIуэкIкIэ кIэлъыплъакIуэу хахынухэм я кандидатурэхэр къыхалъхьэну икIи кIэлъыплъакIуэхэр ягъэувыну.

  • КIэлъыплъакIуэхэр къыхэхынымрэ ахэр гъэувынымрэ щэху лъэпкъ зыхэмылъ, нахуэу екIуэкI Iуэхущ. Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм арэзы техъуэн Iуэхум теухуа урысейпсо IэIэтыр зэрекIуэкI щIыкIэр жылагъуэм и лIыкIуэхэм я нэIэ щIэтын папщIэ кIэлъыплъакIуэу къыхахынухэм я кандидатурэхэр къызэрыхалъхьэ, ахэр зэрагъэув щIыкIэм теухуауэ УФ-м и Жылагъуэ палатэм къищта Положенэм IуэхущIапIэ куэдым Iэмал ярет а лэжьыгъэм хэтыну. Абыхэм ящыщщ зи лIыкIуэхэр кIэлъыплъакIуэхэм яхэзыгъэхьэну хуит политикэ партхэр, апхуэдэуи цIыхухэм езыхэм я кандидатурэ-хэр къагъэлъэгъуэжынуи Iэмал щыIэщ. Абы къыдэкIуэу Урысей Федерацэм и щIыналъэ 85-м я жылагъуэ палатэхэми УФ-м и Жылагъуэ палатэми зэхуэдэ хуитыныгъэхэр яIэщ Iэ зэраIэтым кIэлъыплъыну я лIыкIуэхэм я кандидатурэхэр къагъэлъэгъуэнымкIи ахэр гъэувынымкIи. Хэхыныгъэм теухуа законодательствэм къыщхьэщыкIыу, жылагъуэ кIэлъыплъакIуэу участкэм щыIэну хуитым я бжыгъэм теухуа мардэ гуэр ягъэувыркъым.
  • Граждан жылагъуэ институтхэм я лэжьыгъэмкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэхэр къызэгъэпэщыным.
  • Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ зи лэжьыгъэр фейдэ къегъэщIыным пымыщIа IуэхущIапIэхэмрэ мы гъэм гъатхэпэм и 23-м зэгурыIуэныгъэ ярищIылIащ Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа законым ехьэлIа урысейпсо IэIэтым кIэлъыплъакIуэхэр хуэгъэхьэзырыным, абы гъэкIуэным и IуэхукIэ.
  • Гъатхэпэм и 25-м Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм политикэ парт 12-м зэгурыIуэныгъэхэр ярищIылIащ икIи партхэм я лIыкIуэ кIэлъыплъакIуэхэм я зэзыгъэуIу лэжьакIуэ орган яубзыхуащ.
  • Жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэр къызэрызэрагъэпэщым IуэхуфIу хэлъхэм ящыщщ партхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ зэгурыIуэу зэрызэдэлажьэр. Коронавирусым ехьэлIа мардэхэр ягъэувыным и пэ къихуэу, жылагъуэ палатэхэм яхузэфIэкIащ цIыхубэ зэгухьэныгъэ, политикэ парт нэхъ инхэм зыпащIэну, урысейпсо IэIэтыр зэрекIуэкIыр жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэм щIэгъэувэным хуэунэтIауэ. ЦIыхухэр унэм къыщIэмыкIыу щIэсын хуей щыхъуа щытыкIэм и пэ къихуэу жылагъуэ палатэхэм зэIущIи 160-рэ УФ-м и щIыналъэхэм щригъэкIуэкIыну хунэсащ. 2020 гъэм накъыгъэм и 12-м ирихьэлIэу жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ партхэмрэ, апхуэдэу абыхэм я щIыналъэ къудамэхэу щэхэм Урысей Федерацэмрэ къэралым и щIыналъэхэмрэ я Жылагъуэ палатэхэм зэгурыIуэныгъэхэр иращIылIащ. Мы зэманым апхуэдэ зэгурыIуэныгъэхэр зэпэIэщIэу зэраухылIэ.
  • Коронавирусым зэрызиубгъум епхауэ ягъэува мардэ ткIийхэмрэ цIыхухэр къыщIэмыкIыу унэхэм щIэсын хуей зэрыхъуамрэ кIэлъыплъакIуэхэр къыхэхыным зэран хуэхъуащ, ауэ а Iуэхур къагъэувыIакъым.
  • Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм арэзы техъуэн Iуэхум теухуа урысейпсо IэIэтыр зэрекIуэкI, абы кърикIуахэр зэрызэхалъхьэж щIыкIэм жылагъуэм и лIыкIуэхэр кIэлъыплъын папщIэ лIыкIуэу къыхахынухэм я кандидатурэхэр къызэрыхалъхьэм, ахэр зэрагъэувым теухуауэ Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм къищта Положенэм ипкъ иткIэ, кIэлъыплъакIуэхэр зэрагъэувым щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр зэрызэIэпахыну щIыкIэ куэд къыхалъхьауэ щытащ — езыхэм я IэкIэ яхьу, лIыкIуэм ирату, курьерхэмкIэ Iэрагъэ-  хьэу, пощткIэ яутIыпщу. Мы зэманым а лэжьыгъэр жыджэру йокIуэкI дэфтэрхэр интернет IэмалкIэ зэхуагъэхьу. 2020 гъэм накъыгъэм и 10-м ирихьэлIэу жылагъуэ палатэхэм яIэрыхьащ цIыху минищэ хуэдиз кIэлъыплъакIуэу зэрагъэувынум теухуа дэфтэрхэр.
  • ЩIыналъэхэм я Жылагъуэ палатэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъ пажэхэмрэ ящIыгъуу, Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэмрэ УФ-м и ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэмрэ ягъэхьэзыращ УФ-м и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ехьэлIа IэIэтыр зэрекIуэкIым, абы кърикIуахэр зэрызэхалъхьэжым кIэлъыплъынухэм я Кодексымрэ а Iуэхур хэхыпIэ участкэхэм къыщыщызэрагъэпэщкIэ ахэр зытетын хуей мардэхэмрэ.
  • Мы зэманым жылагъуэ палатэхэм «Жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэ езыгъэкIуэкIхэр» зэгухьэныгъэм щIыгъуу кIэлъыплъакIуэхэр а Iуэхум вебинар IэмалхэмкIэ хурагъаджэ.